Налшык и Дэшхуей хадэм фокIадэм и 5-м щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэ Иным и ныпым и марш» урысейпсо Iуэхум щыщ Iыхьэ. Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсым, Хэку зауэшхуэм (1941 - 1945) ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм.
ЗэIущIэм и дамыгъэ хъуащ 1945 гъэм накъыгъэм и 1-м Рейхстагым фIадзауэ щыта ТекIуэныгъэ Иным и ныпым къытращIыкIар. Ар армеец ныбжьыщIэхэм утыкум ирахьащ. Дзэм и ветеран Мату Мурат нып лъапIэр иритащ Ингуш Республикэм и лIыкIуэ, дзэм и ветеран Шанхоев Муслъим. Ар зэIэпахын и пэ къызэхуэсахэр щагъэгъуэзащ щIыналъэм исхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэмрэ Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэмрэ зыхуэдэм.
ИлъэсиплIкIэ, махуэ минрэ щиплIрэ пщыкIуийкIэ екIуэкIа зауэм къэралым и цIыху мелуан 27-м щIигъу хэкIуэдащ. ЦIыхур къызэригъэщIрэ щыIа зауэ нэхъ гуащIэ дыдэхэм ящыщщ ар. Фашистхэм къалэ 1700-м нэблагъэ зэхакъутащ. Къуажэ мин 70-м щIигъу ягъэсащ. Промышленнэ предприятэ мин 32-рэ зэтракъутащ. Нацистхэм яукIащ сабий мелуаниплI. Къэралым и щIэблэ мелуан 13 зеиншэу къэнат зауэм и зэранкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ, ипхъу мин 60-м щIигъу зэуапIэм кIуэри, бийм къарищIылIа зэхэуэ гуащIэхэм хэтащ. Ди цIыху мин 38-рэ зауэ губгъуэм къикIыжакъым. Зи Iыхьлырэ благъэрэ Хэку зауэшхуэм хэмыкIуэда зы унагъуи ди щIыналъэм къинакъым, «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр ди зауэлI 33-м, къэрал дамыгъэ лъапIэхэр мин 12-м, «ЩIыхь» орденым и нагъыщэ псори - 6-м, мини 10-м щIигъум орденхэмрэ медалхэмрэ къыхуагъэфэщащ.
- ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ! ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрихьар мы гъэм догъэлъапIэ, абы и ныпыр щIыналъэхэм зэIэпыдох. Ар Урысейм и дэнэ щIыпIи щыдоIэт. Ди адэжьхэм я лIыгъэр тщыгъупщэ хъунукъым. Нэхъыщхьэр лIыхъужьхэм я фэеплъыр тхъумэнырщ, - жиIащ Налшык къалэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщ Абдуллаев Мустэфа.
КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ахъмэт Артур и псалъэм къыхигъэщащ «ТекIуэныгъэ Иным и ныпым и марш» урысейпсо Iуэхум и федеральнэ Iыхьэм хыхьэу, ТекIуэныгъэм и ныпым къытращIыкIар Ингуш Республикэм зэрыратыр, адэкIэ фэеплъ Iуэхум ирипащэн папщIэ.
- ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьа лIыхъужьхэм я фэеплъыр тхъумэ-ну ди къалэнщ, - жиIащ Ахъмэтым, икIи къыхигъэщащ ди къэралым щIалэгъуалэм гулъытэ зэрахуищIыр.
Ингуш Республикэм щыIэ «Авангард» щIалэгъуалэ центрым и унафэщI Богатырёвэ Мадинэ жиIащ «ТекIуэныгъэ Иным и ныпым и марш» я щIыналъэм и лIыкIуэхэри зэрыхэтым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абы зэгъунэгъу республикэхэм исхэр зэрызэкъуигъэувэр, щIалэгъуалэ куэд зыхэт мы зэхыхьэм я зэпыщIэныгъэхэр зэригъэбыдэр, ТекIуэныгъэр ди къэралым къызэрихьынур.
- Ди блэкIар, тхыдэм и къэхъугъэхэр, ди нэхъыжьхэм мамырыгъэрэ текIуэныгъэрэ къызэрытхуахьар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Дызэрыгушхуэ ТекIуэныгъэм и ныпыр Ингуш Республикэм IэщIыдолъхьэ. Дзэ Iуэху хэхар икIэщIыпIэкIэ ди текIуэныгъэкIэ иухыу ди щIалэхэр узыншэу я унагъуэхэм къахыхьэжыну дыщIохъуэпс, - жиIащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Чеченов Эльдар.
Зэхыхьэр и кIэм щынэблагъэм, хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ. Зэхуэсахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ «Налшык Дзэ щIыхьым и къалэщ» фэеплъым.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым, республикэм и министерствэхэм, къалэ администрацэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэр, ветеранхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтахэр, ку-рыт еджапIэхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щIэсхэр, волонтёрхэр, Налшык къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ.
Тхыгъэри сурэтхэри
ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.