Адыгэ кинор Урысейм щагъэлъагъуэ.

ЩэкIуэгъуэм и 7-м щIи­дзауэ УФ-м и кинотеатрхэм щокIуэкI теат­рымрэ киномрэ я режиссёр цIэрыIуэ, АР-м гъуа­з­джэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор триха «Невиновен» филь­мыр.

«Гуапагъэр цIыхум къыдалъху», - жиIащ Конфуций. Ауэ кином щыдолъагъу цIыхур гупцIанэу дунейм къытехьэ щхьэкIэ, хьэл ­мы­хъумыщIэ зэрызыхилъ­хьэфыр, фIымрэ Iеймрэ зэб­гъурыту къызэрызэдэгъуэгурыкIуэр. Дауэ а тIур зы дунейм зэрытезагъэр? Лейр пхуэгъэгъуну? Бийм уегуэпэкIыфыну? ЦIыху гъа­щIэм нэхъ лъапIэ тет дунейм? Уэ пхуэдэм ажалкIэ ухуэупсэ хъуну? ЦIыхугъэмрэ гущIэгъумрэ, цIыхугъэншагъэмрэ пхъа­шагъэмрэ, дэт­­хэнэра нэхъ лъэщыр? УпщIэ куэд гум къыщызыгъэуш, ­жэуап купщIафIэхэр щыбгъуэт фильмщ зи гугъу фхуэсщIынур.
Кином къыщыхъу Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр, иужь­кIэ сюжет гъэщIэ­гъуэн къызэрыкIыр - зы лъэпкъым щыщ щIалэр нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIам зэриукIырщ. Ауэ режиссё­рым зэрыжиIэмкIэ, кином къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, яукIари зыукIари къуан­шэкъым, тIури хейщ. Апхуэдэ щыIэ?
Къохъу апхуэдэ. Мы махуэхэм цIыху цIыкIум яхуэ­мыIуэтэжу здэкIуэ фильмщ «Кавказфильм» киностудием (унафэщIыр ЕмкIуж Андзорщ) трихар. Ар дахэу утыку кърахьащ щэкIуэ­гъуэм и 6-м, щэкIуэгъуэм и 7-м Урысей псом щежьащ гъэлъэгъуэныгъэр. Къэлъа­Iуэурэ прокатыр къэзыщтэ къалэхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. Ар гуапэщ. Къэрал псор йоплъ ди хэкужьым и беягъыр, ди лъэпкъым и хабзэ дахэр, ди цIыхухэм я дуней тетыкIэр къызыхэщ, дунейм щекIуэкI къэхъукъа­щIэхэр Кавказым щыпсэу цIыхум и нэкIэ зэрилъагъум теухуа фильмым.
«Невиновен»-м щIэлъ гуп­сысэ нэхъыщхьэр зейр абы и режиссёрыращ. Сце­нарийр тхынымкIэ дэIэ­пыкъуэгъу къыхуэ­хъуащ КъШР-м щыщ тхакIуэ, усакIуэ, драматург Шыд Юрийрэ (иджыблагъэ дунейм ехыжащ, ди жагъуэ зэрыхъунщи) «Кавказфильм» киностудием и опе­ратор-постановщик, дра­матург щIалэ Хьэкъул Ратмиррэ. ИлъэситIым къриу­быдэу кинор трахри, дунейпсо мардэм изэ­гъэнымкIэ (постпродакшн) зы илъэскIэ Моск­ва щелэжьыжащ. Дунейм къытехьащ адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ ­хъун, дунейпсо утыку ипхьэну узытемыукIытыхьын, лъэп­къым ижь-ижьыж лъан­дэрэ къыдекIуэкI хабзэжь­хэр къызыхэщ фильм те­лъы­джэ.
Сыт ар нэхъри тпэгъу­нэгъу зыщIыр? Дауи, ди артист цIэрыIуэхэр зэ­рыхэтырщ. ЛIыхъужь нэхъыщхьэр КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, ЩоджэнцыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал дамэ театрым и артист пажэ Хьэмырзэ Ахьмэдщ. Айтэч и ролыр хуабжьу хьэл-щэныфI защIэкIэ псыхьащ. Адыгэ цIыхухъу зэпIэзэрытым, щIэ­ныгъэ зыбгъэдэлъым, пэ­жымрэ захуагъэмрэ япэ изыгъэщым, гъащIэм хуэIущым, и дэтхэнэ лъэба­къуэри зэпэзышэчыфым, нэхъыщхьэращи, адыгэлI нэсым и щапхъэщ Айтэч. Ахь­мэд а ролыр апхуэдизкIэ дахэу игъэзэщIащи, джэ­гуауэ фIэщщIыгъуейщ, дунейм зэрытетым хуэдабзэу хэтауэ къыпщегъэхъуф­ри.
Апхуэдэ дыдэщ анэм и ролыр Андзор зыхуигъэфэща, КъБР-м щIыхь зиIэ и ­артисткэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ Тхьэ­­щыгъуей Жаннэ. Зи бын зыфIэкIуэда анэм и гум щыщIэр псалъэкIэ къып­хуэIуэтэнукъым. Кином хэт Зери и псалъэр мащIэщ, ар мэгуIэ, мэхыщIэ. И къуэ нэхъыжьым и хьэдэр къыщыдахьэжым ар къызэрикъу­гъыкIымрэ и къуэр зыIэ­щIэ­кIуэда бзаджащIэр и пащхьэ къыщрагъэувэм и псэм телъ бэлыхьыр ири­къухыу и бгъафэм зэры­щIиу­быдэмрэ гуми псэми къытехьэлъэ теплъэ­гъуэщ. Жаннэ и ролыр и псэм щыщ Iыхьэ гуэру къыпщегъэхъуф, анэпсэ махэм ишэ­­чыфынур зыхуэдизыр а дакъикъэ бжыгъэм уи нэгу къыщIегъэувэф.
Иджыри зы лIыхъужьым щхьэхуэу и гугъу щIыпхъэщ. Ар фильмым и кIыхьагъкIэ псалъалэу щымыт пэтми, Iущагъ куэд къызыпкърыкI Хьэлыуэщ (Куэтэншы Тимур). ИгъащIэми жылэ къэс дэсщ адрейхэм емыщхь зы цIыху. ДелэкIэ еджэми, ахэр цIыху къызэрыгуэкI куэ­дым нэхърэ щы­нэхъ губзыгъэ щыIэщ. Ахэр еншэщ, фIэрафIэщ, дахэм, пэжым, фIым я телъхьэщ. Уеблэмэ цIыхубэм нэхърэ нэхъ гуа­щIэу зыхащIэ гуапагъэм и IэфIымрэ ем и дыджымрэ. Хьэлыуи апхуэдэщ. И цIэм къегъэлъагъуэ лъэпкъым быдэу зэрепхари, фIымрэ екIумрэ зэрищапхъэри. Филь­мым и кIыхьа­гъкIэ Хьэ­лыуэ япэщIэтщ зы­зы­гъэп­хъашэхэм, пэ­жыр зи ­гъуазэхэм я телъ­хьэщ, зэ­ныкъуэкъухэм я щыблэIушщ, зэгурымы­Iуэхэм я чэнджэщэгъущ. Жы­пIэнуракъэ, роль телъыджэщ Хьэлыуэ и ролыр, ауэ нэхъ хейм тохуэ жыхуаIэращи, кинор гущIыхьэу еух.
Режиссёрым и лэжьыгъэр къыщIехъулIам и зы Iы­хьэщ актёрхэм я Iэзагъыр, ауэ абы и хэкIыпIэр пасэу иубзыхуат ЕмкIужым. Абы къызэрыджиIамкIэ, сце­нарийр тхын щIимыдзэ щIыкIэ зи гугъу тщIа ролхэр зыгъэзэщIэну актёрхэр къыхихакIэт, и щхьэм щы­зэригъэзэхуакIэт. Арагъэнщ фильмыр апхуэдизу гущIэм нэсу щIыщытыр. Хьэщэ ­Къанщобий, Хъы­дзэдж Борис, КIэмыр­гуей Валентин, Шыпш ­Къантемыр, Къардэн ­Заур, Хьэхъу­пащIэ ФатIимэ, Шыдгын Тимур, Зэмай Аминэ - театрым и актёр Iэзэхэр - кино утыку иришащ Андзор икIи къай­хъулIауэ жыпIэ хъу­нущ.
Фильмым къыщыгъэлъэгъуащ адыгэм къыда­лъагъу Iуэхугъуэ куэд. Хуабжьу гукъинэжщ щIалэ хъыжьэ, лIы ткIий, леймыгъэгъу Мурат (ДыщэкI Замир) и образыр. И къуэшыр зыукIар псынщIэу къигъуэту илъ ищIэжыну йолъэдэкъэщыкI Мурат, абы и телъхьэхэри мащIэкъым. Ауэ гъащIэм хуэнабдзэгубдзаплъэ нэхъыжьхэр, акъыл зэтеубыдакIэ гупсысэ Айтэч сымэ токIуэ абы. Нэхъыщхьэращи, анэм хуегъэгъуф лей зезыхьа щIалэм IэщIэщIа щIэпхъаджагъэр. Анэм и пащхьэ кърагъэува лIыу­кIыр и къуэм и ныбжьынуращ, абы и адэ-анэр зэрыса мафIэгур Кавказым щыщ бзаджащIэхэм къагъэуащ зэгуэр, цIыкIуу ибэу къэна щIалэщIэр уэрамым къыщыхъуащ, хьэулейхэм зыхашащ, «нэхъыщхьэхэм» ягъэлажьэ лейзехьэ гупым ящыщ зы хъуащ. Анэм къыгуроIуэ зи сабиигум дыр­къуэ телъ щIалэр зыгуэрхэм «Iэмэпсымэу» къы­зэ­ра­гъэсэбэпыр, и гум техуэрэ хуигъэгъуфмэ, абы и гъащIэр зэрихъуэжыфынур, лIы укIыныр къызэригъэувыIэнур. Аращ Айтэчи зи телъ­хьэр. Егор (Проскурин Артур) зэрихьа лейр хуэзыгъэгъуну хуейхэмрэ ар зыукIыну илъэдэкъэ­щыкI­хэмрэ къаувы­хьауэ пщIантIэм щыдэтым; анэм ищIэнумрэ жиIэнумрэ пэплъэу лIы гупыр щызэхэтым; шэми шхуми ису гуIэгъуэр зытелъ анэр гукIэ щычэнджащэм… Нэпсыр къре­гъакIуэри, гущIэр зэрегъэ­дзэкI.
 Дауэ а къомыр лъэпкъым щымыщ цIыхум зэрилъагъур? Москва къикIа следователыр къэхъукъащIэм кIэлъоплъ. Къэрал хабзэм тету Iуэхур зэфIэхыным къы­текIухьа бзылъхугъэм илъагъур фIэтелъыджэщ. ЛIыукIыр гуауэ къызылъысахэм я пащхьэ ипшэныр фIэшынагъуэщ Аллэ (Дрож­жинэ Татьянэ, АР-м щыщщ), узыпэмыплъа гуэр къэхъункIэ шынагъуэщ, лей зезыхьар жэуапым иришалIэмэ нэхъ къещтэ. Ауэ ди щIалэ губжьахэм зрадзыну хьэзыр пэтми, анэм лIыу­кIыр зреубыдылIэ, Егор щхьэ­хуит мэхъу, лейзехьэм хуэдзэлашхэхэм я губжьыр иракъух. Аллэ илъагъур и фIэщ хъуркъым. «Къэхъур сыт?» - щIоупщIэ. «Лъэпкъ хабзэщ, - ират жэуап. - Анэм игъэгъуащ».
Кином нэхъыщхьэу укъы­зыхуриджэр мис аращ. Зи къуэ яукIа анэм зыукIам хуегъэгъури, лъыгъажэр къызэтрегъэувыIэ.
Адыгэ къуажэм, хьэб­лэм, пщIантIэм, унэм деж щегъэжьауэ а жылэм дэлъ хабзэмрэ щекIуэкI адыгэ ­гъащIэмрэ къыщыгъэ­лъэгъуащ мы фильмым. Ауэ щыхъукIи, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэщ лъаб­жьэ хуэхъуар, цIыху куэд зыгъэпIейтей къэ­хъукъащIэщ зыхуэгъэ­п­­сар. Режиссёр ЕмкIуж Андзор зэрыжиIэмкIэ, цIыху зэхэгъэж, лъэпкъ зэны­къуэкъу, щIалэгъуа­лэ зэпэщIэувэныгъэ щы­Iэн хуейкъым. ЦIыху гъа­щIэр зыщ зэры­хъур, ар зым адрейм Iихы­ныр къезэгъыркъым. Зэгу­ры­Iуэрщ, шыIэныгъэрщ, ма­­мырыгъэрщ мы дунейр щызыгъэIэри, зэтезыIыгъэ­ри. Мис ахэращ адыгэ кином цIыху-бэр къызыхуриджэ гуп­сысэ нэхъыщхьэр.
НэщIэпыджэ Замирэ. Сурэтхэр

Къарей Элинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)