КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэм и япэ зэIущIэр екIуэкIащ. Ар къыщызэIуихым, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ тепсэлъыхьащ зэман гъунэгъум къалэн нэхъыщхьэу къапэщытхэм.
Абы къыхигъэщащ бжьыхьэ лэжьэгъуэр Iуэхугъуэ куэдкIэ гъэнщIауэ зэрыщытынур, «стIол хъурейхэр», «Правительствэм хухах сыхьэтхэр», едэIуэныгъэхэр, Парламентым и зэIущIэхэр къызэрызэщIрагъэубыдэнур.
Депутатхэм зи чэзу зэIущIэр фокIадэм и 11-м екIуэкIыну траухуащ. Ахэр хэплъащ «Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ингуш Республикэмрэ сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, щэнхабзэ IуэхухэмкIэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектым.
КъБР-м и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, зыужьыныгъэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и комитетым и унафэщI Iэпщэ Заур зэрыжиIамкIэ, зэгурыIуэныгъэмкIэ я мурадщ лъэныкъуитIыр Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэрызэдэлажьэм пащэну, экономикэ, хабзэр убзыхуным ехьэлIауэ яIэ зэпыщIэныгъэхэр ирагъэфIэкIуэну.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «ЩIыр къэзыухъуреихь хьэуар хъумэным епхауэ» республи-кэ законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» щIыналъэ законым и проектым.
КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IэнатIэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймкIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур жиIащ хьэуар зыуфIейр нэхъ мащIэ щIыныр зи къалэн IуэхущIапIэхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ ящIапхъэр гъэткIиин зэрыхуейр. Абы теухуа законопроектыр Iэрагъэхьащ зи гугъу ящI лэжьыгъэр зи нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэм хэплъэну.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ УФ-м и щIыналъэхэм я жэрдэм зэхуэмыдэхэм. Ахэр теухуат УФ-м и Мэз кодексым, къэрал юридическэ бюром и лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным текIуадэ мылъкур федеральнэ бюджетым къызэрыхэгъэкIыпхъэм, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэм щагъэбелджылащ егъэджэныгъэм, физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ, журналистикэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэм ящыщу КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъ зратынухэр.