Псапэ ящIэ

Школ щIэдзэжыгъуэм ирихьэлIэу, КъБР-м ис мус­лъы­мэнхэм я дин IуэхущIапIэм, «Помоги ближнему» сабий-ныбжьыщIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм, «Баракат» пса­пащIэ фондым, цIыхубзхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуныр къы­зэзыгъэпэщ «Жемчужина» жылагъуэ зэгухьэныгъэм жэрдэм ящIри, ныбжьыщIэхэм зэрытхэ Iэмэ­псы­мэхэр, зэрыджэгу хьэпшыпхэр, щыгъынхэр хузэхуахьэсащ. Дыгъуасэ тыгъэхэр иратыжащ хуэныкъуэхэм. 

- Мы Iуэхур езыгъэкIуэкIхэм я гъусэу, дэри илъэс къэс дыхущIокъу дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ унагъуэхэм я са­бийхэр школым хуэгъэхьэзырыным ди гуащIэ хэтлъхьэну. Дэ къыдгуроIуэ бынунагъуэшхуэхэм, хуэмыщIахэм я бынхэр школым хуагъэхьэзырыныр къазэрытехьэлъэр. Абы къы­хэкIыу нобэ мы псапэ Iуэхур къызэзыгъэпэщахэр зи ужь дитыр гугъуехь хэхуа унагъуэхэм гулъытэ яхуэтщIынырщ. Зым адрейм зыщIигъакъуэмэ, ди псэуныгъэри нэхъ тынш ­хъунущ. ФIыщIэ яхудощI щIэгъэкъуэн хъуну хуейуэ зыкъытхуэзыгъэзахэм, зи мылъку мыбы хэзылъхьахэм. Дыщогугъ нобэ сабийхэм яхуэдгуэш хьэпшыпхэм ахэр щыгуфIыкIыну, унагъуэхэм къахуэщхьэпэну, - жиIащ КъБР-м ис мус­лъы­мэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим.
Абы къызэрыджиIамкIэ, школ хьэпшыпхэр зэрылъ пакети 130-рэ ягъэхьэзыращ. Мыпхуэдэ псапэ Iуэху иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Шэджэм къалэм дэт мэжджыт нэхъыщ­хьэми. Абдеж портфель 50-м нэблагъэ хуэныкъуэхэм щратащ. 
«Баракат» псапащIэ фондым и унафэщI Беслъэней Бес­лъэн жиIащ «Сабийр школым хуэгъэхьэзыр» Iуэхум ахэр 2014 гъэ лъандэрэ зэрыхэтыр, республикэм щыпсэухэм ящы­щу мы жэрдэмыр къадэзыIыгъхэм фIыщIэ зэрахуи­щIыр.
Тхыгъэри  сурэтри  БАГЪЭТЫР  Луизэ  ейщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.04.2026 - 09:03

Куэдым хащIыкI

КъБКъУ-м Жылагъуэ жэрдэмхэмкIэ и пэшым иджыблагъэ щекIуэкIащ ­«Хабзэ хъуа псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэ­хэр: сыт дызэкъуэзыгъэувэр?» зэп­сэ­лъэныгъэр.

15.04.2026 - 09:03

Лъэпкъыр, бзэр, щэнхабзэр япэ изыгъэщ

Театрым, кином, щэнхабзэм зэрыщыту хухэха махуэхэм журналистхэр ди гуа­пэу датотхыхь а IэнатIэм пэрытхэм, цIыху гъащIэр, къэ­ралыр, псэукIэр нэхъ зыгъэбжьыфIэ, зыгъэдахэ цIыху цIэрыIуэхэм.

15.04.2026 - 09:03

Гъунапкъэншэ зэпсэлъэныгъэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр иджыблагъэ студентхэм яIущIащ.

14.04.2026 - 15:59

Театр лэжьакIуэхэм я пшыхь гуапэ

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэр (СТД) илъэси 150-рэ, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр илъэс

14.04.2026 - 09:12

«Гупсысэм и къарур»

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ узэщIакIуэ, егъэджэныгъэ пэхуэщIэ купщIафIэ илъэс зыбжанэ лъандэрэ щрагъэкIуэкI ди къэралым.  «Вагъуэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм къы­зэригъэпэщ, УФ-м Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и федер