Зи хэхъуэр нэхъыбэхэр

2025 гъэм и япэ мазихым къриубыдэу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щата пенсэхэм я мащIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр япэ итхэм хыхьащ - сом мин I9,4-рэ, къитащ иджыблагъэ УФ-м и Соцфондым. КИФЩI-м щыщу, ди республикэм нэмыщI, пенсэ цIыкIухэр щатхэм хиубыдащ Дагъыстэнымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ, нэхъыбэ дыдэ къэзыхьыр Чукоткэм щыпсэухэрщ – сом мин 41,6-рэ.

Дызэрыт илъэсым и япэ мазихым къриубыдэу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щат пенсэм и куэдагъыр зэщхьэщыкIащ сом мин 22,2-рэ хуэдизкIэ. Апхуэдэу щытми, къэралым и цIыхухэм мазэ къэс къахь пенсэм и куэдагъыр ику иту сом мин 25-м нызэрыхьэсащ. Апхуэдэу щIэхъуам и щхьэусыгъуэр - щIыналъэхэм я цIыхухэм я хэхъуэмрэ пенсэ ахъшэм къыдыщIагъумрэ зэрызэщхьэщыкIырщ.

ЖыпIэнурамэ, Росстатым къызэритамкIэ, 2025 гъэм и мэкъуауэгъуэм улахуэ нэхъ ин дыдэ щатар Чукоткэмрэ – сом мин 220-рэ, Ямало-Ненецкэ округымрэщ – сом мини I83-рэ. Нэхъ мащIэ дыдэ къыщахьыр Ингушымрэ – сом мин 47-рэ, Шэшэнымрэщ – сом мин 52-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мин 6I-м щынос ар. 

НэхъапэIуэкIэ къызэратамкIэ, дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ ди республикэм и цIыхухэм я хэхъуэр процент 24,5-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Къалмыкъым иужькIэ, къэралым щыетIуанэщ а бжыгъэр.

2025 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу УФ-м щыпсэухэм я хэхъуэр ику иту процент 17,9-кIэ нэхъыбэ хъуауэ щытащ, 2024 гъэм и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ, къэралым щыщыIэ инфляцэми фIыуэ щхьэщыкIыу. Ар къызыхэкIар, улахуэм зэрыхагъэхъуамрэ пенсэхэмрэ пособиехэмрэ индексацэ ящIауэ зэрыщытамрэщ. Банкхэм ирагъэхъумэну цIыхухэм халъхьа я ахъшэр нэхъыбэ зэрыхъуари хэтщ абы.

ЦIыхухэм я хэхъуэмкIэ рейтингым япэ увыпIэр щиIыгъащ Къалмыкъым (процент 26-рэ), етIуанэр Къэбэрдей-Балъкъэрырщ – процент 24,5-рэ. АдэкIэ къыкIэлъокIуэ Къэрэшей-Шэрджэсыр (процент 21,5-рэ), Удмуртыр (процент 21,3-рэ), Новгород Ищхъэрэ областыр (процент 20,3-рэ), Краснодар крайр (процент 20,3-рэ). 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.11.2025 - 15:59

И щхьэпагъыр наIуэ ящI

Узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн зэрамыдэм къишэ гугъуехьхэм теухуа зэIущIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.

12.11.2025 - 09:13

ЩIалэгъуалэм ягъуэт гулъытэм хохъуэ

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ щIалэгъуалэ политикэм зегъэужьынымкIэ егъэджэныгъэ курсхэу «Къуэдзэхэм я школ» фIэщыгъэр зиIэ зэхыхьэм кърихьэлIахэм.

12.11.2025 - 09:11

Илъэс 90-р ягъэлъапIэ

Шэрэдж районыр бжыгъэ дахэ зэрырикъум теухуа зэхыхьэшхуэ щекIуэкIащ Къэщкъэтау. Абы хэтыну зэхуэсахэм псом япэу удз гъэгъахэр тралъхьащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым. 

12.11.2025 - 09:10

Миланэ и щIыхькIэ

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием тхьэмахуэ кIуам щагъэ­лъэпIащ Китайм и Уси къалэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым и дыжьын ме

11.11.2025 - 12:00

КъыщIагъэкIым и куэдагъым хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым ерыскъыхэкIхэмкIэ и промышленнэ индексыр проценти 102,2-рэ хъуащ.