Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Iуащхьэмахуэ районым. Абы щыгъуазэ зищIащ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхущIапIэхэр къанэ щымыIэу къэгъэщIэрэщIэжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым, унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм щытепсэлъыхьа сессием хэтащ, апхуэдэуи иригъэкIуэкIащ Тырныауз къыщыхъуа къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм я Iэужьхэр гъэкIуэдыжыным ехьэлIа зэIущIэ.
Мусуков Алий псом япэу щыIащ Тырныауз дэт «Геолог» спорт комплексым. Ар къызэIуахауэ щытащ илъэс 40 ипэкIэ икIи абы лъандэрэ къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным теухуа лэжьыгъэ зэи щекIуэкIакъым. Къалэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным теухуа программэм ипкъ иткIэ абы елэжьын щIадзащ 2024 гъэм и гъатхэм. Мусуков Алий жиIащ мы илъэсым и кIэухым ирихьэлIэу унэр зэгъэпэщыжыныр зэфIагъэкIыну къазэрыпэщылъым къыхэкIыу, лэжьыгъэхэр щIэгъэпсынщIэн зэрыхуейр. ИужькIэ абы зыщиплъыхьащ Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зыужьыныгъэмкIэ центрым. Илъэс 70 хъуащ ар зэрыщыIэри, абы нэгъэсауэ зэи кIэлъыIэбакъым. Мы зэманым унэм йолэжь щIыналъэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьынымкIэ программэм хыхьэу. Центрыр къатитIу зэтет унэхэу плIы мэхъу, дэтхэнэри зэпыщIауэ. Правительствэм и УнафэщIыр зэгъэпэщыжыныгъэр зи нэIэм щIэтхэм епсэлъащ. Къыхигъэщащ Тырныауз дэт социальнэ IуэхущIапIитIым лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIым езыр зэрыкIэлъыплъынур.
Мусуков Алий Iуащхьэмахуэ район администрацэм щахуэзащ щIыпIэм щыпсэухэм. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и цIэкIэ абы тырныауздэсхэм фIыщIэ яхуищIащ бадзэуэгъуэм къеха ятIэпсхэм я Iэужьхэр щагъэкIуэдыжым щIэгъэкъуэн зэрыхъуам папщIэ икIи къулыкъущIэ зыбжанэм фIыщIэ тхылъхэр яритащ.
АдэкIэ екIуэкIащ Тырныауз къалэмрэ Эльбрус къуажэмрэ я зыужьыныгъэм теухуа зэIущIэ зыубгъуа. А жылэхэр ящыщщ Урысейм и щIыпIэхэу щIыналъэм и экономикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ инвестицэ проектыщIэхэр щагъэзащIэхэм. Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ 2030 гъэ пщIондэ къалэмрэ къуажэмрэ ягъуэтыну социально-экономикэ зыужьыныгъэхэм ехьэлIа Iуэхухэм. Сессием апхуэдэу и гугъу щащIащ егъэджэныгъэ, узыншагъэр хъумэн IэнатIэхэм, ЖКХ-м я щытыкIэхэм. Апхуэдэуи къыщаIэтащ жылагъуэ зэхуэсыпIэхэр егъэфIэкIуэным егъэщIылIа Iуэхухэри.
ИужькIэ зэхэтащ ятIэпсхэр зыщIэуа щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыныр зэрекIуэкIым теухуа зэIущIэ. Районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Отаров Мухътар тепсэлъыхьащ къалэр зэрагъэкъэбзэжым, абы псэуныгъэм пыщIа IэнатIэхэр зэрыщызэфIагъэувэжым. Мы зэманым щыIэ щытыкIэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Надежин Михаил.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ гъуэгухэм, Герхожан-Су псым телъ лъэмыжым я щытыкIэм, апхуэдэу ятIэпс къех хъужыкъуэмэ, ар зэрыкIуэну кIэнауэр зэрырагъэфIэкIуэнум. Абы къыщыхагъэщхьэхукIащ псыхъуэр гъэкъэбзэныр къэрал IуэхущIапIэхэм я пщэ зэ-рыдэлъыр. Мы зэманым яубзыхуакIэщ ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэр зыхуэдизыр. ЗэIущIэм апхуэдэу къыщаIэтащ Iуащхьэмахуэ районым и ЖКХ-р дызыхуэкIуэ щIымахуэм зэрыхуэхьэзырыр. Нэхъыщхьэр, къыхигъэбелджылыкIащ Мусуков Алий, щIыналъэр, щызэблэу къэмыхъуу электрокъарукIэ, хуабэкIэ, псыкIэ къызэгъэпэщынырщ.
Абы къыдэкIуэу, Iуэхухэр зэгъэщIылIа министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ящIащ къапэщыт къалэнхэр зэрагъэзащIэм.
УЭРДОКЪУЭ Женя.