Гукъинэж ящыхъуащ![]() Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ управленэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэм щытыкIэ гугъум къихута ныбжьыщIэхэм дэрэжэгъуэ къезыт Iуэху гуапэ къыхузэрагъэпэщащ. Полицэм и лэжьакIуэхэм сабий 30-м щIигъум, я адэ-анэхэри я гъусэу зыщрагъэплъыхьащ Налшык къалэ зоопаркым. НыбжьыщIэхэр яфIэгъэщIэгъуэну якIэлъыплъащ щыхьхэм, номинхэм, махъшэхэм, нэгъуэщIхэми. Абыхэм псэущхьэхэм ятеухуа куэд къащIащ, нэхъыщхьэращи, езыхэм зэрыжаIамкIэ, я нэгу зиужьащ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









