Хъыбар кIэщIхэр

Метр зэбгъузэнатIэ минищэхэр

Дызэрыт илъэсым и щIышылэм – мэкъуауэгъуэм фэтэр куэду зэхэт унэу 17 яIэтащ, унагъуэхэм псэупIэу – 2113-рэ. Псори зэхэту фэтэрыщIэу 2673-рэ яухуащ, метр зэбгъузэнатIэ мин 314,2-рэ хъууэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 10,4-кIэ ар нэхъыбэщ.

Абы щыщу метр зэбгъузэнатIэ мин 282,9-р унагъуэхэм яйщ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ процент 21,1-кIэ нэхъыбэщ.

Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу ухуэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэхэм яухуащ фэтэр куэду зэхэт унэу метр зэбгъузэнатIэ мин 31,3-рэ.

Нэгъабэ и апхуэдэ зэманым абыхэм яхузэфIэкIащ метр зэбгъузэнатIэ мин 51,0-рэ. Къуажэдэсхэм псэупIэу яухуащ метр зэбгъузэнатIэ мини 187,0-рэ икIи нэгъабэ щы Iа бжыгъэхэм нэхърэ ар процент 12,7-кIэ нэхъыбэщ.

Мэкъумэш IэнатIэм и хэхъуэхэр

2025 гъэм и япэ мазихым къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIащ мэкъумэш продукцэу сом мелард 18,8-рэ и уасэ е нэгъа бэ и апхуэдэ пIалъэм проценти 104,6-кIэ хуэкIуэу.

Мэкъумэш IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту къыщIагъэкIащ мэкъумэш продукцэу сом меларди 6,2-рэ и уасэ е 2024 гъэм и щIышылэм – мэкъуауэгъуэм щыIа бжыгъэхэм проценти 108,7-кIэ хуэкIуэу.

МэкъумэшыщIэхэм губгъуэлэжьыгъэхэр еужьэрэкIыу ирагъэкIуэкI. Мы гъэм бадзэуэгъуэм и I-м ири хьэлIэу хьэцэпэцэмрэ джэш хъурейуэ (нартыхур хэмыту) гектар мини 5,1-м тонн мин 16,5-рэ къытрахыжащ. Зы гектарым ику иту центнер 32,1-рэ къытекIащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм ирихьэлIэу зы гектарым ику иту центнер 33,0-рэ къытрахащ.

Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу хадэхэкIыу тонн мини 7,8-рэ гектар мини 3,5-м щызэщIакъуэжащ.

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2026 - 10:01

Зауэм щауса уэрэдхэр

Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэм дыхуэзыша уэрэдхэр» пшыхьыр, 1941-1945 гъэхэм екIуэ­кIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ мы гъэм илъэс 81-зэрырикъум и щIыхь

20.05.2026 - 09:03

Зэкъуэтыныгъэращ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьар

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым накъыгъэм и 15-м щекIуэкIа концертыр те­у­хуауэ щытащ Хэку зауэш­хуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 81-рэ зэрырикъум.

20.05.2026 - 09:03

ЩIэблэмрэ анэдэлъхубзэмрэ

Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м зэхыхьэ щхьэпэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Зэ­хуэсыр зытеухуар бзэм­рэ хабзэмрэ хъумэным, ахэр ди щIэблэм егъэ­щIэнымрэ егъэджынымрэ пыщIа Iуэхухэрщ. 

19.05.2026 - 15:59

Ягу имыхуж тхакIуэхэр

ТхакIуэхэм я фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, ди республикэм щекIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и ли­тера­турэджхэмрэ тхакIуэ­хэм­рэ щагъэлъэпIа Iуэ­ху­­гъуэхэр.

19.05.2026 - 15:02

Уэлбанэшхуэхэм я Iэужьыр

Мы махуэхэм щыIа уэлбанэшхуэхэм я Iэужьу Хеу псыежэхым зыкъиIэтащ. Ар нэпкъым къыщхьэдэуэхри, Джэрпэ­джэж псым пIалъэкIэ иризекIуэну тралъхьауэ щыта лъэмыжыр трихащ.