Урысей МВД-м полицэм и плъыр-пост къулыкъумрэ административнэ законодательствэр гъэзэщIэнымкIэ и IэнатIэхэмрэ къыщызэрагъэпэща махуэм и щIыхькIэ КъБР-м щыIэ МВД-м Iуэху гуапэ щекIуэкIащ.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник Мамхэгъ Назир къеджащ Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ, полицэм и генерал-полковник Горовой Александр къыбгъэдэкI фIэхъусым.
«Плъыр-пост къулыкъум и лэжьакIуэхэм нэщIысауэ ягъэзащIэ хуагъэува къалэнхэр. Абыхэм я лэжьыгъэм гугъуехь куэд пыщIащи, лIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъын хуейщ. Абыхэм яIэщIэлъщ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр, ипэжыпIэкIэ ахэрщ зыхъумэр жылагъуэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ. ФIыщIэшхуэ яхузощI ветеранхэм, къулыкъум епха хабзэр зэрагъэбагъуэм, я Iэзагъэр лэжьакIуэщIэхэм зэрыбгъэдалъхьэм папщIэ», - къыхощ къызэрехъуэхъум.
Полицэм и полковник Мамхэгъ Назир къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Крючков Вячеслав къыбгъэдэкIыу IэнатIитIым я лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ, гупым махуэшхуэмкIэ ехъуэхъури, фIэхъус тхылъ иритащ жылагъуэ хабзэр хъумэнымкIэ полицэм и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и полков-ник Шаваев Арсен.
- Фи лэжьыгъэм и унэтIыныгъэр, сыт щыгъуи хуэдэу, мыхьэнэшхуэ зиIэхэм язщ. Мы махуэшхуэм гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу насыпрэ узыншагъэ быдэкIэ гъэнщIа гъащIэ фиIэну, адэкIи ехъулIэныгъэхэр зыIэрывгъэхьэну! - къыхигъэщащ Мамхэгъ Назир.
Зи къалэнхэр хьэлэлу езыхьэкI, ехъулIэныгъэ зиIэ лэжьакIуэхэм мы зэIущIэм щратащ КъБР-м щыIэ МВД-м и щIыхь тхылъхэр, министрым къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр.
БАХЪСЭН Ланэ.