Нэхъ лъэщхэр Грознэ макIуэ![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Кэнжэ къуажэм дэт спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ республикэм и щIыналъэхэм я бэнакIуэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 200-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Джэданэ Амырхъан, Къуэныкъуей Идар, Шыгъэлыгъуэ Аскэр, Къамбий Сэфарбий, Хъуран Къантемыр, Къущхьэкъан Амир, Шыкъ Эльнур, Къуэдз Алий, Мусуков Алим, Къумыкъу Алинэ, Баженовэ Изабеллэ, Акимовэ Дарье, Бобровэ Адэ, Къущхьэ Ясминэ, Щад Дилианэ сы- мэ. КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









