Зэныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ![]() Налшык къалэм дэт «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ тхэквондомкIэ (ВТФ – Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) 2-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Урысей Федерацэмрэ Африкэм щыIэ Мали, Буркина-Фасо къэралхэмрэ я командэхэр, псори зэхэту спортсмен 20. Ахэр гупиплIу гуэшауэ щытащ. Зэхьэзэхуэхэм щIамыдзэ щIыкIэ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур республикэм и унафэщIхэм къабгъэдэкI сэлам гуапэ ярихыжащ зэIущIэм кърихьэлIахэмрэ хьэщIэхэмрэ икIи жиIащ мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэм къэралхэм, лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр зэрагъэбыдэр, абыхэм я фIыгъэкIи тхэквондор дуней псом нэхъыфIу къызэрыщацIыхур. УФ-м ТхэквондомкIэ и зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Терехов Анатолэ къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ икIи къыхигъэщащ Малим щрагъэкIуэкIа япэ дунейпсо зэхьэзэхуэр хэгъэрейхэм къазэрехъулIар. «Мыпхуэдэ Iуэхугъуэшхуэ УФ-м щызэхашэну я дзыхь кърагъэзын папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ТхэквондомкIэ и федерацэм лэжьыгъэфI иригъэкIуэкIащ», - жиIащ абы. «Ди зэпыщIэныгъэхэм лъэныкъуэ куэдкIэ заужь. Нобэрей зэхьэзэхуэм и фIыгъэкIэ Iэмал диIэщ, ди зэфIэкIхэмкIэ дызэхъуэжэну, ди спортсменхэм щапхъэ фыфейхэм къытрахыну», - яжриIащ къызэхуэсахэм Малим тхэквондомкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Траоре Алиуну Бадарэ. Буркина-Фасом къикIахэм я пашэ, абы я федерацэм и унафэщI Уэдраого Арман Уилльям и гуапэ хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыхьэщIар икIи жиIащ иджырей зэхьэзэхуэр зэныбжьэгъугъэ быдэм шэсыпIэ зэрыхуэхъур. ХьэщIэхэр и къафэ дахэхэмкIэ игъэгушхуащ «Кабардинка» къафакIуэ гупым. УФ-мрэ Африкэм и къэралхэмрэ я япэ дунейпсо зэхьэзэхуэр 2024 гъэм и щэкIуэгъуэм Малим и къалащхьэ Бомакэ щекIуэкIауэ щытащ. ЕтIуанэр, УФ-м щыяпэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхашащ. Япэм щыгъуэ ди къэралым и командэ къыхэхам текIуэныгъэр къихьат, и хьэрхуэргъуэхэм фIыуэ ефIэкIыу. Мы гъэми апхуэдэ дыдэу къыщIэкIащ, ди спортсменхэм дыщэ медалу 8-рэ дыжьыну 1-рэ Налшык къыщахьащ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, щIыхь тхылъхэр, кубокхэр, саугъэт щхьэхуэхэр иратащ. ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










