ПсэукIэ тынш къызэрагъэпэщ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIащ щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и зэIущIэ. Абы видеоконференц IэмалкIэ хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ коммунальнэ хо­зяйствэм къыщагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр щIэкIэ зэхъуэкIын зэрыхуейм, я гугъу ящIащ «ГъащIэм хуэ­щIа инфраструктурэ», «Жы­джэру ирахьэкI гъащIэ кIыхь», «ЩIалэгъуалэмрэ ­сабийхэмрэ» проектхэм я зэфIэхыкIэм. 
Ди республикэм объектышхуэ зыбжанэ щаухуэ. Абыхэм ящыщщ Лышхым щеIэзэ диспансерыщIэм­рэ Творческэ щIалэгъуалэм папщIэ уардэунэмрэ. Налшык дэт Поликлиникэ №1-мрэ школи 9-рэ къы­зэIуахащ, апхуэдиз дыдэ зэрахьащ, дызэрыт илъэ­сым къриубыдэу. Узыншагъэм кIэлъыплъын IуэхумкIэ щIэуэ яухуа амбулатори 8-м ящыщу 3-р къызэ­Iуахащ. Зыхуей хуагъэза нэужь, Прохладнэ, Бахъсэн ­районхэм поликлиникэхэм лэжьэн щыщIадзэжащ. 
ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и лъэныкъуэкIэ къуажэ 18-м псыр щызезыгъакIуэ Iэмэпсымэхэр ­щахъуэжыну е щIэуэ зэрагъэпэщыну къалэн зыщащIыжащ, лэжьыгъэм щIадзакIэщ. КъинэмыщIауэ, 2025 - 2027 гъэхэм къриубыдэу яухыну я мурад, Бахъ­сэн псыкIэ къызэзыгъэпэщ бжьамий гупыр кIуэцI­раш. 
«УФ-м и Правительствэми, Ухуэныгъэмрэ Ком­мунальнэ-хозяйствэмкIэ къэралым и министерствэхэми, ЩIыналъэхэм заужьынымкIэ фондми, ды­зы­дэ­лажьэ адрей къэрал IуэхущIапIэ псоми фIыщIэшхуэ яхузощI республикэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэху­гъуэхэр къызэрыддаIыгъым папщIэ», - иритхащ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.07.2026 - 09:03

Ныбжьэгъугъэм и лъэмыж

Налшык, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIэ­кIуэж «Радуга» центрым, щекIуэкIащ «Ныбжьэгъугъэм и литературэ лъэмыж» зэIущIэр.

19.07.2026 - 09:03

Усэбзэр лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэщ

ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIащ «Откровение» макъамэ усэ пшыхьыр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу.

18.07.2026 - 13:25

ЗыгъэпсэхупIэхэр къагъэщIэрэщIэж

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и минист­рым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ ирагъэкIуэкIащ къэралым и Правительствэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм гъэм и

18.07.2026 - 09:03

Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр

ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къытхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзэ комиссар Пахомов Дмитрий. Ар тепсэлъыхьащ «мобилизационный резерв» зыфIаща Iуэхур республикэм зэрыщекIуэкIым. 

18.07.2026 - 09:03

Фэеплъыр Налшык къыщызэIуах

УФ-м и Следственнэ комитетым и лэжьакIуэхэу зи къалэныр зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъыр къы­щызэIуаха дауэдапщэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ.