ЕгъэджакIуэхэращ щIэблэм я гъуазэр

Къы­зыхэкIа лъэпкъымрэ щыпсэу лъахэмрэ яхуэфащэ щIэблэ бгъэ­сэныр, гъуэгу захуэ тебгъэувэныр, жылагъуэм ифI зыхэлъхэр къыгу­рыIуэу къэбгъэтэджыныр зэры­мы­Iуэху псынщIэр гурыIуэгъуэщ. Сыт хуэдэ гъэсэныгъэ дахэми къежьапIэ хуэхъур сабийр щапI унагъуэрщ, нэхъыжьхэм ирагъэлъагъу щапхъэрщ, зыхэтхэм ядилъагъу хабзэрщ. Ауэ сыт хуэдэ къежьапIэри гъуазэ хуэныкъуэщ, дунейм и пIалъэ зыщIэ, щыIэныгъэм къыщекIуэкIхэм хэзы­щIыкI, щIэныгъэм и куупIэхэм хы­хьэф.

Дэтхэнэ зы цIыхуми апхуэдэ гъуазэу иIэр егъэджакIуэращ. Аращ щIэблэм я зэхэщIыкIымрэ я дуней ­лъагъукIэмрэ зэтезыгъэувэр, гъащIэм гушхуауэ хэзышэр, емрэ фIымрэ зэхищIы­кIы­нымкIэ гъуэгугъэлъагъуэ хъур. ЕгъэджакIуэм и пщIэр щаIэт, ар зыпэрыт ­IэнатIэм и зыужьыныгъэм и гъуэгухэр щаубзыху, къызэранэкIа гъэ еджэгъуэр къыщызэщIакъуэж, къапэщылъхэр зэIубз щащI зэIущIэт ­КъБР-м и къалащхьэм дэт Макъамэ ­театрым и пэш ­хуитышхуэм иджыблагъэ щекIуэкIа ШыщхьэуIу зэIущIэр.
Хабзэ хъуауэ хэгъэгум щрагъэкIуэкI апхуэдэ зэухэсым кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ - статс Iуэхузехьэ Корнеев Андрей, ­КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий сымэ. Апхуэдэу зэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ щыIэ депутатхэр, КъБР-м и щIыналъэхэм щIыпIэ унафэхэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, КъБР-м и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ IуэхущIапIэхэм я уна­фэщIхэр, абыхэм я къуэдзэхэр, егъэджакIуэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-­Балъкъэрымрэ я гимнхэр къеуа нэужь, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей видеозэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ. КъулыкъущIэм и псалъэм къызэрыхэщамкIэ, блэкIа гъэ еджэгъуэр хъар­зынэу кърахьэлIащ, нэхъапэкIэ къыхалъхьауэ щыта къэрал икIи лъэпкъ пэхуэщIэхэм епха Iуэхугъуэхэм ящыщ куэдыр уригушхуэ хъуну зэфIагъэкIащ, егъэджэныгъэм пыщIа жэрдэм щIэщыгъуэ куэд къызэрыхалъхьам къыхэкIыу, IэнатIэм дяпэкIэ щыпщIэфынухэмрэ щыпхузэфIэкIынухэмрэ яубзыхуащ.
– Си гуапэу къыхэзгъэщыну сыхуейт «Егъэджэныгъэ» къэрал программэм къигъэув лэжьыгъэхэр Урысейм и щIыналъэхэм хъарзынэу зэрыщызэфIахар, щIыпIэхэм щекIуэкI гъащIэми зэрыхапщэфар. Зи цIэ къисIуа пэхуэщIэм къигъэувырт курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, еджапIэхэр техникэкIэ къызэгъэпэ­щыныр, дунейм къыщекIуэкI щIэ псори къэзылъытэ тхылъыщIэхэр зэхэгъэувауэ, къэрал мардэхэм игъэувэныр, ахэр еджакIуэхэм я деж нэхьэсыныр. Программэм къызэщIиубыдэ Iуэхугъуэхэм дяпэкIэ къапызыщэнур «Щалэгъуа­лэмрэ сабийхэмрэ» фIэщыгъэр зы­гъуэта пэхуэщIэрщ. ЗэрыдгъэувымкIэ, абы лэжьыгъэ нэхъыбэ къызэщIиубыдэнущ.
IэнатIэм нэхъыщхьэу хэтыр егъэджа­кIуэращ. Абы и тыншыгъуэ, ар зэре­фIэкIуэн, и Iэзагъэм зэрыхигъэхъуэн Iуэхугъуэхэращ зи ужь дитыр. Иджыпсту долэжь абы и пщIэр хъумэн зэры­хуейр къызыхэщ дэфтэрым. Абы къы­зэщIиубыдэн хуейщ егъэджакIуэр зыхэхуэнкIэ хъуну псалъэмакъхэм къызэрыхэпшыфыну Iэмалхэр, иубзы­хунущ абы дэIэпыкъуэгъу хуэхъунухэр, къилъытэнущ и щIыхьыр ихъумэн папщIэ иIэну хэкIыпIэхэр. Сыт щыгъуи хуэдэу, егъэджакIуэм и щIэныгъэр утыкушхуэм ирихьэфынущ. Дэ дыкъыщыувыIэнукъым «ЕгъэджакIуэ нэхъыфI», «ГъэсакIуэ нэхъыфI», «ЕджапIэ уна­фэщI нэхъыфI» зэпеуэхэм, дяпэкIи апхуэ­дэ жэрдэмхэр нэхъыбэ зэ­рыт­щIыным дыхущIэкъунущ.
Къыхэгъэщыпхъэщ «Егъэджэныгъэ IэнатIэм зиужьынымкIэ стратегие» дэфтэрыщIэр зэрыдгъэхьэзырыр, ар 2036 гъэ пщIондэ лэжьэну дызэрыщыгугъыр. Абы къиубыдынущ егъэджэныгъэ IэнатIэм нэхъыщхьэу хэлъхэм тегъэщIэным, къэралым щIэныгъэ щызэгъэгъуэтыныр дэнэкIи щызэхуэдэу гъэпсыным, лэжьапщIэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр. Аращи, диIэ ехъулIэныгъэхэр дгъэбагъуэу, лъэныкъуитIми ди Iэмалхэр IэнатIэм хуэдгъэщхьэпэу гъэ еджэгъуэщIэм дыпэрыхьэжыну си гуапэщ, - жиIащ Кравцов Сергей.
ЗэIущIэм курых хуэхъуар КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор и къэпсэлъэныгъэрщ. Ар теухуауэ щытащ егъэджэныгъэ IэнатIэм щынэхъыщхьэхэм, япэ ­игъэщыпхъэхэм, абы ехьэлIа лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум. Апхуэдэу ар тепсэлъыхьащ КъБР-м щекIуэкI ухуэ­ныгъэхэм, къыхалъхьа зэхьэзэхуэ­хэмрэ зэпеуэхэмрэ, еджапIэхэм я лэ­жьыгъэхэм, дерс щхьэхуэхэр куууэ ­щадж классхэр къызэрызэIуахым, Iэ­щIа­гъэунэтI лэжьыгъэхэр нэхъыбэ зэ­ра­щIым, егъэджакIуэхэм я лэжьапщIэм хэгъэхъуэн зэрыхуейм, нэгъуэщI­хэми.
- Дызытехьэ гъэ еджэгъуэщIэр нэ­гъабэрейм зыкъомкIэ къыщхьэщыкIынущ. «Егъэджэныгъэ» программэм ­къигъэув къалэнхэр дгъэзэщIауэ, ­дэ иджы дыпэрохьэ «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ», «Унагъуэ», «IэщIагъэлIхэр» пэхуэщIэхэм къагъэув Iуэхугъуэхэр гъащIэм хэпщэным, - жиIащ Езауэм. - ЕджапIэхэм я къалэн нэхъыщхьэм хохьэ сабийм цIыху нэс къыхэщIыкIыныр, абы и зэхэщIыкIыр дахэмрэ екIумрэ хуэгъэпсауэ къэгъэтэджыныр. Хэкум, лъэпкъ щэнхабзэм, тхыдэм щIэблэм хуаIэ лъагъуныгъэр къызэщызыгъэу Iэмалхэм ящыщщ музейхэмрэ музей плIанэпэхэмрэ. КъБР-м зи гугъу сщIы музейхэм хуэдэу 176-р диIэщ, абыхэм ящыщу мы гъэ къудейм 90 къызэIутхащ. «Нэхъыщхьэм теухуа псалъэ­макъхэр» жыхуэтIэ дерсхэри гъэсэныгъэ лэжьыгъэм тещIыхьауэ щытщ. «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэми» лэжьыгъэшхуэ еджапIэхэм щрагъэкIуэкI, ныбжьыщIэхэр жылагъуэ гъащIэм жы­джэру хэзышэ жэрдэмхэр къыхалъ­хьэурэ. ЕджапIэ къэс спорт клубхэр, ныбжьыщIэхэм я театрхэр, зэхуэ­сы­пIэхэр дэтщ. КъБР-м «ЮнармиекIэ» дызэджэм IуэхущIэпIэу 8 иIэ хъуащ, абы и къудамэхэр щIыналъэ 13-м щыIэщ, цIыху миний къызэщIаубыдэу.
Егъэджэныгъэ IэнатIэм анэдэлъхубзэхэм, лъэпкъ литературэхэм, тхыдэм, щэнхабзэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэми ­гулъытэшхуэ зэрыхуащIми къытеувыIащ министрыр. «Ахэр ди щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэщ, зыхъумэну дызыщыгугъри ди щIалэгъуалэрщ. Адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмкIэ, лъэпкъ литературэхэмкIэ илъэс къэс тхылъ 28 - 29-рэ хуэдиз къыдокI. Иужьрей илъэсищым сом мелуан 62,2-рэ и уасэу анэдэлъхубзэхэмрэ литературэхэмкIэ тхылъ 385 933-рэ къыдэдгъэкIащ. КъищынэмыщIауэ, дунейм къытехьа тхылъыщIэхэм уазэрырилэжьэнумкIэ программэхэр зэхыдогъэувэ, курсхэр зэхыдошэ. Апхуэдэу ЕгъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ щыхагъахъуэ центрым блэкIа илъэсым къриубыдэу курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ щыла­жьэу цIыху 2500-м нэблагъэ къекIуэ­лIащ.
Дызытет дунейм бзэ куэдым ури­псэлъэным пщIэ щиIэщ. Ар къэлъытауэ, сабий нэхъ цIыкIу дыдэхэри бзэ куэдым щыхагъэгъуазэ гупхэр къызыдогъэпэщ. А лэжьыгъэм и лъащIэм щIэлъынур анэдэлъхубзэхэращ, абы­хэм­кIи гъэсэныгъэ лэжьыгъэр екIуэкIыну аращ дызэригугъэр», - къыхигъэщащ министрым.
Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу абы ­къилъытащ анэдэлъхубзэхэмкIэ егъэ­джа­кIуэхэр «Яндекс. ЗэдзэкIакIуэ» пэхуэ­щIэм къызэрыхашэфар. Къэралпсо мыхьэнэ зиIэ жэрдэмым ипкъ иткIэ, адыгэбзэкIи балъкъэрыбзэкIи псалъэуха мин щэрыщэ зэрадзэкIамкIи а Iуэхур анэдэлъхубзэхэм заужьыным телэжьэну дыщыгугъ хъунущ.
Илъэс зыбжанэ хъуауэ анэдэлъхубзэхэмкIэ егъэджакIуэхэм папщIэ зэ­пеуэ щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщ. Методикэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр утыку ­къизылъхьэ а зэпеуэхэм бзэхэр хъу­мэнымкIэ, сабийхэм ахэр яфIэфIу зрагъэщIэнымкIэ щхьэпэ зэрыхъунуми шэч хэлъкъым.
Егъэджэныгъэр щекIуэкI IуэхущIапIэхэр ухуэныр, зэгъэпэщыжыныр, къэгъэщIэрэщIэжыныр илъэс зыбжанэ ­хъуауэ ди щIыналъэм щIэгъэхуэбжьауэ щокIуэкI. Апхуэдэу цIыху мини 5500-рэ зыщIэхуэн еджапIи 9 гъэ еджэ­гъуэщIэм ирихьэлIэу къызэIуах, илъэсым и кIэм цIыхуи 150-рэ хуэдиз щеджэн еджапIэщIэу Терскол къуажэм щащIыр. Абы и закъуэкъым. 2027 гъэ пщIондэ ­Бахъсэн, Гундэлэн, Старэ Шэрэдж, Къэсейхьэблэ сабий садиплI щаухуэнущ. Псори зэгъусэу абы цIыкIу 480-рэ хуэдиз щIэхуэнущ.
Министрыр къытеувыIащ еджапIэхэр зэгъэпэщыжыным хуэгъэза лэжьыгъэми.
- Дызэрыт илъэсым еджапIэ 15 зы­хуей хуэдгъэзащ. «Егъэджэныгъэ» программэм ипкъ иткIэ КъБР-м еджапIэ 72-р къызэрагъэщIэрэщIэжар къы­хэ­гъэщын хуейщ. 2027 гъэ пщIондэ еджапIэ 65-рэ хуэдиз зэдгъэпэщыжыну ди мурадщ. Псори зэгъусэу абы сом     6 038 439,6-рэ текIуэдэнущ.

Гъэ еджэгъуэщIэм къыщыщIэдзауэ курыт еджапIэхэм щIэныгъэ-технологие пэхуэ­щIэхэр къыщыхэтлъхьэ классхэр къыщызэIутхынущ. Апхуэдэу КъБР-м и еджапIищым «Курчатов и классхэм» лэжьэн щыщIадзэнущ. «Курчатовым и институт» лъэпкъ щIэ­ныгъэ-къэхутакIуэ центрым къыбгъэдэкIыу щыми зэрылэжьэн тхылъхэмрэ методикэ дэIэпыкъуныгъэхэмрэ къаIэрыхьащ. Зы еджапIэм сом мелуан и уасэ техникэр и лъэщапIэм щIигъэуващ. ПэхуэщIэм 6-8-нэ классхэм щеджэ сабии 100-м хуэдиз къы­зэщIиубыдэнущ. «КъэкIуэну махуэхэм я инженерхэр» зи фIэщыгъэ къэралпсо пэ­хуэщIэм еджапIитху хэтщ, абыхэм МФТИ-м и гъусэу еджэныгъэр ирагъэкIуэкIынущ. ­КъБР-м и еджапIиплIым фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу «Агроклассхэр» къыщызэIуахынущ. Ахэр зыхуэныкъуэну дэIэпыкъуныгъэр щагъуэтынущ зэгурыIуэныгъэ зращIылIа КъБКъУ-м, КъБКъМУ-м, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, ­КъБР-м Мэкъумэш IуэхухэмкIэ и министерствэм. Псори зэгъусэу пэхуэщIэм сабий 1680-рэ хуэдиз хэтынущ.
Сабий зэчиифIэхэр ди мащIэкъым. Ахэр къы­хэгъэщыным, гъуэгу етыным, я зэ­фIэкI­хэм хэгъэхъуэным хуэгъэпсащ дерс щхьэ­хуэхэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. Къыхэгъэщын хуейщ щIыналъэ олимпиадэхэм я фIагъым хэпщIыкIыу зэрыхэхъуар, урысейпсо зэхьэзэхуэхэм нэсахэм абы къыщагъэлъа­гъуэ зэфIэкIхэр щыхьэт зэрытехъуэр. Ап­хуэдэу зэры-Урысейуэ къапщтэмэ, КъБР-м щыщу текIуэхэмрэ къыхэжаныкIхэмкIэ 19-нэ увыпIэр иIыгъащ, игъэлъагъуэ фIагъымкIэ 11-нэ увыпIэр къыхуагъэфащэ. Зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэми, къыщыхэжаныкIахэми, ахэр зыгъэхьэзырахэми папщIэ КъБР-м и Iэтащхьэм и ахъшэ саугъэтхэр щагъэуващ. 2025 гъэм ахъшэ саугъэтыр тIукIэ нэхъыбэ ящIат. Щхьэхуэу къэгъэлъэгъуэн хуейщ анэдэлъхубзэхэмрэ литературэхэмкIэ зэпеуэхэм щытекIуэхэмрэ къыщыхэжаныкIхэмрэ, апхуэдэу ахэр зыгъэхьэзырхэм я ахъшэ саугъэтыр мини 100-м зэрынэдгъэсынур, - жиIащ Езауэ Анзор.
Егъэджэныгъэм и лъэныкъуэ куэд дыдэ къызэщIиубыдэу къэпсэлъа министрым тригъэчыныхьащ егъэджакIуэхэр мыхъуамэ, апхуэдиз ехъулIэныгъэ яIэну зэрыщымытар икIи гъэ еджэгъуэщIэм а зэфIэкIхэр куэдкIэ нэхъыбэ зэрыхъунури и фIэщ зэрыхъур къыхигъэщащ.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Прохладнэ щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Ломов Максим, Шэджэм щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ - егъэджэныгъэмкIэ къулыкъущIапIэм и унафэщI Арыпщэ Жаннэ, «Егъэджа­кIуэ нэхъыфI-2025» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуэ Мэрзей Сэлим сымэ. Абыхэм я къэпсэлъэныгъэхэр траухуат курыт щIэ­ныгъэрэ щIэныгъэ гуэдзэрэ зрагъэгъуэт щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ я Iэмалхэр щIыпIэхэм нэхъыбэ зэрыщыпщIынум, псэкупсэ лэжьыгъэхэр зэрызэтебублэфынум, Iэ­щIагъэм хэзыгъахъуэ зэхьэзэхуэхэм егъэ­джэныгъэм щаIэ мыхьэнэм.
ШыщхьэуIу зэIущIэм зи гугъу щащIахэр къызэщIикъуэжу къэпсэлъащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
- Си япэкIэ утыку къихьэнухэм жаIэнумрэ я къэпсэлъэныгъэхэм къыщахьыну бжыгъэхэр, щапхъэхэр зэхэсхын папщIэ зызгъэгуващ, япэ зыфхуэзмыгъазэу. ИкIи, къыхэзгъэщыну сыхуейт, сызыщIэдэIуахэм гукъы­дэж къызэрызатар. Къэралпсо пщалъэкIэ дыкъапщтэмэ, куэдым япэ дитщ, икIи Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм уеплъмэ, фIыуэ ды­пэрытщ. Ауэ абы къикIыркъым дызыхущIэкъун щымыIэу, едгъэфIакIуэ мыхъун ди лэжьыгъэм хэмылъу. УзылъэщIэмыхьэ зэманым гъащIэм къыхилъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм ди щIалэгъуалэр щыгъуэзэн хуейщ. Ахэр ди пщэдейщ, ди къэкIуэнур зэлъытар щIэблэрщ. Нэхъыжьхэми, а къалэныр зи пщэ къыдэхуэхэми, IэнатIэм пэрытхэми ­хьэкъ диIэщ ди ныбжьыщIэхэм щIэныгъэфI ябгъэдэлъхьэныр, къежьэм я нэхъыфIымкIэ дузэщIыныр. Дэ щIэблэфI къытщIохъуэри, ахэр нэхъыфIыж зыщIыну дызыщыгугъыр егъэджакIуэхэращ. Фэ, егъэджакIуэхэр, ди пщэдейрей махуэхэм фракъэрэгъулщ. Фэ зауэлIхэм фахуэдэщ – фхъумэри ди Хэкум и закъуэкъым, атIэ дзыхь фхуэтщIу фэтт ди щIэблэми фращыжакIуэщ, фрагъэсакIуэщ, фраунэтIакIуэщ. Дэ тлъэкI къэдгъэнэнукъым фи лэжьыгъэр нэхъ тынш фщытщIынымкIэ, икIи, шэч зыхэмылъращи, гукъыдэж къывэзыт жэрдэмхэр нэхъыбэнымкIэ. Быдэу си фIэщ мэхъу, дызэщIыгъумэ, куэд зэрытхузэфIэкIынур, гугъуехь Iэджэ къызэрызэднэкIынур, ди щIэблэм гъуэгугъэлъагъуэ дахэ дазэрыхуэхъунур. Гъэ еджэгъуэщIэр ­угъурлы фхуэхъуну сынывохъуэхъу! - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
ЗэIущIэр гуIэфIтещIэжкIэ иухащ. КъБР-м Iэтащхьэм къыбгъэдэкI фIыщIэгуапэ тхылъхэр зи гуащIэдэкIкIэ къыхэжаныкIахэм, зи лэжьыгъэкIэ щапхъэ зыгъэлъэгъуахэм иратащ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2025 - 09:03

Дерс щхьэпэхэр ирагъэкIуэкI

ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и курыт школхэм мы зэманым щокIуэкI гъуэгу хабзэхэр гъэзэщIэным, лъэс­ры­зекIуэм и шынагъуэншагъэр ­хъу-

13.11.2025 - 09:03

Фэеплъ здэщымыIэм цIыхугъэ щыIэкъым

Омск областым хыхьэ Тарэ рай­оным икIуэда ди лъэпкъэгъухэм - адыгэхэмрэ абазэхэмрэ - я фэеп­лъым пщIэ зэрыхуащIым и щы­хьэту, иджыблагъэ щIыпIэ жыжьэм щы­Iащ ди лэжьэгъу, «Черкес хэку» газетым и ре

13.11.2025 - 09:03

Я щIэныгъэр къапщытэж

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм епщIанэу ще­кIуэкIащ «Этнографие диктанткIэ» зэджэ Ду­нейп­со щIэныгъэ-узэ­щIа­кIуэ Iуэхугъуэшхуэр.

13.11.2025 - 09:03

Хабзэхъумэхэм я махуэшхуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм и щIыхькIэ. 

12.11.2025 - 15:59

И щхьэпагъыр наIуэ ящI

Узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн зэрамыдэм къишэ гугъуехьхэм теухуа зэIущIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.