Адыгэ цIыкIухэм я тхылъ!![]() «Адыгэ цIыкIу» сабий гъэсапIэм иригъэкIуэкIащ я гъэсэнхэм папщIэ къыдагъэкIа «Адыгэбзэ» тхылъым теухуа пшыхь. Тхылъым фыхэзгъэгъуэзэныр езгъэжьэнут абы пэублэ хуащIа хъыбар цIыкIумкIэ, сабий гъэсапIэм и дунейр зэрытелъыджэр къэзыгъэлъагъуэмкIэ: «Iэдэмрэ Данэрэ пщIантIэм джэгуу дэту, адыгэш къалъэгъуащ. Шым щыбгъэдыхьэкIэ, щIыпIэ телъыджэм къыщохутэ. А дакъикъэм щыщIедзэри, сабийхэм я дунейм зехъуэж. - Дэнэ дыкъыщыхутар? - Фымыгузавэ, фэ адыгэбзэр щыбзэрабзэ щIыпIэм фыщыIэщ. Мыбдеж адыгэбзэ щызыдогъащIэ. Макъхэр фIыуэ къыдопсэлъ, къеджэкIэ зыдогъасэ, - жиIащ шы цIыкIум. - Сыту гъэщIэгъуэн! – пщащэр къэгуфIащ. - ДызэрывгъэцIыху! Сэ си цIэр Шабзэщ. Мы къэралыгъуэм зэреджэр «Адыгэ цIыкIущ». Мыбы псори щызэроцIыху. - Сэ си цIэр Iэдэмщ. Си шыпхъу нэхъыщIэм – Данэщ, - жи щIалэ цIыкIум, - Си гуапэщ! - Фэ цIыкIухэм адыгэбзэр фIыуэ зэвгъэщIэну фыхуейщ. Пэжкъэ? - НтIэ, дыхуейщ. Дадэрэ нанэрэ я деж дыкIуэжмэ, дгъэгуфIэнущ! - Фыкъеблагъэ «Адыгэ цIыкIу» еджапIэм! Адыгэбзэм нэмыщI, дуней псом щыцIэрыIуэ Адыгэ хабзэм щыгъуазэ фыхуэтщIынущ, - жи Шабзэ. Абдежым ныбжьэгъу щызэхуохъу адыгэшымрэ ныбжьыщIэхэмрэ». Мы тхыгъэ цIыкIум хэтщ сабийм и гур къизыгъэгуфIыкIын, зыгъэгушхуэн, фIым къыхуезыджэн псори: адыгэбзэм и дунейр зэрытелъыджэр нэрылъагъущ, цIыкIухэм къайхъулIэхэм я дадэ-нанэхэр зэрыщыгуфIыкIыр щыжыIащ, адыгэм егъэлеяуэ пщIэ зыхуищI псэущхьэм - шым - цIыкIухэр ныбжьэгъу хуищIащ. АдэкIэ къэкIуэнущ макъхэм, хьэрфхэм, пычыгъуэхэм, псалъэхэм, тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэм я дунейри! Сабийм къыгурыIуэн бзэкIэ гъэпсауэ, сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ къулейуэ зэхэгъэува хъуа тхылъым ит усэ цIыкIухэм, теплъэгъуэхэм, фIэхъус зэхыкIэхэм, хъуэхъухэм, рассказ кIэщIхэм къеджащ тхылъыр къызыхудагъэкIа адыгэ цIыкIухэр. Налшык, Пушкиным и уэрамым тет централизованнэ къалэ библиотекэм, къыщызэрагъэпэща пшыхьыр иригъэкIуэкIащ Къуэныкъуей Залинэ. - Адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ Iыгъынырщ «Адыгэ цIыкIу» сабий гъэсапIэм и унафэщIри и егъэджакIуэхэри хабзэ нэхъыщхьэу зытетыр. Абы къызэщIеубыдэ пэжыгъэри, цIыхугъэри, анэдэлъхубзэм хуэщIыпхъэ пщIэри, нэгъуэщI куэди. Адыгэ цIыкIухэр ягъасэ адыгэбзэр ящIэу, хабзэмрэ щэнхабзэмрэ я гум илъу, - жиIащ абы зэхуэсахэм захуигъазэу. - «Адыгэ цIыкIу» сабий гъэсапIэм тхылъ къыдэдгъэкIащ. Ар щхьэусыгъуэ дахэ тхуэхъуащ нобэ дызэIущIэну, абы дытепсэлъыхьыну, ди гъэсэнхэр утыку къитшэну. «Адыгэбзэ» тхылъымкIэ сабийхэр еджэнущ: хьэрфхэр зэрагъэцIыхунущ, макъхэр фIыуэ къапсэлъу, пычыгъуэхэр зэпагъэувэфу, псалъэухахэр зэхагъэувэу, итIанэ тхыгъэ кIэщIхэми къеджэфу зрагъэсэнущ. Тхылъым и мыхьэнэр нэхъри щIагъэбыдэ ди егъэджакIуэхэр зэрыгумызагъэм, зэрынабдзэгубдзаплъэм, ялэжьым ягурэ я псэрэ зэрыхалъхьэм. Адыгэбзэм и макъхэр нэхъ къабзэу къэзыпсэлъхэри, макъхэмрэ хьэрфхэмрэ яджын щIэзыдзахэри – псори адыгэбзэм и дуней телъыджэм хэдгъэгъуэзэну тфIэфIщ, - жиIащ «Адыгэ цIыкIу» сабий гъэсапIэм и гуащэ Къармэ Iэсият. Анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъу цIыкIухэр щагъэфIа пшыхьыр къызэIуахащ сабий нэхъыщIэхэм. Къэшэж ФатIимэ и гъэсэнхэр утыкум къришащ псынщIэрыпсалъэхэмкIэ зэпригъауэу, усэкIэ зэпэджэжу, псалъэ шэрыуэхэр жаIэу. Къумахуэ Маринэ игъасэхэм лъэщу зыкъыщагъэлъэгъуащ адыгэ джэгукIэхэм. «Адыгэ цIыкIум» и егъэджакIуэхэу Тэтэр Iэминэрэ Щомахуэ Алёнэрэ ирагъаджэ сабий нэхъыжьхэм я зэфIэкI къыщагъэлъэгъуащ усэ къеджэнми, щIыуэпсым тепсэлъыхьынми, «Адыгэбзэ» тхылъым ит пычыгъуэхэр зэпадзыжынми. «IэпэIэсэм» хуезыгъаджэ Щоджэн Дианэ игъасэ пщащэ цIыкIухэм адыгэ тхыпхъэхэр хадыкIащ. ЦIыкIухэр шыкIэпшынэ еуэу зыгъасэ ХьэхъупащIэ Астемыр и еджакIуэхэу Къармэхэ Камилэрэ Iэдэмрэ и гъусэу пшыхьыр ягъэдэхащ. Сабий гъэсапIэм и лэжьыгъэр игу зэрыдыхьэм тепсэлъыхьащ, абы зи бын зышэ адэ-анэхэм фIыщIэ яхуищIащ, «Адыгэ цIыкIум» и гъэсэнхэр къыдэкIуэтеймэ, лъэпкъым къуэувэну зэрыщыгугъым тепсэлъыхьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий: - Курыт еджапIэхэм адыгэбзэмкIэ дерсхэр нэсу къызэгъэпэща щыхъуу схужыIэнукъым мы зэманым. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу солъагъу сабийхэм я нэхъыжь зыкъомым бзэм пщIэ зэрыхуамыщIыр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, адэ-анэ куэд еджапIэ унафэщIхэм зыхуагъазэ «дэ адыгэбзэ дыхуейкъым, адыгэбзэ еджэ гупым дакъыхэвгъэкI» жаIэу. Апхуэдэ емыкIум еплъытмэ, «Адыгэ цIыкIу» сабий гъэсапIэм щытлъагъур ди гур фIы къытхуэзыщI защIэщ. Нобэ мы библиотекэм къекIуэлIа адэ-анэхэм фIыщIэшхуэ фхузощI щапхъэу вгъэлъагъуэм, фи быным лъэпкъ гупсысэ зэрыхэфлъхьэм, анэдэлъхубзэр зэраIурыфлъхьэм, хабзэм тету ахэр зэрывгъасэм папщIэ. Къармэ Iэсият и IуэхущIапIэм кIуэ цIыкIухэм адыгэбзэм и закъуэкъым зрагъащIэр, атIэ ахэр дихьэх мэхъу лъэпкъ хабзэми, щэнхабзэми, нэмысми, адыгэ дуней тетыкIэми. Хэт дэнэ щымыIэми, адыгэр зи бзэрэ зи хабзэрэ зыхъумэн Тхьэм дищI! – жиIащ ДАХ-м и Тхьэмадэм. Абы «Адыгэ цIыкIу» гъэсапIэм тыгъэ хуищIащ адыгэ таурыхъхэр щызэхуэхьэса тхылъыр. Дунейпсо адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ гупым хэт, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Табыщ Мурат тепсэлъыхьащ адыгэбзэм теухуа мыпхуэдэ IуэхуфIым и гур къызэрыщIиIэтэм: – УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым дунейм къытехьа лэжьыгъэщIэм, екIуу гъэщIэрэщIауэ, зи купщIэр сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ къызэкъуэцIахыу ягъэхьэзыра «Адыгэбзэ» тхылъым. Апхуэдэ къыдэкIыгъуэхэм хуабжьу дахуэныкъуэщ. Дызэрыт щытыкIэр къэплъытэмэ, еджэныгъэм щымащIэ нэрылъагъу щIэныпхъэхэр лэжьыгъэ хьэлъафIэкIэ зыгъэкIуатэ Iуэхугъуэщ. Уи гуащIэу тебгъэкIуэдам и хъер плъагъуу узыншэу Тхьэм уигъэлажьэ, уи зэфIэкIхэм къахэхъуэу, уи гупсысэхэр нэрылъагъу хъууэ уи IэдакъэщIэкI и шхыгъуэ Тхьэм уригъахуэ! Адыгэбзэр езыр фащэщ. Фащэр къыптещын, узыгъэдэхэн хуей лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэщ. Ди гъащIэм фащэм хуэфащэ увыпIэр зэригъуэтыжрэ, шэч хэмылъу, щIэщыгъуэр нэхъыбэ хъуащ. Иджы девгъэгупсысыт, абы адыгэбзэр щIыдгъужмэ, диIэ хъуну щытыкIэ телъыджэм? Ди адэжьхэм дахуеплъэкIыу, абыхэм къащIэна щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр дгъэщIагъуэу дыщытщ, ауэ сыт жагъуэ-тIэ а псори къызэрыгъэщIа бзэр тIасхъапIэ зэрихуэр. Мы тхылъым анэдэлъхубзэм и IэфIри, и дахэри, и куупIэри сабийм зэрызыхищIэнум хуэдэу зэхэгъэува хъуащ. Абы толажьэ сурэтхэри, абы хуэгъэзащ текстхэри, а лъэныкъуэм хуэщIащ тхылъым и зэхэгъэувэкIэри. Сыщогугъ «Адыгэ цIыкIу» еджапIэм и зыужьыныгъэр мы лэжьыгъэшхуэм къыдэкIуэну, адыгэбзэм и мыхьэнэр къызыгурыIуэ щIэблэр ягъасэу, лъэпкъыр утыку дахэ изыгъэувэжын ныбжьыщIэхэр мымащIэу а тхылъымкIэ ягъэгъуэзэну. Гъуэгу махуэ теувэну си гуапэщ! – ехъуэхъуащ Мурат «Адыгэ цIыкIум» и лэжьакIуэхэм, абыхэм я гъэсэнхэм. - Я гуи я пси хыхьэу мы утыкум ита сабийхэм яIурылъ бзэ IэфIыр кIуэдыжынуи?! Хьэуэ, сэ къысщыхъуркъым ар кIуэдыжыну. Мы дунейм лъэпкъ тетхэщ Iэпхъуэшапхъуэу псэууэ, хэхауэ зыщыпсэуну зы щIыпIэ щемытIысэхыу. Дэ ди щIыналъэ диIэжщ, ди лъэпкъыбзэ тIурылъщ, ди хабзэщи, сыткIи узыгъэгушхуэщ. Анэдэлъхубзэм и зы лъагъуэ дахэщ нобэ дызэхуэзышэсар. «Адыгэ цIыкIум» и гуащэ Iэсият, егъэджакIуэхэм сохъуэхъу я IэщIагъэм и хъер ялъагъуну, адыгэ сабийхэм бзэм и IэфIыр гурэ псэкIэ зыхащIэну! – жиIащ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и лэжьакIуэ, тхакIуэ Мэлей ФатIимэ. - «Адыгэбзэ» тхылъым лъэпкъым фIы къытхудигъакIуэ! Мы фэ фщIэмрэ влэжьымрэ щапхъэ дахэщ. Нобэ мы Iуэхум кърихьэлIа дэтхэнэми адыгэбзэр зэрихъумэнырщ игу илъыр. Сэри абыхэм сащыщщ. Адыгэбзэм и кууагъыр нэсу къэхута хъуакъым иджыри. Абы хэлъщ щIэныгъэр здынэсын хуей куэд. Iэсият, мыр уи япэ тхылъщи, куэд къыкIэлъыкIуэну Тхьэм жиIэ, - жиIащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Умэт Мурат. «Адыгэ цIыкIум» и егъэджакIуэхэм къабгъэдэкIыу къэпсэлъащ Къумахуэ Маринэ. - Зеикъуэ жылэм щыщу гъащIэм сызыхуишахэмрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ цIыхугъэ схуэхъуахэмрэ егъэлеяуэ зэчиифIэу къыщIокIхэр. Абы и щхьэусыгъуэри сщIэркъым. ЩIэныгъэкIи, цIыхугъэкIи, хабзэ-нэмыскIи арэзы укъащIу апхуэдэхэщ. Абыхэм ящыщщ Къармэ Iэсият. КъызыдэкIа жылэм хуэфащэ дыдэщ, - жиIащ абы, гупым къабгъэдэкI тыгъэ дахэри я унафэщIым иритащ. АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ, «Адыгэ цIыкIум» зи щIалэ зышэ БищIо Iэсият сабий гъэсапIэм ехъуэхъуащ нэхъри ехъулIэну, зыхуей хуэзэну, лэжьыгъэфI куэдым хунэсыну. Пшыхьым кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ Къармэ Iэсият. ЖиIащ «Адыгэбзэ» тхылъыр зэпэщ хъуным куэдым я гуащIэ зэрыхэлъыр. - Илъэсищым щIигъуауэ долажьэ «Адыгэ цIыкIур». Мы тхылъри и Iэужьщ а зэманым къриубыдэу тхузэфIэкIам, дызыхуэкIуа гупсысэхэм. Ди IуэхущIапIэм и егъэджакIуэхэм я чэнджэщ куэд итщ тхылъым, адыгэбзэмкIэ щIэныгъэлIхэми я псалъэ жедгъэIащ мыр щызэхэдгъэувэм. «Адыгэбзэ» тхылъым ит сурэтхэм елэжьа Нэгъуей Iэминэ Къармэ Iэсият ехъуэхъуащ щIэныгъэрэ гу хуабагъэрэ зыхилъхьа тхылъыр махуэ хъуну, сабий, адэ-анэ куэд щыгуфIыкIыну. - Сэ куэду си гуапэщ мыпхуэдэ Iуэхугъуэ дахэм си Iыхьэ мащIэ зэрыхэслъхьэфар. Абы теухуауэ уи дзыхь къызэрызэбгъэзам папщIи фIыщIэ пхузощI, - жиIащ Iэминэ. «Адыгэ цIыкIу» сабий гъэсапIэр ефIэкIуэну, «Адыгэбзэ» тхылъыр цIыкIу куэдым ныбжьэгъу яхуэхъуну, лъэпкъым щIэблэ дахэ къытщIэхъуэну дохъуахъуэ! ГУГЪУЭТ Заремэ,
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









