КъБР-м и Правительствэм и гупэм къит ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум блэкIа зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм щекIуэкIащ цIыхухэм фIыуэ ялъэгъуауэ гъэ къэс зыпэплъэ, удз гъагъэхэм я «Гъэмахуэр икIащ» VI фестивалыр. Налшык къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтым ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэмрэ къалэм и махуэмрэ щагъэлъапIэм ирихьэлIэу.
Илъэс еханэ хъуауэ екIуэкI «Гъэмахуэр икIащ» фестивалыр ящыщщ щIыналъэм исхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ темыпыIэжу нэхъ зыпэплъэ зэхыхьэ щIэщыгъуэхэм. Абы и хьэщIэ лъапIэ хъуащ УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ.
Пщэдджыжьым щыщIэдзауэ утым щызэхуэсащ къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ, къалэм и махуэшхуэр зэдагъэлъэпIэн папщIэ. Удз гъагъэ щхъуэкIэплъыкIэхэр, арт-ухуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр, IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр, хьэпIацIэщыгъэкIэ зэIуща цIыкIуфэкIухэр, гуащэхэр, ятIэ гъэжьам, пхъэм, гъущIым, цым, фэм, щэкIым, тхылъымпIэм къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр, хьэкъущыкъухэр, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIуугъэнэхэр, фэилъхьэгъуэхэр, зэрыджэгу хьэпшыпхэм я жармыкIэхэр, уэрам театрхэм я лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр – къызэгъэпэщакIуэхэм сыт хуэдэ ныбжьым итхэми гулъытэ хуащIат. МакъамэкIэ гъэнщIа, аниматорхэм я джэгухэмкIэ ягъэдэха, мастер-класс щхьэпэхэр щекIуэкIа махуэшхуэр нэгузыужь хъунтэкъэ?!
КъэкIыгъэхэр фIыуэ зылъагъу ини цIыкIуи а махуэм я IутIыжт! ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум и мызакъуэу, «ЗыгъэпсэхупIэ» скверри а махуэм цIыху кIуапIэ хъуат икIи къыумыцIыхужыну щхъуантIагъэрэ дахагъэкIэ гъэнщIат. ЩIыуэпсым къигъэщIа дахагъэхэм ящыщ удз гъагъэхэм цIыхухэм я гукъыдэжыр къызэраIэтам, зэрагъэгуфIам шэч хэлъкъым. Зи плъыфэрэ теплъэкIэ зэщхьэщыкI, мэ гуакIуэ къызыпих гъэгъа телъыджэхэм дэтхэнэми тхыдэ гъэщIэгъуэн яIэжщ. А лэжьыгъэхэм гъунэгъуу бгъэдыхьэу еплъ, ягу ирихьхэр я щхьэм папщIэ е саугъэт щIыкIэу къащэху хъунут. ХьэщIэхэм Iэмал яIащ къэкIыгъэ щхьэхуэхэм, махуэ къэс узримыхьэлIэхэри хыхьэу, зыщагъэгъуэзэну, сурэтхэр зытрагъэхыну. Удз гъагъэ зэмыфэгъухэмрэ къэкIыгъэхэмрэ я дахагъэм зэреплъам къыдэкIуэу, ахэр зыгъэкIхэм зыхуагъэзащ я IэщIагъэм и щэхухэмрэ удзхэм уазэрыкIэлъыплъынумрэ теухуа упщIэхэмкIэ. Удз гъагъэхэр зыгъэкIхэр яхутепсэлъыхьащ я удз лIэужьыгъуэхэм, абыхэм зэрелэжьым, зэрыкIэлъыплъым, удз гъагъэхэм я «хьэл-щэнхэм». Нобэ дунейм удз гъагъэ лIэужьыгъуэу 260-м щIигъу тетщ. Ахэри зыбжанэу зэщхьэщокIыж. Языныкъуэхэр жыг пэлъытэщ. СурэткIэ е видеокIэ фIэкIа узримыхьэлIэ къэкIыгъэ телъыджэхэри щыIэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, щыIэщ кIуэдыж лIэужьыгъуэхэри.
Къуалэбзухэр щыхуарзэ, удз гъагъэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ щыкуэд жыг хадэу къызэрагъэпэща арт-ухуэныгъэм а махуэм зыщуплъыхьыныр гур хэзыгъахъуэт. ЦIыхухэм я тыншыгъуэт тетIысхьэпIэхэр куэду зэрагъэувари.
Фестивалым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм, Ставрополь крайм, Москва къикIа ландшафт дизайнерхэмрэ удз гъагъэхэр зыгъэкI цIыху щхьэхуэхэмрэ, ар щащэ тыкуэнхэм я лэжьакIуэхэр, IэпщIэлъапщIэхэр, Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысей Ипщэмрэ я щIыналъэхэм ящыщхэр. Къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ Москва къикIа «Высокие братья» уэрам театрым и артистхэм. Гуащэ теплъэ зиIэ, лIыхъужь цIэрыIуэхэм я фэилъхьэгъуэхэмкIэ зызыхуэпа артистхэм ягъэлъэгъуащ гушыIэ жанрым щыщ спектаклхэр. Ахэр балигъхэми сабийхэми щIэщыгъуэ ящыхъуащ.
Хабзэ хъуауэ, мы фестивалым унагъуэхэр, зэныбжьэгъухэр зэгъусэу хэтщ, республикэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ я дежкIэ мыр щIэщыгъуэщ, зэкъуегъэувэ, гуапагъэрэ дахагъэкIэ гъэнщIащ. Зэхыхьэм екIуэлIахэм я нэгу зиужьауэ, удз гъагъэ лIэужьыгъуэхэм зыщагъэгъуэзауэ, абыхэм ящыщи къащэхуауэ зэбгрыкIыжащ.
Тхыгъэри сурэтхэри Бжьыхьэ Розэ ейщ.