ДяпэкIи я нэIэ трагъэтынущ

Автомашинэхэмрэ цIыху­хэмрэ щызэхэзекIуэ гъуэгу­хэм къэ­ралым гулъытэшхуэ яхуещI, абы экономикэ зыу­жьыныгъэр зэрепхар къы­хэплъхьэжмэ, нэхъыщ­хьэу и нэIэ щIэтхэм ящыщ  мэхъу. Иужьрей илъэситIым къриубыдэу къэрал программэ зэмылIэужьыгъуэхэм я фIыгъэкIэ, ­Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгу­хэмрэ зекIуапIэхэмрэ хэпщIыкIыу ефIэкIуащ, куэд дыдэ зэрагъэпэщыжащ икIи къагъэщIэрэщIэжащ, къапщтэмэ, гъуэгу щIэуэ зыхуащIа щIыпIэхэ­-ри мащIэкъым. А лэжьыгъэр 2025 гъэми зэпыуркъым. Апхуэдэу гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу щIыналъэм гулъытэ хуэха хуещI курыт щIэныгъэ щрагъэ­гъуэт IуэхущIапIэхэм екIуа­лIэ гъуэгухэм.

Гъуэгуухуэхэм къы­зэ­ры­хагъэщымкIэ, цIыхум и шынагъэншагъэр абы бгъэ­дэплъхьэ щIэныгъэм дежщ къыщежьэр. Сабийхэм гъуэгум зэрыщызекIуэн хуейм ехьэлIа хабзэхэр къызэпкъ­рызых дерсхэр щIэх-щIэ­хыурэ къыхузэрагъэпэщ, пса­лъэмакъхэм къыщы­мы­нэу, нэрылъагъу лэжьыгъэ­хэри драгъэкIуэкI. Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджа­пIэхэр къапщтэмэ, ахэр цIыхухэр нэхъ щызэхэзекIуэ, уэрам зэблэкIыпIэхэр щынэхъыбэ, дыхьэпIэ-дэкIыпIэхэр мымащIэу здэщыIэ щIы­пIэхэм щыIэщ. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, курыт еджапIэ куэдым я Iэгъуэблагъэм гъуэгу хабзэхэм я дамыгъэхэр щыгъэуващ. Зы лъэныкъуэкIэ, цIыкIухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэ­щынымкIэ а Iуэхум мыхьэ­нэшхуэ егъуэт, нэгъуэщI лъэ­ныкъуэкIэ укъеплъми, а щытыкIэр сабийхэм нэры­лъагъуу дерс ептыным и ­фIагъышхуи къокIуэ. Мис а щхьэусыгъуэхэмрэ гъуэгу зе­кIуа­пIэхэр зыхуей хуэгъэзэ­нымрэ зэхэлъхьэжауэ, еджэгъуэщIэм щIимыдзэж щIы­кIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIиблым курыт еджапIэхэм екIуалIэ гъуэгухэм ­лэжьыгъэшхуэ иращIылIэ. ­Къэ­ралым щызекIуэ техни- кэ мар­дэхэм хуагъэкIуэж гъуэгу­хэр километр 15 мэхъу.
Александровскэ къуажэм (Бжэкъалэ) и Первомай уэ­ра­мым тет пэщIэдзэ еджапIэмрэ курыт еджапIэмрэ екIуалIэ гъуэгухэр зэрагъэ­пэщыжащ, гъуэгу дамыгъэ­хэмрэ зэпрыкIыпIэхэмрэ къы­хагъэщыжащ.
Нейтринэ къуажэм дэт курыт еджапIэмрэ Нейтринэ обсерваторэмрэ зэпэмы­жы­жьэу зы щIыпIэм итщ. Абыхэм екIуалIэ гъуэгур зыбжанэ лъандэрэ кумблIэмбу къе­кIуэкIырт, мызэ-мытIэу ядыжурэ ущыземыкIуэжыфу щытт. Мы лъэхъэнэм ирихьэ­лIэу гъуэгум телъ асфаль­тыжьыр зэрыщыту трах­ри, щIэ иралъхьащ, иджыри Iуэхугъуэ зыбжанэ гъуэгуухуэ­хэм къапэщылъщи, ахэри зэ­фIагъэкIыну я гугъэщ.
Балъкърэ Ингушлырэ зэ­зыпх гъуэгум километри 8 и кIыхьагъщ. Ар Малкэ къуа­жэм пхрокI, IуэхущIапIищым - курыт еджапIитIымрэ са­-бий гъэсапIэмрэ - уарешалIэ. Гъуэгухэр зэгъэпэ­щы­жы­ным ехьэлIа лэжьыгъэр зэ­фIэкIыным куэд иIэжкъым: гъуэгубгъухэм хагъэзэгъэ­жын хуэдэу, асфальтым и ищхьэ къатыр тралъхьэ, дамыгъэхэр ягъэхьэзыр.
Ташлы-Тала къуажэми зы курыт еджапIэщ дэтыр, ар Ле­ниным и цIэр зезыхьэ уэ­рамым тетщ. Абыи уезышалIэ гъуэгум мы далэм лэжьыгъэшхуэ иращIылIэ, шы­щхьэуIу мазэм и кIэхэм ирихьэлIэу зэфIэкIын хуейуэ щытщ.
Гъуэгу ухуэныгъэхэм пы­-щIа къулыкъущIапIэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ игъуэм зэгурыIуэныгъэхэр зэрызэращIылIам и фIыгъэкIэ лэжьыгъэхэри и пIалъэм щIадзэну Iэмал щыIэщ.
Гъуэгуухуэ лэжьыгъэхэр «ЩыIэныгъэр езыгъэфIа­-кIуэ ухуэныгъэхэр» («Инф­раструктура для жизни») лъэпкъ пэхуэщIэмрэ щIыналъэ бюджетым къыхэкI мылъкумрэ япкъ иткIэ йокIуэкI. Абы къигъэув къалэнхэм сыт хуэдизу цIыхухэм я шынагъэншагъэр къызэригъэпэщми, ахэр зи пщэ дэ­зылъхьэж IэщIагъэры­ла­жьэ­хэм яхь жэуаплыныгъэми куэд елъытащ.
- ЦIыху гъащIэм нэхъыщ­хьэ зэрыщымыIэр псоми къыдгуроIуэ. Абы къыхэкIыу а гъащIэм щыщ Iыхьэшхуэ цIыхухэм щагъакIуэ гъуэгур нэгъэсауэ къызэгъэпэщын хуейщ. Псом хуэмыдэу ди нэIэ тыдогъэт сабийхэр нэхъыбэу щызекIуэ щIыпIэхэм, тхузэфIэкIи къэдгъанэр­-къым абыхэм къыщыдгъэ­щIэрэщIэж е щIэуэ щытетлъхьэ гъуэгухэр щызе­кIуэхэмкIэ тынш, я шына­гъуэншагъэм хуэгъэпса хъун папщIэ», - жеIэ Малкэ къуа­жэм и гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэныр зи нэIэ щIэт Жэ­мыхъуэ Мухьэдин.
ШУРДЫМ  Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.06.2026 - 08:59

Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу.

15.06.2026 - 08:57

Шабзэм хуэIэзэхэр

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ и Кубокыр шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ къэ­хьы­ным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и спортсменкэ Кулюшинэ Янэ япэ увыпIэр щиубыдащ.

15.06.2026 - 08:57

Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ

Налшык и жьантIэу къалъытэ Бгыщ­хьэ хьэблэм укъыщыхутамэ, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тху­шэхэм гу лъумытэу уаблэкIыфынукъым.

15.06.2026 - 08:56

Пэнагуэ Казбек и фэеплъу

СССР-м самбэмкIэ спортым и мастер, а  спорт лIэужьыгъуэмкIэ Тэрч районым и япэ тренеру щыта Пэнагуэ Казбек и фэеплъ ­урысейпсо зэхьэзэхуэ «Тэрч-Олимп» спорт комп­лексым щекIуэкIащ.

14.06.2026 - 09:03

Сэлихь ягу къагъэкIыж

Накъыгъэм и 28-м къалъхуащ балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Гуртуев Сэлихь. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр зэхуэсащ ар ягу къагъэкIыжу и гъащIэмрэ и гуа­щIэмрэ и гугъу ящIын папщIэ.