Республикэм и зэIузэпэщыныгъэм хуэгъэза лэжьыгъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым Ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, Налшык къалэм и щIыпIэщIэр - ТекIуэныгъэм и паркыр зэIузэпэщ ящIын щIадзащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, а программэм и фIыгъэкIэ, иужьрей илъэсхэм УФ-м и къалэ, къуажэ куэдым я теплъэхэм фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызахъуэжар, цIыхухэм зыщагъэпсэхун щIыпIэ дахэ куэди яIэ зэрыхъуар. Къэбэрдей-Балъкъэрри абыхэм яхэтщ.

Налшык къалэм щаухуэну ТекIуэныгъэм и паркым и гъуэгубгъухэм жыгхэр куэду щыхасэнущ икIи лъэс лъагъуэ щхьэхуэхэр щаукъудиинущ. Лэжьыгъэр щекIуэкIынур Налшык псым и Iуфэрщ, зэIузэпэщ ящIыну щIыпIэр япэм къамыгъэсэбэпу, нэщIу щытарщ. Иджы абы теплъэ дахэ иратынущ, цIыхухэм зыгъэпсэхупIэ зэпэщхэр къыщыхузэрагъэпэщынущ. Лъэс лъагъуэ зэраукъудиинум нэмыщI, иджырей уэздыгъэхэр абы щыпадзэнущ, кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр, тетIысхьэпIэхэр, къэухьхэр щагъэувынущ.

ТекIуэныгъэм и паркым и щIыпIэ нэщIыр лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIынухэм иджыпсту хуагъэхьзыр: куэншыбыр ираш, зэщIагъэкъабзэ, къуацэчыцэ зэщIэкIар ираупщIыкI, щIыр захуэ ящI, гъуэгу лъабжьэхэр ягъэбыдэ. Языныкъуэ щIыпIэхэм деж лъэс зекIуапIэхэм плиткэхэр щралъхьакIэщ.

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэми цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр зэIузэпэщ щащI мы махуэхэм. Абы хохьэ Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым и гъуэгу зэпрыкIыпIэр къыхэгъэщхьэхукIыныр: Шыкуэм и уэрамым къыщыщIэдзауэ Комаровым и цIэр зезыхьэм нэсыху, къалэ стадионым и гупэри къызэщIиубыдэу. Псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 2900-м щIигъум лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ. А щIыпIэхэм деж, кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр, тетIысхьэпIэхэр щагъэувынущ, тротуар плиткэхэр щралъхьэнущ, мывэхэмкIи кърагъэбыдэкIыжынущ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, жыгыщIэхэр щыхасэнущ, гъуэгуми асфальтыщIэ щытралъхьэжынущ.

Лэжьыгъэхэр иджыпсту щрагъэкIуэкI къалэм и курыт еджапIэ №5-м къедза щIыпIэм деж: тротуар плиткэр зралъхьэну лъэс лъагъуэм и лъабжьэр ягъэбыдэ.

КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм гъуэгу лэжьыгъэхэм щхьэкIэ къиутIыпща субсидиемкIэ Бахъсэн къалэм и Парковэ уэрамри зыхуей хуагъазэ. Абы и кIыхьагъщ метр 230-рэ, метри 6 и бгъуагъщ. НобэкIэ гъуэгум и лэжьакIуэхэм асфальтрэ бетонрэ зытралъхьтэну щIым и лъабжьэр ягъэбыдэ. Абы и иужькIэар зэрытралъхьэу, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу, иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэнэхунущ, гъуэгу дамыгъэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ, щагъэувынущ.

ЗэгурыIуэныгъэр муниципалитетым зрищIылIар «Дорстрой» IуэхущIапIэрщ. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIи, 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м ирихьэлIэу лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIын хуейщ.

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Каменкэ жылэми гъуэгу лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI мы махуэхэм. Абы километр 1,8-рэ и кIыхьагъщ икIи жылэм удэмыхьэу, къыпекIуэкIыу щытынущ. Апхуэдэ щIыкIэкIи, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща, къуажэ кIуэцIым щызекIуэ машинэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъунущ.

Мыбдежми, лэжьыгъэхэм хиубыдэу, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзакIэщ, гъуэгум асфальтыщIи щытралъхьэ, лъэс лъагъуэхэр къыщыхагъэщхьэхукI. ИужькIэ, гъуэгу дамыгъэхэр, къэухьхэр щагъэувынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукIынущ.

«Къуажэм къыпекIуэкI гъуэгум ущызекIуэну нэхъ тынш хъунущ, абы и кIуэцIым щызекIуэ машинэхэми я бжыгъэр нэхъ мащIэ, цIыхухэми я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъунущ. Лэжьыгъэр зэрекIуэкIым дыкIэлъыплъ зэпытщ, гъуэгум фIагъ лъагэ иIэу щытын, илъэс куэдкIи быдэу ар къызэтенэн щхьэкIэ», - жиIащ КъБР-м Гъуэгу хозяйствэмкIэ и управленэм и инженер нэхъыщхьэ Бесчокъуэ Батыр.

Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIынущ дызэрыт илъэсым и жэпуэгъуэм къриубыдэу.

Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыIэ Нейтринэ къуажэм и Бахъсэн нейтринэ обсерваторием хуэкIуэ автомобиль гъуэгури къызыхуэтыншэу мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI щIыпIэм километр 1,5-рэ и кIыхьагъщ икIи ар Губасанты и цIэр зезыхьэ уэрамым нос. Гъуэгум зэпещIэ «Прохладнэ – Iуащхьэмахуэ» трассэр икIи къэрал мыхьэнэ иIэщ. Мы щIыпIэм хуозэ къуажэ сымаджэщыр, мафIэсгъэункIыфIхэм я хэщIапIэр, псэупIэхэр.

Нейтриннэ обсерваторием щылажьэ щIэныгъэлIхэм ямызакъуэу, къуажэдэсхэми тыншыпIэ ягъуэтынущ гъуэгур зыхуей хуагъэза нэужь. Лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIхэм хыхьэу гъуэгур нэхъ бгъуэ ящIащ, асфальтыщIэ зэрытралъхьэнум хуэдэу, и лъабжьэри ягъэбыдащ, иджырей уэздыгъэхэри и кIыхьагъкIэ щыпадзащ. Лъэс лъагъуэхэр иджыпсту къыхагъэщхьэхукI, мывэхэмкIи кърагъэбыдэкI.

Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи ахэр зэфIагъэкIынущ мы гъэм и бжьыхьэм къриубыдэу.

НАУРЫЗ Мысост.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.03.2026 - 09:03

Адыгэбзэм и IэфIыр зыхозыгъащIэ

«Бзэр лъэпкъым и псэщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Абы зе­гъэу­­жьыным, и пщIэр къэIэтыным, щIэблэм егъэщIэным темы­лажьэ зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым.
 

15.03.2026 - 09:03

Гулъытэ гуапэ

«Урысейм и гугъапIэхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубз зэгухьэныгъэм хэтхэм «Жако» фабрикэм къыщыщIагъэкI IэфIыкIэхэкIхэм ящыщ Белгород уIэгъэщым щылажьэ цIыхубз дохутырхэмрэ техникэ лэжьакIуэхэмрэ идж

14.03.2026 - 09:25

Куэд къапэщылъщ мы илъэсми

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ди республикэм и къалащхьэ Налшык дыгъуасэ лэ­жьыгъэ IэухукIэ щыхуэзащ УФ-м и Президентым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ полномочнэ лIыкIуэ Чайкэ Юрий.

14.03.2026 - 09:03

Щэбэт щIыхьэхур екIуэкIынущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъатхэпэм и 21-м хэгъэгупсо щэбэт щIыхьэху щекIуэкIынущ. Абы къыхэкIыну мылъкур нэхъыжьхэм ядэIэпыкъунымкIэ фондым халъхьэнущ.

13.03.2026 - 12:00

НэхъыфIхэр ягъэпажэ

 Кикбоксинг