Зы «дамэм» ущIэту нэхъыбэ зэбгъэхъулIэфынущ

ФокIадэм и 4-м Налшык къалэм, ЩIалэгъуалэм я унэм, зэ­хыхьэшхуэ щекIуэкIащ, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къикIа хьэрычэтыщIэхэр хэту. 

Ар теухуауэ щытащ «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» лъэпкъ Iуэхур щIыналъэхэм зэ­рыщагъэзащIэм, сатум щызыIэ­рагъэхьа ехъулIэныгъэхэм, къы­щIагъэкIхэр хамэ къэралхэм егъэшэнымкIэ яIэ зэфIэкIым, «Сделано в России» брендым щIэт хьэпшып, ерыскъыпхъэ къы­­щIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм зэ­­рызаужьыфынум, нэгъуэщIхэми. 
Зэхуэсыр къызэригъэпэщащ «Урысейм и экспорт центр»   Iуэ­хущIапIэм (РЭЦ), КъБР-м и Правительствэр и дэIэпыкъуэ- гъуу. Абы хэтащ Урысей Федерацэм Промышленностымрэ сатумкIэ, Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэхэм, Урысейм и экспорт центрым я лIыкIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр. 
Махуэ псом тещIыхьауэ щыта зэхыхьэр щIидзэным ипэ къихуэу, къызэгъэпэщакIуэхэр журналистхэм епсэлъащ, я мурадхэмрэ къалэн зыщащIыжхэмрэ къагъэнаIуэу. Кавказ Ищхъэрэм и IуэхущIапIэхэр хамэ къэралхэм зэрадэлажьэмрэ апхуэдэхэм дэ­Iэпыкъуэгъу зэрахуэхъумрэ щы­теп­сэлъыхьым, РЭЦ-м и вице-президент Молодцов Александр жиIащ зэхуэсыр Налшык къалэ щрагъэкIуэкIыну къыщIыхахам щхьэусыгъуэфI зэриIэр. «Нэ­гъуэщI къэралхэм хьэпшып   нэ­хъы­бэ езыгъашэ республикэ нэхъ пашэхэм ящыщщ  Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Нэгъабэ абы процент 50-кIэ хэхъуэ иIащ, дызэрыт илъэсми апхуэдэу жы­джэру лэжьыгъэхэр ирегъэкIуэкI - япэ мазиплIым и закъуэ процент 17-кIэ зэрыхигъэхъуар    долъагъу, - жи­Iащ хьэщIэм. - Зэ­рытщIэщи, а Iуэхур псом хуэ­мыдэу къызы­дэкIуэр мэкъумэш IэнатIэрщ, пхъэщ­хьэмыщхьэ жыг хадэхэрщ. Къэбгъэлъа­гъуэ­мэ, Кавказ Ищхъэрэм ирашым и процент 57-р зыубыдыр аращ. Къы­хэзгъэщыну сыхуейт 2024 гъэм Урысейм и экспорт центрым ­КИФЩI-м щылажьэ IуэхущIапIэхэм сом меларди 10-м нэблагъэкIэ зэрызащIигъэкъуар. Дэ ди къалэнщ апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэхэр зэрыщыIэм хьэрычэты­щIэхэр щыдгъэгъуэзэну, лъэпо-щ­хьэпохэр къызэранэкIыу дуней-псо утыкухэм ихьэнымкIэ щIэгъэкъуэн дахуэхъуну».
Абы и псалъэм пищэу, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэр ныбжькIэ къэбгъэ­лъагъуэмэ зэрыщIалэр, хамэ къэралхэм мы зэманым сату ядэ­зыщIэ IуэхущIапIэхэм я нэхъы-бэр къызэрызэIуахрэ илъэси 10-15 нэхъыбэ зэрымыхъуар. «Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и хьэры­чэ­тыщIэхэм лъабжьэ ямыIауэ щIэ­уэ я Iуэхур зэтраублэжауэ жыпIэ хъунущ. Ауэ нобэ ахэр лъэ быдэкIэ мэув, зэман кIэщIым    къриубыдэу дунейпсо утыку ихьэфащ, къыщIагъэкIыр нэгъуэщI щIыпIэхэм нагъэсыф, - къыхигъэщащ Къуныжьым. - Шэч ­къытесхьэркъым мы зэхыхьэр   ди хьэрычэтыщIэхэм сэбэп зэрахуэхъунум, къэралыр дэIэпы­къуэгъу зэрыхъу Iэмал куэд къы­зэрыщащIэнум. Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ хьэрычэ­тыщIэхэм я лэжьэкIэм и фIагъыр къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэу къы­золъытэ ахэр зэрызэрыщIэр, зыр адрейм зэрыдэIэпыкъуным зэ­ры­­хущIэкъур. Дыщогугъ ди республикэм ирашым адэкIи хэхъуэну».
Къэбэрдей-Балъкъэрым нартыхумрэ гуэдзымрэ къинэмы­щIауэ ираш IэфIыкIэхэмрэ псы­хэмрэ. КъызэрыхагъэщамкIэ, иджы япэу, 2024 гъэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм ирагъэшащ бы­лымкъэбыстэ (рапс) жылэм къы­щIаху дагъэ. 
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Бо­рис къыджиIащ Урысейм и экспорт центрым и дэIэпыкъуныгъэхэр къэралым и щIыналъэ псоми зэралъэIэсыр. Къищы­нэ­мыщIауэ, IуэхущIапIэм экспортымкIэ и школымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ жыджэру зэдолажьэ IэщIагъэлIхэр ягъэхьэзырыным теухуауэ. «ХьэрычэтыщIэхэр нэхъыбэу йокIуалIэ «Мой бизнес» IуэхущIапIэм. Абы хэтщ къыщIагъэкIыр хамэ къэралхэм ирагъэ­шэным теухуауэ дэIэпыкъуэгъу къахуэхъу IэнатIэр. Апхуэдэуи ди хьэрычэтыщIэхэм Iэмал яIэщ ­КъБР-м ПромышленностымкIэ, Мэкъумэш IэнатIэмкIэ, Туриз­мэмкIэ и министерствэхэм сыт хуэдэ IуэхукIи зыхуагъазэну», - къыхигъэщащ Рахаевым.
УФ-м и Президентым и полно­мо­ченнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и дэIэпыкъуэгъу Никитин Сергей къыхигъэщащ къэралым и Iэтащхьэм 2030 гъэ пщIон-         дэ зэлэжьыпхъэу къигъэлъэ­гъуахэм щIыналъэхэм къыщIагъэкI хьэпшыпхэмрэ шхыны­гъуэхэмрэ нэгъуэщI къэралхэм зэрырагъашэм и бжыгъэр хэ­гъэхъуэн зэрыхуейр зэрахэтыр. «Абы и лъэныкъуэкIэ дэIэпы- къуэгъу мэхъу «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» лъэпкъ Iуэ­хур зэрыдгъэзащIэр. Ар Урысейм и щIыналъэ псори зэлэжьщ. 2024 гъэм Экспортым дэIэпы-  къуэгъу хуэхъу центрхэр хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ ящыщ ­29-м щIэгъэкъуэн яхуэ­хъуащ я лэжьыгъэкIэ нэгъуэщI щIыналъэхэм япыщIэнымкIэ. Абы щыгъуэми, пэжыр жытIэнщи, центрхэм нэгъабэ яхузэ­фIэкIар нэхъ мащIэщ, 2023 гъэм елъытауэ. Абы къыхэкIыу ди лэ­жьыгъэр щIэдгъэхуэбжьэн, хэ­кIы­пIэхэм де­гупсысын хуейуэ къызолъытэ. Нобэ дыщыхьэщIэ щIыналъэм теухуауэ жысIэну сыхуейт Къэбэрдей-Балъкъэрым экспортымкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зэри­Iэр», - жиIащ хьэщIэм. 
Къуныжь МуIэед РЭЦ-м и зэIущIэр ди республикэм щрагъэ­кIуэкIыну къызэрыхахам папщIэ фIыщIэ яхуищIащ, икIи къыхигъэщащ къэралыр дэIэпы-   къуэгъу къазэрыхуэхъуфыну   псоми абдеж зыщыщагъэгъуэзэну Iэмал зэраIэр.
Молодцов Александр жиIащ Урысейм къыщыщIагъэкIхэр ­нэхъыбэм къацIыхун папщIэ, «Сделано в России» лъэпкъ брендыр къэзыгъэсэбэпхэм яхы­хьэну хьэрычэтыщIэхэр къызэ­ры­хуриджэр. «Сделано в России» псалъэхэмрэ бзу цIыкIур зытет триколорымрэ мы зэманым кIуэ пэтми цIэрыIуэ мэхъу, ар дуней-псо гъэлъэгъуэныгъэхэм нэсащ. Къапщтэмэ, ар дамыгъэ къу- дейкъым, атIэ къыщIэдгъэкIым  и фIагъымрэ шынагъуэншагъэмрэ щыхьэт дызэрытехъуэщ. Зы «дамэм» ущIэту нэхъыбэ зэбгъэхъулIэфынущ», - къыхигъэщащ абы. 
«Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» лъэпкъ Iуэхур зэрагъэзащIэм, Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм къапэщылъ къалэнхэм, экспортым и жыпхъэщIэхэр хэпщэным тепсэ­лъы­хьащ Лицензэ тынымрэ дуней-псо кооперацэмкIэ департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Коноваловэ Ольгэ, РЭЦ-м щIыналъэ программэхэр къызэгъэ­пэщынымкIэ и унафэщI Радионов Олег сымэ. Шэшэн Республикэм Экспортым дэIэпы­къуэгъу хуэхъу и центрым и унафэщI Сапарбиев Iэдэм теп­сэлъыхьащ щIыналъэм хьэрып къэ­ралхэм щэнхабзэмрэ егъэ­джэныгъэмкIэ хуиIэ зэпыщIэныгъэхэр зэрырагъэфIакIуэм. 
УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм ­КИФЩI-м и социально-экономикэ IуэхухэмкIэ и департаментым   и къудамэм и унафэщI Лебедев Дмитрий жиIащ иужьрей илъэсхэм Кавказ Ищхъэрэм и щIы­налъэхэм къыщIагъэкIхэр Ираным, Сауд Хьэрыпым, Куржым, Китайм, Афганистаным зэ­рырагъашэм хэпщIыкIыу зэры­хагъэхъуар.  
КИФЩI-м щыщ хьэрычэ­ты­щIэхэм зэIущIэм Iэмал щаIащ Урысейм и экспорт центрым и унафэщIхэм, федеральнэ министерствэхэм я лIыкIуэхэм я упщIэхэр иратыну. 
Зэхыхьэм щагъэлъэпIащ «2025 гъэм и экспортёр нэхъыфI» урысейпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр. Саугъэтхэр щратыж Iуэхум хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. Псори зэхэту япэ, етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр яIэу зэ­хыхьэм я цIэ къыщраIуащ ­Кавказ Ищхъэрэм и IуэхущIапIэ 24-м. 
«Промышленностым епхауэ илъэсым и экспортёр» Iыхьэм япэ увыпIэр къыщихьащ «Тэрч налмэс завод» IуэхущIапIэм. Абы и генеральнэ унафэщI ЛIэужь Ахьмэд я ехъулIэныгъэхэм те­дгъэпсэлъыхьыну зыщыхуэдгъа­зэм, къыджиIащ къыщIагъэ­кIыр мы зэманым Азие Курытым (Таджикистан, Узбекистан) Армением, Куржым, Тыркум зэрырагъашэр. «ИкъукIэ ди гуапэщ ди лэжьыгъэм мыпхуэдэ гулъытэрэ пщIэрэ къызэрыхуащIар», - къыхигъэщащ ЛIэужьым. Къыхэгъэщыпхъэщ, зэпеуэм «Хьэ­ры­чэтыщIэ-экспортёр нэхъ щIалэ» и Iыхьэми Ахьмэд пашэ зэрыщыхъуар.
«Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ ку­рытымрэ хэт бзылъхугъэ экспортёр нэхъыфI» Iыхьэм япэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ «Аква-Кристалл» ООО-м и унафэщI Уэрыш Мадинэ. Ап­хуэдэуи абы и IуэхущIапIэр ещанэ щы­хъуащ «Шхыныгъуэ хьэзырхэмкIэ илъэ­сым и экспортёр» Iыхьэми. 
«Отбор» жылэгъэкI IуэхущIапIэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ «Мэкъумэш IэнатIэм ехьэлIауэ илъэсым и экспортёр» Iыхьэм. «ХьэрычэтыщIэ-экспортёр нэхъ щIалэ» Iыхьэм и етIуанэ увыпIэри Къэбэрдей-Балъкъэрым къихьэ-хуащ - ар хуагъэфэщащ «Сириус-М» ООО-м и унафэщI ХьэщIэлI Мартин. Апхуэдэуи абы и IуэхущIапIэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ «Илъэсым и зыщызыIэта» Iыхьэм. Дохъуэхъу ди хьэ­ры­чэ­тыщIэхэм я зэфIэкIым хэхъуэ зэпыту лэжьэну.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.11.2025 - 15:59

И щхьэпагъыр наIуэ ящI

Узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн зэрамыдэм къишэ гугъуехьхэм теухуа зэIущIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.

12.11.2025 - 09:13

ЩIалэгъуалэм ягъуэт гулъытэм хохъуэ

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ щIалэгъуалэ политикэм зегъэужьынымкIэ егъэджэныгъэ курсхэу «Къуэдзэхэм я школ» фIэщыгъэр зиIэ зэхыхьэм кърихьэлIахэм.

12.11.2025 - 09:11

Илъэс 90-р ягъэлъапIэ

Шэрэдж районыр бжыгъэ дахэ зэрырикъум теухуа зэхыхьэшхуэ щекIуэкIащ Къэщкъэтау. Абы хэтыну зэхуэсахэм псом япэу удз гъэгъахэр тралъхьащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым. 

12.11.2025 - 09:10

Миланэ и щIыхькIэ

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием тхьэмахуэ кIуам щагъэ­лъэпIащ Китайм и Уси къалэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым и дыжьын ме

11.11.2025 - 12:00

КъыщIагъэкIым и куэдагъым хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым ерыскъыхэкIхэмкIэ и промышленнэ индексыр проценти 102,2-рэ хъуащ.