ЗэпIэзэрытщ, зыгъэгушхуэщ

Ди газетым зэрытетащи, Къущхьэхъум и Хьэмащэ Iэхэлъахэм и хэщIапIэ нэхъыщхьэмрэ абы къедза Iэбгъэ зыбжанэмрэ иджы­благъэ дыщыIащ. Абыхэм ящыщ зыщ Нэхущ Руслан зи унафэщI «Рассвет-Н» ООО-м и гъэш фермэр. 
Iэбгъэр зэрыт фэхум дыщихьэм, абы Iуэху щызыщIэ щIалэ гупыр къытпежьэри дыщIашащ фермэм егъэ­щIылIа псэупIэ нэхъыщхьэм шхапIэ папщIэу щаIэ пэш Iэхуитлъэхуитым. 
Япэу псэлъэгъу тхуэхъуар Iэбгъэм и тхьэмадэ   Що­къуий Албэчщ.

- Мыр гъэш фермэщ, Iэщыр Нэхущ Руслан къызэригъэпэща IэнатIэм ейщ. Дэ абы дрилэжьакIуэщ. Илъэс бжыгъэ хъуащ мыбы сызэры­щы­ла­жьэрэ. Жэм къашу 400-м нэблагъэ тIыгъщ, шкIащIэхэр, щынэ цIыкIухэр диIэщ, - жеIэ Щокъуийм.
- Мы гъэм сыт хуэдэ мазэм фыкъыдэкIа?
- Гувауэщ, бадзэуэгъуэр ­къихьауэщ. ЩIыхэдгъэкIэсар гъатхэр, зэрыфщIэщи, техьэтекIрэ щIыIэбжьу зэры­щы­тарщ. ДыкъыдэкIын ипэкIи, Iэщыр зыщIэдубыдэ бэкхъхэмрэ хьэщпакъхэмрэ зэдгъэпэщыжащ. 
- Уэ, Албэч, Iэщ гъэхъуным узэрыпэрытрэ куэд щIа?
- 1984 гъэ лъандэрэ мы Iуэхум сыхэтщ. Къулъкъужын къуажэм сыщыщщ. Совет лъэхъэнэм XX парт съездым и цIэр зезыхьа колхозым Iэщыхъуэу сыщылэжьащ. Къэралым унафэ зэрыхуащI щIы­кIэр зэрахъуэкIати, уней лэ­жьыгъэм зезытахэм запыт­щIауэ, мис дыкъы­зэ­рыф­-
лъа­гъущ, мыбы дыщы­Iэщ.
- Мыбдежым щылажьэхэм я нэхъыбэр фи къуажэм щыщ?
- Сэ зыращ Къулъкъужы­ныр. Мыдрейхэм Аушыджэр щыщ яхэтщ, Шэджэм къикIаи, Налшык къалэ дэси.
- Я цIэ-унэцIэхэр къыджепIамэ арат.
- КъедбжэкI хъумэ, ахэр Джэдгуэшхэ Заур, Щоджэнхэ Аслъэнрэ Муратрэ, Батырхэ Людэ, Островная Еленэ сы­мэщ.  
- Абыхэм я къалэныр къыджепIэн?
- Щоджэнхэ Аслъэнрэ Му­ратрэ Iэхъуэщ, мыдрейхэр ­жэ­мышщ.
- БлэкIа илъэсхэм евгъапщэмэ, мы гъэм фи Iуэхур сытым тет, Албэч?
- Мыгъэрей гъэмахуэм, куэд­кIэ нэхъ арэзы укъищIу, хъуныр нэхъ къызэщIэуващ, адрей гъэхэм етлъытмэ. 
- Фермэм ику иту шэуэ дапщэ къыщашрэ, здэфшэри дэнэ?
- Иджыпсту жэм псэфхэмрэ зи гъужыгъуэ нэсахэмрэ нэхъыбэщи, зэ къэшыгъуэу нэхъ мащIэщ къащIэкIыр. Налшык дэт гъэш заводым дыпыщIащи, шэр абы идот, шкIащIэхэм ирафыр, дэ езым къэдгъэсэбэпыр хыдогъэкIри. Шэ къызэрырашэкI машинэ диIэщи, пщэдджыжьми пщыхьэ­щхьэми бгым къыдэкIыурэ, абы ирешэх. КъинэмыщIауэ, шэр зэмыкIуэкIыу зэрытын щIыIалъи диIэщи, абы ди Iуэхур куэдкIэ нэхъ къытщегъэпсынщIэ. Езы жэмышхэри абы хуэщIа IэмэпсымэкIэщ зэрылажьэр.
- Жэщ-махуэм жэмхэм ­дапщэ къыватыр? 
- Литр 14 - 14,5-рэ ику иту ­къащIыдош. 
- Зи унагъуэхэр къэзыгъэнауэ, гугъу зезыгъэхьу Къущ­хьэхъум исхэр улахуэкIэ, шхынкIэ зыхуей фыхуэзэ-рэ?
- УлахуэкIи шхынкIи дызэгъэпэщащ. Жэмышхэм я лэжьапщIэр къашым теу­хуащ. 
- ФызыгъэпIейтейуэ, фигу нэхъ щIэныкъуэу, мыр нэхъыфI хъуарэт, едгъэфIэ­кIуарэт хужыфIэну фи Iуэхум сыт хэлъыр?
- Тхьэм и фIыщIэкIэ, апхуэ­дэу дыщIэгузэвэн диIэкъым. Дызыгъэлажьэм и напэр тед­мыхыу дызэрыбгъэдэтым хуэ­дэ къабзэу езыри къытхущы­тыжу дыкъокIуэкI, нэхъы­фIыжкIи догугъэ. 
- Мо бжэIупэм деж къыщиж псыр дэнэ къыздикIыр?
- КъыщIэжыпIэм къыщы­щIэ­дзауэ бжьамийхэр дукъуэдиящи, псыр езыр-езыру къокIуэ.
- Фызыщыщ унагъуэхэм фалъэIэсыфрэ?
- Мазэм хуэзэу дэтхэнэми зы тхьэмахуэкIэ, уеблэмэ нэхъыбэкIи зигъэпсэхуну хуитыныгъэ диIэщ, мыбдежым къытенэн хуей цIыху бжыгъэм елъытауэ. Iэбгъэм тесхэр куэд щIауэ дызэдолажьэ, дызэрогъэпэж, дахэуи дыщызэдокIуэкI.
- Албэч, мыбыи щIэупщIапхъэу къыдолъытэ: фи Iэ­щымрэ мэлымрэ хьэIуцыдз-дыгъужь хуэдэ хьэкIэ­кхъуэ­кIэхэр зэран къахуэ­хъуркъэ?
- Хьэуэ, къытлъэIэсыркъым. 
- Iэщым ирахьэлIэ хущ­хъуэр тэмэму вгъуэтрэ?
- Iэбгъэр зей Нэхущ Руслан хущхъуэкIи, нэгъуэщIхэмкIи и чэзум дыкъызэрегъэпэщ. Эпи­зоотологие, абы хиубыдэ нэгъуэщI узыфэхэм яхуэгъэзауэ ар зи къалэнхэм Iэщым мастэ халъхьэ, хущхъуэ ирахьэлIэ. ШкIэхэм, щынэ цIыкIухэм увыIэгъуэ димыIэу дакIэлъоплъ, жэм къашым дахэтщ. КъыжыIэпхъэщ Iэ­щым къеуз узыр цIыхум къеуэлIэнкIи зэрыхъунур, и гъэшымрэ лымрэ дэщIыгъуу. Аращи, Iэщым цIыхур къамыцIэлэн папщIэ, а тIум я зэхуакум дэ дыдэтщ. 
«Рассвет-Н» ООО-м и ­пщы­Iэ нэхъыщхьэм и унафэщI Щокъуий Албэч къыджиIам и кIэ къихуэу, мыри къыхэгъэщыпхъэщ. 
Ди республикэм и гъэмахуэ хъупIэхэм Iэщ щызезыхуэхэм я бжыгъэм иужьрей илъэсым хэхъуэ зэпытщ. Ар, шэч хэмылъу, узыгъэгуфIэщ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ хъыбар зэрызэбгригъэхамкIэ, мы лъэ­хъэнэм бгыщхьэхэм ща­Iыгъщ Iэщышхуэхэм ящыщу мин 50-м нэблагъэ, мэлхэмрэ бжэнхэмрэ я бжыгъэр мини 100-м щхьэдэхащ, шыхэр мини 7-м нызэрохьэс. Псори зэхэту щагъэхъум я бжыгъэр нэгъабэрейм елъытауэ проценти 7-кIэ нэхъыбэщ. 
Хозяйствэхэм гъэмахуэ ­хъу­пIэхэм хуагъэхьэзырауэ щыта Iэщым КъБР-м ветеринар медицинэмкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм, пIалъэу къы­хуа­гъэлъэгъуам къриу­быдэу, мастэхэр хаIуащ,  ху­щ­хъуэхэлъхьэхэр ирагъэш­-   хащ.  
Республикэм и реестрым хъупIэрэ мэкъупIэу 550-рэ ­щатхащи, абыхэм, псори зэ­хэту, гектар 136 987-м щIигъу къы­зэщIаубыдэ. ЩIы кIапэхэу 340-р (гектар 85 703-рэ) Дзэ­лыкъуэ щIыналъэм итщ, 144-р (гектар 33 328-рэ) Iуащхьэмахуэ районым щыхатхыкIащ. Адрейхэр Шэрэдж, Псыгуэнсу, Хазнидон къуэладжэхэм я псыхъуащхьэхэм дэтщ.
Мы лъэхъэнэм бгыщхьэхэм щыIэ хъупIэхэр зэрахьэ, псори зэхэту, цIыху 1200-м щIигъум. Ахэр, къэдгъэлъагъуэмэ, Iэ­щыхъуэхэрщ, ветеринар, медицинэ IуэхущIапIэхэм я Iэ­щIа­­гъэлIхэрщ, энергетик­хэрщ, гъуэгум кIэлъыплъ­хэрщ.
Бгыщхьэхэм щаIыгъ Iэщым и нэхъыбэр, гъэ къэси хуэдэу, фокIадэм и кIэм кърахухыжынущ.  
Тхыгъэри  сурэтри
КЪУМАХУЭ  Аслъэн  ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2025 - 09:03

Дерс щхьэпэхэр ирагъэкIуэкI

ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и курыт школхэм мы зэманым щокIуэкI гъуэгу хабзэхэр гъэзэщIэным, лъэс­ры­зекIуэм и шынагъуэншагъэр ­хъу-

13.11.2025 - 09:03

Фэеплъ здэщымыIэм цIыхугъэ щыIэкъым

Омск областым хыхьэ Тарэ рай­оным икIуэда ди лъэпкъэгъухэм - адыгэхэмрэ абазэхэмрэ - я фэеп­лъым пщIэ зэрыхуащIым и щы­хьэту, иджыблагъэ щIыпIэ жыжьэм щы­Iащ ди лэжьэгъу, «Черкес хэку» газетым и ре

13.11.2025 - 09:03

Я щIэныгъэр къапщытэж

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм епщIанэу ще­кIуэкIащ «Этнографие диктанткIэ» зэджэ Ду­нейп­со щIэныгъэ-узэ­щIа­кIуэ Iуэхугъуэшхуэр.

13.11.2025 - 09:03

Хабзэхъумэхэм я махуэшхуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм и щIыхькIэ. 

12.11.2025 - 15:59

И щхьэпагъыр наIуэ ящI

Узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн зэрамыдэм къишэ гугъуехьхэм теухуа зэIущIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.