Къабзагъэ здэщымыIэм тыншыгъуэ къыщумылъыхъуэ![]() ЗыплъыхьакIуэ е зыгъэпсэхуакIуэ гъуэгу техьа цIыхум здэкIуэ щIыпIэхэм IуэхугъуитI къыщилъыхъуэ хабзэщ: псэ тыншыгъуэрэ къабзагъэрэ. Шэч зыхэмылъыр аращи, цIыхум и нэгу зыщригъэужьыну щIыпIэхэр нэм фIэмыдахэмэ, псэм къимыщтэмэ, нитIым ялъагъумкIэ гум зигъэнщIынкIэ Iэмал иIэкъым. Къуршхэр лъагэми, бгылъэхэр задэми, мэзылъэхэр Iувми, къабзагъэ ядумылъагъумэ, узыIэпашэркъым, удахьэхыркъым. Хэти къыдалъхуа щэну щытын хуейт, къабзэу къигъэщIар къабзэу хъумэныр, ар здэщыIа щIыпIэхэм иужькIи цIыху къызэрихьэнур щымыгъупщэныр, зым адрейм пщIэ хуищIыныр. ЦIыхур езыр-езыру зыхуэмысакъыжмэ, сыт хуэдиз щIэныгъи ет, гукъэкIым я нэхъ дахэри жыжьэ нэсынукъым. Къабзагъэ здэщымыIэм псэ тыншыгъуэ къыщыбгъуэтынкIэ Iэмал зэримыIэр, ар езы цIыхум и IэмыщIэ зэрилъыр зыплъыхьакIуэхэм я щIэжым хэлъхьэным хуэунэтIат иджыблагъэ «Iуащхьэмахуэ» курорт щIыпIэхэм къыщыхалъхьа Iуэхугъуэ щIагъуэр. «Бгылъэ къабзэхэр – 2025» фIэщыгъэр зыгъуэта жэрдэмыр илъэсий хъуауэ ирагъэкIуэкI, илъэс къэси абы къыхыхьэ цIыхухэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу хохъуэ. ЩIыуэпсыр хъумэным хуэнэутIа Iуэхугъуэм мы гъэм цIыху 3400-м щIигъу хыхьащ. Эко-лэжьакIуэхэм къыщегъэжьауэ зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ сату зыщI IэщIагъэрылажьэхэм щыщIэкIыжу абы хэтащ Iуащхьэмахуэ лъапэмрэ абы къедза щIыпIэхэмрэ къабзэу къызэтенэныр, щIыуэпсым хуэсакъын зэрыхуейр гурэ псэкIэ къэзыщтэ дэтхэнэри. ЕкIуэкIыну Iуэхум унагъуэу къекIуэлIахэри, гупу кърихьэлIахэри, жылагъуэ зэгухьэныгъэу къыхыхьахэри мащIэтэкъым. Жэрдэмым сабийуэ 500-м щIигъу хэтащ. ЦIыху щIыкIэ къыумыгъэшар бжэгъу хъуа нэужь къыпхуэгъэшыжынукъым, – жаIэ адыгэхэм игъащIэми. Арыххэуи, ныбжьыщIэхэр зытет дунейм пщIэ хуащIу егъэсэным, ар абыхэм къазэрыхуэнэным хуэгъэпса лэжьыгъэ щхьэпэт жэрдэмыр. ГукъэкI щIагъуэр ирагъэжьэн ипэ къихуэу, Iуэхум хэтыну гукъыдэж зыщIахэм гуапэу къаIущIащ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ Кавказ.РФ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Беккаев Хьисэрэ. – Иджы фIыуэ тпэжыжьэ хъуауэ къэтлъытэ 2018 гъэрат мыпхуэдэ Iуэхугъуэр япэ дыдэу къыщыхэтлъхьар. Абы щыгъуэ ди жэрдэмыр къыддэзыIыгъар цIыху 200 къудейт. Иджы сыфхоплъэри, гур хохъуэ… Хэт и гугъэнт апхуэдиз цIыху мы гъэм тхузэхуэшэсыну?! Абы щхьэкIэ псоми фIыщIэ фхузощI. ЩIыуэпсым и Iуэху зыIуэтым игъэпIейтейхэр мащIэкъым, абы и къабзагъэр гъащIэм щызетхьэ щэнхабзэу щытын зэрыхуейр зыдэзыщIэжхэм хохъуэ. Абы къегъэлъагъуэ дэтхэнэ зыми адрейм и пащхьэ щихь пщэдэкIыжыр зэрымыцIыкIур зэрызыхищIэр. ЗымащIэкIи шэч къытесхьэркъым: вгъэлъагъуэ щапхъэмкIэ къыфкIэлъыплъ куэдым я лъэр щIывогъэкI, фогъэгушхуэ, илъэситху гуэр дэкIа нэужь, мыбдеж цIыху минипщI нэхърэ мынэхъ мащIэ къызэрыщызэхуэсынур хьэкъ сщохъу. Iуащхьэмахуэ бгы уардэр – лъэпкъыбэм я хъугъуэфIыгъуэщ, ар нэхъ теплъафIэ, гуакIуэ, къабзэ зыщI дэтхэнэми фIыщIэ хуэфащэщ, – жиIащ Назаров Сергей. Беккаев Хьисэ и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщащ къыхалъхьа жэрдэмыр щIалэгъуалэ икIи унагъуэ Iуэху зэрыхъуар. – ПхъэнкIийр Iухыныр, фIеилъэ хъуа щIыпIэхэр гъэкъэбзэныр, дауи, IуэхумкIэ пщэрылъ нэхъыщхьэ зыщащIыжхэм ящыщщ. Ауэ сыт хуэдизу гухэхъуэ-тIэ а къалэныр къыбдиIыгъыу унагъуэу, гупу, зэгухьэныгъэу къыщыпхыхьэм деж. «Бгылъэ къабзэхэр – 2025» хэгъэгупсо Iуэхугъуэ дахэр къызэIутхауэ, гъуэгу махуэ тедгъэувауэ къызолъытэ, къытхыхьахэми псоми фIыщIэ фхузощI, – жиIащ Беккаев Хьисэ. Щэбэт щIыхьэхум хуэдэу къызэрагъэпэща Iуэхум къыхыхьахэр гуп-гупу ягуэшщ, дэтхэнэми эко-лэжьакIуэхэр гъуазэ хуащIри, щхьэж къылъыса щIыпIэхэмкIэ зэбгрыкIащ. Мы гъэм гъэкъэбзэн хуейт бгы куэщIым ит «Гарабаши» станцыр, «ЕгъэзыпIэ – 11» унэ-шхапIэр, мылылъэ псыхъурейм и Iэгъуэблагъэр. Дыкъэзыухъуреихь дунейм и къабзагъэр хъумэнымкIэ туризм лIэужьыгъуэм гъащIэ зэриIэр, ар цIыхухэм къызэрыбдаIыгъынур мы жэрдэмым нахуэ ищIащ. ЦIыху 3400-м нэблагъэ зыхэта Iуэхум къигъэлъэгъуащ Кавказ Ищхъэрэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Iуащхьэмахуэ лъапэм я щIыуэпсыр зылъагъум гуимыхуж ящыхъуу екIуу зэрыпхузехьэнур, ар махуэщIу къызэбгъэпэщ къудеймэ, куэдым къызэрытрагъэзэнур. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэм къалэнитI егъэзащIэ: цIыхум и псэ тыншыгъуэр къызэпэща мэхъу, щIыуэпсым и узыфэми Iэзэгъуэ егъуэт. Зыр адрейм щапхъэ хуэхъукIэрэ, дызыхэт дунейр гъэдэхэнымкIэ, хъумэнымкIэ, хуэсакъыу зехьэнымкIэ цIыхухэм зэрагъэпэщ щIэныгъэр гъащIэ гъуэмылэщ, и фIагъыр зэмыкIуэкIыу Iэджэрэ къыддэгъуэгурыкIуэну. ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









