ЕтIанэгъэ ядэжынукъым

2026 гъэм щIышылэм и 20-м щегъэжьауэ Урысей Федерацэм балигъ мыхъуа, зи ныбжьыр илъэс 14 иримыкъуа и цIыхухэр УФ-м ирагъэкIынукъым хамэ къэралхэм кIуэну хуит зыщI паспортхэр  ямыIэу. Иджыпсту абы щхьэкIэ адэ-анэхэр зыхуей хъур сабийр къызэралъхуам щыхьэт техъуэ дэфтэрым и закъуэщ, щыжаIащ УФ-м автомобиль гъуэгухэм якIэлъыплъынымкIэ и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм.

Къэралым уикIыным-укъихьэным ехьэлIа а хабзэщIэр къыщыгъэлъэгъуащ къэрал закон №257-м. Псалъэм папщIэ, япэм щыгъуэ паспортыншэу сабийхэр здашэу щыта, УФ-м и ныбжьэгъу  Абхъазым, Белоруссием, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Осетие Ипщэм, нэгъуэщIхэми,  ахэр дяпэкIэ ягъэкIуэнукъым, ар ямыIэу.  

Япэм зи ныбжьыр илъэс 14 иримыкъуа сабийр хамэ къэралхэм щызэдашэ къыщыхъухэм деж, абы и цIэ-унэцIэр адэ-анэм языхэзым и паспортым иратхарэ мыхъур абы трагъэуэжу щытмэ, Iуэхур зэфIэкIырт. Иджы сабийм дэтхэнэ лъэныкъуэкIэ имыгъэзами, хамэ къэралхэм укIуэну хуит узыщI паспортыр имыIэу хъунукъым.

Абы къыхэкIыу, УФ-м автомобиль гъуэгухэм якIэлъыплъынымкIэ и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэхэм адэ-анэхэр къыхураджэ, законым къару щигъуэтыну зэманыр къэмыс щIыкIэ, сабийхэм паспортхэр хуагъэхьэзырыну. Абы зы мазэм щIигъу ихьынущ. Паспортыр МФЦ-м е Госуслуги IуэхущIапIэм къыщаIах хунущ, абы щхьэкIэ зыхуейну дэфтэрхэр щIалъхьэу щытмэ, къэрал пошлинэу сом мини 3 ятынущ.

Псалъэм и хьэтыркIэ, Росстатым къызэритамкIэ, 2024 гъэм УФ-м икIыу Белоруссием щыIащ цIыху мин 350-рэ, Абхъазым – цIыху мин 696-рэ. «Аэрофлот»-ми къигъэлъэгъуащ Мэзкуу къалэм илъэтыкIыу хамэ къэралым кIуахэм я нэхъыбэр Минск къалэм нэгъабэ зэрашар. «Туту» турист IуэхущIапIэми етх, 2024 гъэм Урысей Федерацэм икIыу Абхъазым кIуа унагъуэ къэс ебланэм билетхэр я сабийхэм къызэрыхуащэхуар. Къэзахъстанымрэ Къыргъызстанымрэ нэгъабэ щыIахэм я бжыгъэр мыбдеж щынэхъ мащIэщ. Иджы, дауэ хъуми, абыхэм псоми иджыри кIэрыхунущ, сабийхэм я паспортхэм текIуэдэну зэманымрэ ахъшэмрэ я зэранкIэ.

ХэзыщIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ IуэхугъуэщIэхэр къыщIрахьэжьам и щхьэусыгъуэхэм хохьэ, сабийр къызэралъхуам щыхьэт техъуэ дэфтэр нэпцIхэр къагъэсэбэп, хамэ къаралхэм ираш цIыкIур зейр зэхэбгъэкIыну нэхъ гугъу зэрыхъуахэр. Апхуэдэуи, псом нэхъыщхьэжыр, зи ныбжь иримыкъуа цIыхум и шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынырщ.

КЪУЭЖЕЙ Iэмин.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.06.2026 - 09:11

ЯгъэткIиинущ кIэлъыплъыныгъэр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ Пятигорск ­къалэм щригъэкIуэкIащ КИФЩI-м ­хабзэр къызэпауду мылъку щы­зэ­Iэпызыххэм

11.06.2026 - 09:10

Урысей Федерацэм и цIыхуу ущытыныр пщIэшхуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 26-м дыгъуасэ Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Парламентым щратащ.

10.06.2026 - 15:37

ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ

Тэрч щIыналъэм хиубыдэ Дей – Акъбащ Ипщэ – Терекскэ автомобиль гъуэгум щыщ Iыхьэр, Белоглинскэ къуажэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.

10.06.2026 - 09:03

И лъахэгъухэр егъэгушхуэ

Тырныауз къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зэрихьэу дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъэпIащ тхьэмахуитI ипэ­кIэ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дыщэ медаль ещанэу къы­щызыхьа Локьяев Жамболэт.

10.06.2026 - 09:03

Унагъуэхэм я дэIэпыкъуныгъэщIэ

2026 гъэм мэкъуауэ­гъуэм и 1-м щегъэжьауэ уна­гъуэхэм зэрызыщIа­гъа­къуэ IэмалыщIэ къыхалъ­хьащ. Ар тещIыхьащ ла­жьэу IэнатIэ Iут, сабиитI е нэхъыбэ зиIэ адэ-анэхэм.