ЩIэныгъэм хуегъэуш

Тхылъыр зи гъащIэм хэт цIыхум и дуней лъагъукIэм Iэджэ фIагъи къызэрырикIуэм куэд щIащ гу зэры­лъатэрэ. Тхылъ еджэ цIы­хум къалэр мафIэсым щыщи­хъу­маи, зэтекъутэ къуа­жэ жэмыхьэтыр къыщ­ригъэ­лаи, зэгурымыIуэхэр щызэ­ри­гъэкIужаи, щхьэ­рыуахэр гъуэгу захуэм щытригъэувэжаи мызэ-мытIэу къэхъуащ.

Тхылъым узыхишэ дунейр зыкъомкIэ хъуапсэм ещхьщ: абы къыщыIуэта псори зэрыщыт дыдэм хуэдэу гъащIэм къыщымыхъункIи ­хъунщ, ауэ а гъащIэр а къэ­хъугъэхэм я фэгъу защIэкIэ гъэнщIащи, зихуэдэ щымыIэ гъуазэ телъыджэу уи пащхьэм къоувэ. Тхылъ дунейм гум уримышалIэмэ, уасэ хуэбгъэувынкIэ гугъущ, ап­хуэдэ дыдэу ар къыпхуэщэхунукъым икIи къыпхуэхъуэжынукъым. А уасэри къызэрыгуэкIщ - цIыхур фIыуэ лъа­гъун, тхылъыр лъытэн хуейуэ ара къудейщ. Тхылъыр гупсысэкIэ зэрызэхъуажэ Iэмалщ. ЦIыхур уи щхьэ иумылъытмэ, абы и пIэ зумыгъэувэмэ, и щхьэпи къэкIуэнукъым, цIыхури гъунэгъу зы­хуэпщIыфынукъым. Тхы­лъыр - а гуращэ дахэм телажьэ, ­гъуэгу захуэм утезыгъэувэ Iэмэпсымэщ, арых­хэуи, ар цIыхугъэр зыфIэлъапIэ дэтхэнэми IэщIэлъхьэн хуейщ.
Апхуэдиз псэузэщI Iуэху­гъуэр къызыдэкIуэ тхылъым къыдэкIуэтей щIэблэр дегъэхьэхыныр нэхъыжьхэм я къалэнхэм ящыщщ. Арат зытеухуар иджыблагъэ, ЩIэ­ныгъэхэм я махуэм, Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм дэт библиотекэм щекIуэкIа зэIущIэ щхьэпэр. IуэхущIапIэр тхылъыр зи гъащIэм хэтхэм я зэIущIапIэ, литературэ уэршэрхэр, щIэныгъэ псалъэмакъхэр щекIуэкI зэхуэсыпIэ зэрыхъунум ар­къудей шэч хэлъкъым.
Жылагъуэ гъащIэм и ку­рыхыр цIыхурщ. Аращ зи пщэ дэлъыр и ужьым иту къы­дэкIуэтей щIэблэр унэ­тIы­ныр, гъэгъуэзэныр, гъащIэм хэ­шэныр. Абы тела­жьэрт иджыри къыздэсым цIыхухэр зэса гъэпсыкIэм тет библиотекэхэр, тхылъ хъумапIэхэр, тхылъэщхэр. Иджы Ислъэмей адыгэ жылэжьым зи тхылъ ­тегъэувапIэкIи, унэ­лъащIэкIи, техникэ Iэмэпсы­мэкIи къанэ щымыIэу зэрахъуэкIа, зи пэш кIуэцIхэр зэрыщыту къагъэщIэрэщIэжа екIуэлIапIэ щыIэ хъуащ, удихьэхыу, узыIэпишэу, щIэ­ныгъэм ухуигъэушу.
Иджырей жыпхъэм иту зи бжэхэр щIэрыщIэу къызэIу­зыхыжа библиотекэм лэжьэн щыщIидзар 1950 гъэращ. Тхылъ гъэтIылъыгъэхэр къы­дэкIыгъуэ 40245-рэ мэхъу. Библиотекэр цIыху 1420-м ­ялъоIэс. Къыхэгъэщын хуейщ ар цIыху кIуапIэу, тхылъхэм щIэупщIэ яIэу, зэIэпахыу зэ­рыщытыр. Нэгъабэрэ ды­зэрыт илъэсымрэ къриубыдэу библиотекэм цIыху 28460-рэ щызэблэкIащ. Библиотекэм цIыху къезышалIэ Iуэху­гъуэхэм ящыщщ абы «Хабзэхъумэ щхъуантIэ» икIи «Хэкупсэ ныбжьыщIэ» щIалэгъуа­лэ хасэхэр зэрыщы­лажьэр, къуажэм дэс ныбжьыщIэхэр абы фIэфIу жану зэрыхэтыр.
Иджырей жыпхъэм иту библиотекэр къыщызэIуах махуэ­щIым кърихьэлIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр ­Къумахуэ Мухьэдин, Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Балъкъыз Артур, абы жылагъуэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Iэхъуэбэч Анзор, ­къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэ Ахъы Аслъэнбэч, жы­лэм и библиотекэм и уна­фэщI Шапсыгъ Алесэ, Бахъ­сэн щIыналъэм и библиотекэхэм я лэжьакIуэхэр, курыт еджапIэхэм щылажьэхэмрэ ще­джэ­хэмрэ, тхылъыр зи Iэпэ­гъухэр.
ЗэIущIэр къызэIузыха Балъкъыз Артур къыхигъэщащ щIызэхуэса Iуэхум мыхьэ­нэш­хуэ зэрыритыр, абы цIыхухэм я псэуныгъэмрэ щыIэныгъэм­рэ зыдаузэщIыну зэрыщыгугъыр.
- ГъащIэм щIыпIэшхуэ щау­быд хъуащ щIэныгъэмрэ техникэмрэ. Иджыри къыздэсым щIэныгъэм щекIуэкI къэхутэ­ныгъэхэр абы и кIуэцIым ­къинэжу щытамэ, иджы ахэр хэпщIыкIыу гъащIэм щыбо­лъагъу, сыт хуэдэ IэнатIэми и зыужьыныгъэм зэрытела­жьэри зыхыдощIэ. Абы къикIыр аращи, Iэмалу диIэр зэдгъэуIукIэрэ, ди щIалэгъуалэм я гур пасэу щIэныгъэм хуэдгъэушын хуейщ. Иджырей жыпхъэм ит библиотекэхэм, щыIэ щапхъэхэм къызэрагъэлъэгъуащи, а зэфIэкIыр ябгъэдэлъщ. НыбжьыщIэхэм IэкIэ къахуэщтэну тхылъхэр занщIэу ягъуэтмэ, хъар­зынэщ, ауэ зылъэмыIэсыр пэIудза IэмалхэмкIэ библиотекэр къызэрызэрагъэпэща техникэхэмкIэ къигъуэтыфынущ, зэригъэзэхуэфынущ. Ды­щогугъ ди жылагъуэм и зэхэщIыкIым хэхъуэнымкIэ, и дуней лъагъукIэм зиубгъу­нымкIэ щIэрыщIэу къызэIутхыж библиотекэр телэжьэну, - жиIащ Балъкъыз Артур.
Лъэпкъ щэнхабзэр хъумэ­нымкIэ, щIэныгъэм лъэба­къуэшхуэхэр ичынымкIэ и фIагъ куэд къызэрыкIуэнур къыхигъэщащ Къумахуэ Мухьэдин и къэпсэлъэныгъэми.
- ЦIыхуцIэ зиIэр лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэурэ зэхэтщ. Лъэпкъ къэси езым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр бгъэдэ­лъыжщ. ЩыIэныгъэм ди пащхьэ къригъэува Iуэхугъуэхэм ящыщщ ди щIэблэр ди щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм щIэ­пIыкIын, хэкупсэу, щалъхуа лъахэмкIэ пэжу икIи щыпкъэу къэгъэтэджын зэрыхуейр. ЩIэныгъэмрэ техникэмрэ я Iэмалхэр а къалэным телэжьэнумэ, тхузэфIэкI къэдгъэнэнкIэ Iэмал иIэкъым. «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэр зыхуэунэтIар щIыпIэхэм щыIэ щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм апхуэдэ къару етынырщ, унагъуэхэм ялъэIэсу, ахэр зэришалIэу, щIалэгъуалэр игъэгъуазэу нэхъапэхэм иIа Iэмалхэм къегъэгъэзэжынырщ. Сэ хуабжьу сыщогугъ иджырей жыпхъэм иту къызэIутх библиотекэм хузэфIэкIынур жэрдэм зыбжанэкIэ мыхъуу, пэхуэщIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ утыку кърихьэну, цIы­хубэм яхыхьэну, и Iэмалхэр игъэкуэдыну. Библиотекэ лэжьакIуэхэр дапщэщи хьэ­лэлу IэнатIэм пэрыт цIыхущи, къуажэми, Бахъсэн щIыналъэми, Къэбэрдей-Балъкъэрми цIыху акъылыфIэ, зэчий зыбгъэдэлъ, зи зэхэщIыкIыр жан куэд къызэрыдатынум шэч къытесхьэркъым, - жиIащ министрым.
Библиотекэр дяпэкIэ тхылъ хъумапIэ къызэрыгуэкIыу щытыжынукъым. Абы дунейми гъащIэми къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм зыдищIу, къыщыхъу щIэщыгъуэхэм зыдиужьу щытынущ. Тхылъыр цIыхум IэщIэмыгъэхуныр, Iэпэгъу хуэщIыныр, щIэ­джыкIакIуэхэр зэшэлIэныр, ахэр тхыгъэ дунейм къыщекIуэкIым щыгъэгъуэзэныр библиотекэхэм я къалэн нэхъыщхьэу щытамэ, иджы ахэр жэрдэмыщIэхэр къыщыхалъ­хьэ, зи Iуэху еплъыкIэкIэ зэ­техуэ цIыху гупхэм я зэхуэсыпIэ хъун хуейщ. Библиотекэ лIэу­жьыгъуэщIэхэри аращ зэры­щытынур.
Тхылъ тегъэувапIэхэр сатыру екIуэкIыу пэш щхьэхуэм и утыкум итыжкъым, ахэр блыным декIуэкIыу кIэрытщ. Утыкум зэгъэуIуауэ Iэнэхэр итщ, зыр адрейм зэран хуэмыхъун хуэдэу зэбгъурыту. Пэшхэм компьютер зыбжанэ щIэтщ, хуей хъумэ, библиотекэм къыщIыхьэр абыхэм ирилэжьэну хуиту. Пэш Iэ­хуитлъэхуитхэм щIэт унэлъащIэхэр зэрыщыту щхъуэкIэ­плъыкIэщ, уи гукъыдэжыр ­къаIэту, жэрдэмхэр къызэ­щIагъэбатэу. Мыбдеж уи нэгу зыщебгъэужьыным, зыщыбгъэпсэхуным къищынэмы­щIауэ, щIэныгъэ лэжьыгъэхэр къыщызэбгъэпэщыну Iэмал щыIэщ - Iуэхугъуэ зэмылIэу­жьыгъуэхэм ятеухуа лекцэхэм укъыщеджэ, мастер-классхэр щызэхэпшэ, дерс гъэщIэ­гъуэнхэр къыщызэбгъэпэщ хъунущ.
«Унагъуэ» проектым нэ­гъуэщI Iэмалхэр къет библиотекэ лIэужьыгъуэщIэхэр нэгъэсауэ щэнхабзэ центр хъун папщIэ. Ислъэмей къуажэм къыщызэIуахыжа библиотекэр жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къагъэсэбэп хъунущ, цIыхухэмрэ абыхэмрэ щы­зэрыщIэ, щызэлъэIэс щIыпIэу ахэр тхылъми гъунэгъу яхуи­щIу.
Зи лэжьэкIэм зихъуэжа, зи Iуэху щIэкIэр щIэщыгъуэ защIэу зэхэухуэна хъуа библиотекэ зэхуэсыпIэр хухаша гъуэгущIэм техьакIэщ, гъэ еджэгъуэщIэм щыщIэдзауэ и лэжьыгъэр шэщIауэ иригъэкIуэнущ.

ШУРДЫМ  Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2026 - 09:18

ПэхуэщIэхэр, туризмэр, транспортыр...

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэ­­­дей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм хэтхэм я зэIущIэ.

20.04.2026 - 09:14

IэщIагъэм гуапагъэ хелъхьэ

Балэгъы Лианэ Къулъкъужын Ипщэ къуа­жэм щыщщ.

19.04.2026 - 09:03

Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу

Налшык и Музыкэ школ №2-м мэлыжьыхьым и 13-м фэ­еплъ концерт щекIуэкIащ.

19.04.2026 - 09:03

Лианэ и IэрыкIхэр

IэкIэ ягъэхьэзыр, лъэпкъ дамыгъэхэм щыщ зыхаухуанэ фэилъхьэгъуэхэм яIэ щIэупщIэм иужьрей зэманым зэрыхэхъуэр ди нэгу щIокI.

18.04.2026 - 09:03

Тхьэмадэм и щIыхькIэ

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-мрэ ДАХ-мрэ я вице-президент, «Адыгэ псалъэ»  газетым и унафэщIу   илъэс 24-кIэ щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс  80 зэрырикъуам иращIэкIа щIэ­ныгъэ-п