Шэджэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

ЩIэныгъэхэм я махуэм Шэджэм къалэм къыщызэIуахащ еджакIуэ 820-м ятещIыхьа курыт школ №3-р. Ар яухуащ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ.

Жылэдэсхэм я гуфIэгъуэр даIэтыну абыхэм яхуеблэгъащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Урысей Федерацэм и сенатор - КъБР-м и къэрал властым и хабзэубзыху (лIыкIуэ) органым и лIыкIуэ Ульбашев Мухьэрбий, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш Iуэху­хэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ дыкъэ­зыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур, Шэджэм муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и УнафэщI Борсэ Юрэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэр, къалэдэсхэр.
Гъэ еджэгъуэщIэм зэрыщIидзэм теухуа гуфIэгъуэ зэхуэсыр къыщызэIуахым Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я ныпхэр яIэтащ гимнхэм щIэту.
Къызэхуэсахэм мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхумкIэ ще­хъуэхъум Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэубзыху органым и унафэщI Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ:
- Бжьыхьэм хыхьэ япэ махуэшхуэр нэхъыфIхэм, нэхугъэкIэ гъэнщIахэм ящыщщ. А махуэр дэтхэнэ зым и дежкIи лъапIэщ икIи дэтхэнэмкIи мыхьэнэ хэха иIэщ. ШколакIуэхэм я дежкIэ ар щIэныгъэм хуач лъэбакъуэщIэщ. Курыт еджапIэр къэзыуххэм я дежкIэ ар гъащIэм къыщыхахыну гъуэгур зыхуэдэнур щаубзыху илъэсщ. ЕгъэджакIуэхэм я дежкIэ ар зыхуэпэж IэнатIэм щыпэрыувэж, фIыуэ ялъагъу я еджакIуэхэм щаIущIэж пIалъэщ. ИкIи псом хуэмыдэжу пIейтейуэ, пэплъауэ абы IуощIэ япэ классым кIуэ, еджапIэм и бжэщхьэIум ебакъуэ цIыкIухэр. Ныбжьэгъу лъапIэхэ, фи дежкIэ щIедзэ еджэгъуэ зэман удэзыхьэхым, абы и дэтхэнэ зы махуэми щIэ куэд, гъэщIэгъуэнхэр къыфхуздихьынущ.
Хабзэубзыху органым и унафэщIыр къытеувыIащ ныбжьыщIэхэм гъэ еджэгъуэщIэм щыщIадзэж унэщIэр зэрыдахэр, зэрыдыгъафIэр, иджырей зэманым зэрыхуэкIуэр, ауэ абы зэримызакъуэр. Ар къызэгъэпэщащ иджырей техникэ Iэмэпсымэ нэхъыфIхэмкIэ, Iуэху щхьэхуэхэм щыхурагъэджэну классхэри хэтщ.
- ФIагъ лъагэ зиIэ щIэныгъэ зэвгъэгъуэтыным и мызакъуэу, фыдэзыхьэх Iуэхухэм зыщыхуэвгъэ­сэн, фхэлъ зэчиягъэм, спортым щывиIэ зэфIэкIхэм зевгъэужьын папщIи мыбдежым фызыхуей псори щывгъуэтынущ. ЖыпIэнурамэ, мы школым уще­джэну ухуейщ, мы школым ухуэсакъыну ухуейщ. ИкIи сэ икъукIэ сыщогугъ фщыщ дэтхэнэ зым дежкIи ар етIуанэ унэ хъуну, - захуигъэзащ Егоровэ Татьянэ ныбжьыщIэхэм.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым зэхуэсым хэтхэм ягу къигъэкIыжащ егъэджэныгъэ IэнатIэм республикэм сыт щыгъуи гулъытэ хэха зэрыщы­хуащIыр:
- Иужьрей илъэсхэм ди къэралым хэлъхьэныгъэшхуэ хуещI къытщIэхъуэ щIэблэм зегъэу­жьыным, ахэр лъэ быдэкIэ гъащIэм хэувэным. Къапщтэмэ, ди республикэм и закъуэ мы фи еджапIэщIэм хуэдэ зыбжанэм нобэ лэжьэн щыщIадзэ. ЕджапIэ куэд къызэIуахыжащ зэIузэпэщ ящIа, ирагъэфIэ­кIуа нэужь. ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ ухуакIуэ­хэми, мы Iуэху дахэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIу ЩIэ­ныгъэхэм я махуэм ирихьэлIэу мыпхуэдэ саугъэт ныбжьыщIэхэм яхуэзыщIа псоми.
Республикэм махуэшхуитI зэуэ зэригъэлъапIэр къыхигъэщри, Егоровэ Татьянэ зэIущIэм хэтхэм ехъуэхъуащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмкIи:
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я дежкIэ нобэ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэщ нэгъуэщI зы махуэшхуэри - ар фIыуэ тлъагъу ди республикэм и махуэрщ. Фэ ныбжьыщIэ цIыкIухэрщ абы и къэкIуэнур. Сыт щыгъуи фигу ивгъэлъ фэ еджэным щызыIэ­рывгъэхьэ ехъулIэныгъэхэр ди Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм, ар ефIэкIуэным хуэфщI хэлъ­хьэныгъэу зэрыщытыр. Нэхъыщхьэ дыдэр фэ цIыху щыпкъэу, ди Хэкуми фыщалъхуа щIыпIэми я хэкупсэ нэсу фыкъэхъунырщ. Си псэм къыбгъэ­дэкIыу сынывохъуэхъу махуэшхуэхэмкIэ. Сыхуейщ еджэ­ныр къывэмыгугъуэкIыу, ффIэгъэщIэгъуэ­- ну щытыну. ОценкэфIхэр куэду фи дневникхэм  итыну, дэрэжэгъуэ, ехъулIэныгъэ фи куэду фыпсэуну.
Зэхуэсым хэтхэм махуэшхуэхэмкIи еджапIэщIэр къызэрызэIуахамкIи ехъуэхъуащ Ульбашев Мухьэрбий. Абы къыхигъэщащ мы зэманым «Егъэджэныгъэ» программэм хэту еджакIуэхэм папщIэ мыпхуэдэ ухуэныгъищэхэр нэгъуэщI щIыналъэхэми къызэрыщызэIуахыр, сабийхэм ехьэлIа Iуэхухэм адэкIи заужьын папщIэ къэралым куэд дыдэ зэрызэфIигъэкIыр. Сенаторым щхьэхуэу захуигъэзащ егъэджакIуэхэм икIи сабийхэм я зэфIэкIыр, абыхэм IэщIагъэу я гъащIэм къыщыхахынур зы­хуэдэнур, я узыншагъэмрэ дэрэжэгъуэмри абыхэм зэрелъытар къыхигъэщащ.
Борсэ Юрэ республикэм и унафэщIхэм, ухуа­кIуэхэм, еджапIэр щIыным хэлIыфIыхьа псоми фIыщIэ яхуищIащ. Апхуэдэуи ари къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ икIи гъэ еджэгъуэщIэр купщIафIэу кърахьэлIэну зэригуапэр жиIащ.
ЛентI плъыжьыр зэпыупщIын пщIэр лъагъэсащ Егоровэ Татьянэ, Ульбашев Мухьэрбий, Борсэ Юрэ.
ЕджапIэщIэм и бжэхэр къызэрыхузэIуахамрэ ЩIэныгъэхэм я махуэмрэ ирихьэлIэу еджакIуэхэм теплъэгъуэ нэгузыужьхэр ягъэхьэзырати, абыхэм я гуапэу еплъащ хьэщIэхэр. Зэхыхьэм и кIэух Iыхьэу япэ уэзджынэр къеуащ икIи еджакIуэхэр япэ дерсым ирагъэблэгъащ.
ХьэщIэхэри щIашащ еджапIэм икIи абы зыщрагъэплъыхьащ. ЕджапIэр унитхуу зэхэтщ, дэтхэнэри зэпыщIауэ, унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм хуэгъэпса классхэр хэтщ, зыхуей техникэкIэ, унэлъащIэкIэ, ныбжьыщIэхэр еджэным зыщыхуеину псомкIи къызэгъэпэщащ.
УзыщыгуфIыкIхэм ящыщщ къызыхуэтыншэу къызэгъэпэща, цIыху 350-рэ зыщIэхуэну актовэ пэшыр.
ЕджапIэм спортым зыщыхуагъэсэну пэшитI хэтщ, я ныбжькIэ зэхэдзауэ ядэлэжьэн папщIэ зыхуеину Iэмэпсымэ псори щIэтщ, къимыдэкIэ, лэжьыгъэм щыхуагъэхьэзырыну лъэщапIэхэри яIэщ. Псом хуэмыдэу къыхэгъэщыпхъэщ хъыджэбз цIыкIухэр дэрбзэр IэщIагъэм, щIалэ цIыкIухэр IэпщIэлъапщIагъэм щыхуагъэсэну пэшхэр. 
Апхуэдэу, еджапIэм топджэгу губгъуэ, зэпеуэхэр щекIуэкIкIэ кърихьэлIэнухэм папщIэ тIысыпIэхэри хэту; баскетболым, волейболым зыщыхуагъэсэнухэри, къыщажыхьыну лъагъуэ цIыкIухэри, воркаут-щIыпIи, иджырей библиотеки, шхапIи, пщэфIапIи яIэщ.
ХьэщIэхэм къыхагъэщащ еджапIэщIэр иджырей мардэхэм зэризагъэр икIи мыбдеж сабийхэм щIэныгъэфI щагъуэтын папщIэ зыхуеину псомкIи къызэрызэгъэпэщар.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2025 - 09:13

Аруан щIыналъэм щызэфIагъэкIахэмрэ къапэщылъхэмрэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит.

17.11.2025 - 09:12

Къэбым зэхуишэсахэр

Мы бжьыхьэ махуэхэм Налшык къалэм и НыбжьыщIэ ­театрым и гупэм къит Свободэ жыг хадэ цIыкIур таурыхъым и дуней телъыджэми ярейт. Абы щагъэлъэпIащ къэбым и махуэр.

17.11.2025 - 09:11

Дэфтэр нэхъыщхьэм хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и комитетхэм я зэIущIэхэм депутатхэмрэ республикэм и министерствэхэм я лIыкIуэхэмрэ зэгъусэу щытеп­сэлъыхьащ «КъБР-м и бюджетыр 2026 гъэм, 2027 - 2028 гъэхэм ятещIыхьауэ» щIына

17.11.2025 - 09:11

Шынагъуэншагъэр къалъытэ

УФ-м къэрал кIуэцI Iуэху­хэм­кIэ и министерствэм ­Тран­­с­пор­тымкIэ и управленэу КИФЩI-м щыIэм и унафэщI, полицэм и генерал-майор Шмет­ков Виктор КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукI

16.11.2025 - 10:01

Дохутырхэр Мелитополь щыIащ

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт щIэныгъэ IуэхущIапIэм и дохутырхэр иджыблагъэ Запорожье областым щыIащ сымаджэхэм еплъыну.