Хэкум и хъумакIуэхэм ядоIэпыкъу![]() «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр юридическэ IуэхухэмкIэ ядоIэпыкъу Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтхэм, абы и ветеранхэм, зауэлIхэм я унагъуэхэм. Закъыхуэзыгъазэхэм я хуитыныгъэхэм теухуа чэнджэщхэр ират, дэфтэр зэхуэмыдэхэр щызэхуахьэскIэ щагъэпсынщIэ, хуэныкъуэ хъумэ, хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэмрэ судхэмрэ я хуитыныгъэхэр зэрыщыпхагъэкIынум и мардэхэр гурагъаIуэ. «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым зэгурыIуэныгъэхэр ярищIылIауэ ядолажьэ КъБР-м и Прокуратурэм, Дзэ прокуратурэм, КъБР-м и Нотариальнэ палатэм, ЦIыхум и хуитыныгъэ-хэмкIэ и уполномоченнэм и IуэхущIапIэм, нэгъуэщIхэми. «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым Тэрч районым щиIэ и къудамэм зыхуигъэзащ СВО-м и ветеран Хьэрыс Ислъам. Коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм ехьэлIауэ ветеранхэм папщIэ щыIэ льготэхэм ар щигъэгъуэзащ фондым и район къудамэм и лэжьакIуэ Акъсорэ Каринэ. Абы зауэлIым чэнджэщ иритащ псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я IуэхукIэ ветеранхэм ират Iэмалхэмрэ хуитыныгъэхэмрэ къигъэсэбэпыным теухуауэ. Хуигъэхьэзыращ МФЦ-м ирагъэхьыну дэфтэрхэри. ЗауэлIым фIыщIэ ищIащ фондым зэрызыхуигъэза Iуэхур икIэщIыпIэкIэ зэрызэфIагъэкIам папщIэ. ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









