Джулат и щэхухэр![]() КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Нижний Джулат. Взгляд сквозь призму времени» выставкэр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м Тхыдэ фэеплъхэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэнымкIэ и зэгухьэныгъэмрэ КъБР-м и Лъэпкъ музеймрэ. Гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIеубыдэр лIэщIыгъуэ зыбжанэ къызэпызыча тхыдэ хьэпшып 50-м щIигъу. Ахэр къыщагъуэтащ Май къалэм къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ километритIкIэ пэгъунэгъу, Тэрч псыежэхым и Iуфэм Iуса Джулат Ищхъэрэ къалэм. Абы къыщыхьахэм я нэхъ пасэрей лэжьыгъэр XIII лIэщIыгъуэм ящIащ. ЯтIэ гъэжьам къыхэщIыкIа кхъуэщынхэр, гъавэ зэрызэрахьэ кумбыгъэхэр, сату зэпыщIэныгъэхэмрэ экономикэр зыхуэдамрэ щыхьэт техъуэ ахъшэ жьгъейхэр, былым къупщхьэхэр, мывэхэр, пасэрей сэман псэупIэхэр къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр, щIым зэрелэжьу щыта, мывэм къыхэщIыкIа Iэмэпсымэхэр щыхьэт тохъуэ а зэманым псэуахэм я IэпщIэлъапщIагъэмрэ захъумэжын щхьэкIэ Iэщэу яIахэмрэ. Кавказ Ищхъэрэм щэнхабзэ къулей къыдекIуэкIырт а хьэпшыпхэр щызэрахьа зэманым. Илъэс 600-м щIигъу зи ныбжь яхэтщ абыхэм, метр зэбгъузэнатIэ 400-м щIигъум ита пасэрей мэжджыт лъэлъэжаи къыщIагъэщыжащ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









