«Къэбэрдей-Балъкъэр» хъыбарегъащIэ IэнатIэм къызэригъэпэщри, дыгъуасэ Налшык къалэм ПечатымкIэ и унэм пресс-конференц щекIуэкIащ. Ар траухуат Урысей Федерацэм терроризмэм зэгъусэу щыпэщIэтыным и махуэм (фокIадэм и 3-м тохуэ). Фигу къэдгъэкIыжынщи, а фэеплъ махуэр ягъэуват 2004 гъэм фокIадэм и 1 - 3-хэм Беслъэн къалэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм иужькIэ.
Республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэмрэ блогерхэмрэ къаIущIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залымрэ КъБР-м и Прокуратурэм и къудамэм и унафэщI Шурдым Анзоррэ.
- ЗэрытщIэжщи, 2004 гъэм фокIадэм и 1 - 3-хэм Беслъэн къалэм къыщыхъуа террор щIэпхъаджагъэм цIыху 330-м щIигъу, нэхъыбэр сабийуэ, хэкIуэдауэ щытащ. Апхуэдэ Iуэхугъуэ шынагъуэхэр иужькIи къыщыхъуащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм. Ди республикэри абы щыгъуэм гугъуехьхэм хэтащ, къэрал къулыкъущIэхэми, хабзэхъумэхэми, хьэрычэтыщIэхэми щIэпхъаджащIэ гупхэр щатеуэ щыIэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я къарукIэ къызэтрагъэувыIэфащ IэщэкIэ узэда гупхэр. Ауэ, нобэми, а Iуэхур дызытеплъэкъукI мыхъунухэм ящыщщ, бзаджащIэхэм я мурадхэр IэщIыб зэрамыщIыр къэплъытэмэ. Нобэ дыхуейщ терроризмэм пэщIэтыным хуэгъэзауэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэм фыщыдгъэгъуэзэну, цIыхухэм я деж ахэр нэфхьэсыну, - жиIащ Къуэшырокъуэ Залым пэублэ псалъэу.
Шурдым Анзор тепсэлъыхьащ къаIэта Iуэхум мы зэманым мыхьэнэшхуэ зэриIэмрэ я лэжьыгъэр зэраубзыху щIыкIэмрэ.
Журналистхэмрэ хьэщIэхэмрэ тепсэлъыхьащ зи гугъу ящIым теухуауэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ къэрал IуэхущIапIэхэмрэ зэдэлэжьэным иIэ мыхьэнэм. «ЛъэныкъуитIми ди къалэнщ экстремизм гупсысэхэм цIыхухэр пэIэщIэ ящытщIыныр, жылагъуэ узыншэу, бэIутIэIуншэу дыпсэуным дытелэжьэныр. Абы щхьэкIэ къэрал IуэхущIапIэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр цIыхубэм я деж нэтхьэсын, социальнэ сетьхэм щызэбграгъэкI хъыбар нэпцIхэм пэIэщIэ тщIын хуейщ. Дауэ хъуми, терроризм Iуэхум хэтхэми цIыху нэхъыбэ зэрызэхашэн, къызэрыдахьэхын IэмалыщIэхэр къагупсыс. Абыхэм цIыхухэр ящытхъумэнырщ фэри дэри дызэлэжыр», - къыхигъэщащ Къуэшырокъуэм.
Шурдым Анзор жиIащ экстремизм гупсысэхэр цIыхухэм нэхъыбэу къызырахыр Интернетыр зэрыарар, абы и лъэныкъуэкIэ зэпымыууэ IуэхущIапIэм социальнэ сетьхэр зэрыщIипщытыкIыр. «Ди къэкIуэнур зэпхар щIалэгъуалэрщ, абыхэм хэхауэ ди нэIэ ятетын хуейщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэри Iуэху мыхъумыщIэхэм щыхэхуэ къохъу. Абы и зы щапхъэщ иджыблагъэ ныбжьыщIи 5 дубыдын хуей щIэхъуар. Мы зэманым абыхэм я Iуэхур зэхыдогъэкIри, уегупсысмэ, псори унагъуэ хъарзынэхэм къыщохъу. ЖысIэнуращи, дэхуэхакъым, гугъуехь пэщIэхуакъым, я гупсысэр пэжымкIэ унэтIын хуейуэ аркъудейщ», - къыхигъэщащ Шурдымым.
Абы теухуауэ Къуэшырокъуэ Залым дыщIигъуащ мы зэманым къэралым щIалэгъуалэм ядэлэжьэным гулъытэшхуэ зэрыхуищIыр. «Курыт школхэм зэман кIыхькIэ егъэджэныгъэ къалэным фIэкIа ямыгъэзащIэу щытамэ, иджы къэралым законкIэ щIигъэбыдащ гъэсэныгъэ лэжьыгъэри еджапIэм пщэрылъ зэрыщащIыр. ЦIыхур и узыншагъэм зэрегугъум ещхьу, абы и гъэсэныгъэми кIэлъыплъыпхъэщ, унагъуэм исхэм я деж къыщыщIэдзауэ зыхыхьэ жылагъуэм щыщIэкIыжу. Абы щыгъуэщ зэныбжьэгъугъэр, лъэпкъ зэхущытыкIэхэр, хэку лъагъуныгъэр зыхащIэу щIэблэр къыщытэджынур», - жиIащ Къуэшырокъуэм.
Ар къытеувыIащ 2005 гъэм и жэпуэгъуэм Налшык къалэм щIэпхъаджащIэхэр къызэрытеуэрэ илъэс 20 зэрыдэкIыжам, икIи абы ипкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм пщэрылъ къазэрыщищIар республикэм щрагъэкIуэкIыну фэеплъ Iуэхугъуэхэр зыгъэбелджылыну къызэгъэпэщакIуэ гуп зэхашэну. Апхуэдэуи ар тепсэлъыхьащ терроризм, экстремизм Iуэхухэм къыхэкIыжын мурад зиIэхэр гъащIэм хэгъэзэгъэжынымкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ комиссэр зэрылажьэ щIыкIэми. «ЦIыху лъэпэрэпам и къуаншагъэр къыщыгурыIуэжкIэ ди щIыб хуэдгъазэркъым, апхуэдэхэм дадэIэпыкъуну дыхьэзырщ», - къыхигъэщащ къэпсэлъам.
Журналистхэр щIэупщIащ языныкъуэ мессенджерхэр цIыхухэм къагъэсэбэпыну хуитыныгъэ ямыIэу фокIадэ мазэм ящIыну къызэрыхалъхьар сэбэп зэрыхъуну щIыкIэм. Къуэшырокъуэм жиIащ илъэс зыбжанэ хъуауэ къэпщытэныгъэ ирагъэкIуэкIахэм ар къызэрыхэкIар, иджы абыхэм я пIэ зэрырагъэувэр ди къэралым езым и Iэмалхэр. Абыхэм цIыхухэр щахъумэнущ хъыбар нэпцIхэмрэ Iуэху мыхъумыщIэхэмрэ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ нобэрей щIэблэр Интернетым къызэрипшын, абы зэрызебгъэужьын Iэмал куэд къэралым къызэригупсысым. Псалъэм папщIэ, октябрята, пионер, комсомол зэгухьэныгъэхэм я пIэ «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» жылагъуэ IуэхущIапIэр къызэриувар, абы къалэнышхуэ зэрызэфIигъэкIыр, щIалэгъуалэ центрхэм дэтхэнэ сабийми и къэухьым сыт и лъэныкъуэкIи зэрызыщрагъэужьыфынур, нэгъуэщIхэри.
КъаIэта Iуэхухэм ящыщщ уэрамым зыгуэр къыщыхъуамэ, дэIэпыкъуэгъу хъун зэрыхуейр ящыгъупщэу, телефонхэмкIэ видео трахыу зэрыщIадзэр, ар къызэремызэгъыр цIыхухэм я деж зэрынэхьэсыпхъэри къыхагъэщащ.
ЖаIар щIигъэбыдэжу, Къуэшырокъуэм щапхъэу къихьащ Лъэпкъ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ хабзэхэмрэ хъумэным ехьэлIауэ къэралыр зэлэжьыпхъэхэм и лъабжьэр УФ-м и Президентым и УнафэкIэ 2022 гъэм къызэрыдагъэкIар. «А дэфтэрыр хуэгъэзащ Урысейм щыпсэу дэтхэнэ лъэпкъми. Абы ехъумэ дгъэлъапIэ ди щIэинхэри, лъэпкъыбзэри, щэнхабзэри. Ди лъэпкъ гупсысэкIэр тхуэхъумэрэ щIэблэр тхуэгъасэмэ, къэкIуэн диIэнущ. Хэбгъэзыхьмэ, а дэфтэрым къыщыгъэлъэгъуахэр экстремизмэми зэрыпэщIэт Iэмалу къэплъытэ хъунущ», - дыщIигъуащ Къуэшырокъуэм.
БАГЪЭТЫР Луизэ.