«Илъэсым и унагъуэ-2025» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм кърикIуахэр къапщытэжащ икIи абы щытекIуахэр щагъэлъэпIащ Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ и министерствэм. Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Аттаев Азноррэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ.
Унагъуэ нэхъыфIу къалъытахэм ехъуэхъуну зэхыхьэм зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэм, КБР-м и Правительствэм и лIыкIуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэм, зэпеуэм хэтахэм я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.
- «Илъэсым и унагъуэ-2025» зэхьэзэхуэм и республикэ Iы-хьэм щытекIуахэр щагъэлъапIэ зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэм фIэхъус гуапэ фызох. Мы зэпе-уэр унагъуэм цIыхумкIи, къэралымкIи, щIыналъэмкIи иIэ мыхьэнэр нэхъри зыгъэбыдэщ. Зэпеуэм и фIыгъэкIэ белджылы мэхъу жэуаплыныгъэ зыхэлъ, узыншагъэм кIэлъыплъ, зи зэфIэкIхэм зезыгъэужь, щIыналъэм и гъащIэм жыджэру хэт унагъуэхэр, - жиIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат. - Унагъуэр жылагъуэм и лъабжьэщ, зэры-хуэ щытыкIэми емылъытауэ, щIыналъэмрэ къэралымрэ я быдапIэщ. Фи унагъуэхэм зэпымыууэ гуапагъэ, мамырыгъэ, лъагъуныгъэ илъыну сынывохъуэхъу!
Хъубий Марат къыхигъэщащ ди республикэм щыщ унагъуэ зыбжанэ зэпеуэм и федеральнэ Iыхьэм и унэтIыныгъэ щхьэхуэхэмкIэ мызэ-мытIэу пашэ хъууэ зэрыхэтар. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2024 гъэм «Бынунагъуэшхуэ» Iыхьэм щынэхъыфIащ Налшык къалэ щыщ Тхьэгъэлэджхэ Артуррэ Залинэрэ я унагъуэр. 2023 гъэм «Унагъуэ дыщэ» унэтIыныгъэм щытекIуащ Бахъсэн щIыналъэм щыщ Бэчхэ ХьэзрэIилрэ Iэсиятрэ я унагъуэр. 2022 гъэм «Къуажэдэс унагъуэ» унэтIыныгъэм къыщыхэжаныкIауэ щы-тащ ди газетри зытетхыхьа, Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщ Багъхэ Руслъанрэ Iэсиятрэ я унагъуэ дахэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэууэ урысейпсо зэхьэзэхуэм илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм зи цIэ щыIуахэм ящыщщ мыхэр.
Мыгъэрей зэпеуэм и унэтIыныгъихым («Бынунагъуэшхуэ», «УнагъуэщIэ», «Къуажэдэс унагъуэ», «Унагъуэ дыщэ», «Унагъуэр - хабзэхэм я хъумакIуэщ», «Хэкум и хъумакIуэм и унагъуэр») къыщыхахащ ди республикэм и унагъуэ нэхъыфIу къалъытахэр.
Аттаев Азноррэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ зэхыхьэм къекIуэлIахэм ирагъэцIыхуащ зэпеуэм щытекIуахэр. Ар ирагъэжьащ бынунагъуэшхуэхэмкIэ. Мы унэтIыныгъэм пашэ щыхъуащ Хадарцевхэ Авениррэ Инессэрэ я унагъуэр. Абыхэм 2000 гъэм яухуащ я унагъуэр. Зэщхьэгъусэхэр зэгурыIуэ яку дэлъу илъэс 25-рэ хъуауэ зэдопсэу, бын 11 (хъыджэбзихрэ щIалитхурэ) зэдапI. ЕтIуанэ увыпIэр лъагъэсащ Шыбзыхъуэхэ Анзоррэ Залинэрэ. Ещанэ хъуащ Османовхэ Расулрэ Iэминатрэ.
«Унагъуэ дыщэ» унэтIыныгъэм щытекIуащ Нырхэ Iэуесрэ Лидэрэ. Илъэс 50-м щхьэдэхауэ ахэр зэбгъэдэсщ икIи насыпым и къигъэхъуапIэу къалъытэр зэщхьэгъусэхэм я дзыхь зрагъэзынырщ, гулъытэрщ, унагъуэ лъапIэныгъэхэр хъумэнырщ. Iэуесрэ Лидэрэ къащIэхъуащ къуэрылъху-пхъурылъхурэ абыхэм я быныжу 12. ЕтIуанэ увы-пIэр къахьащ Гижгиевхэ Мустэфарэ Сапинэрэ. Ещанэр хуагъэфэщащ Къудей Альбиянрэ Хъымбэзэр Мариерэ я унагъуэм.
Бжьахъуэхэ Русланрэ Жанетэрэ щытекIуащ «Унагъуэр - хабзэхэм я хъумакIуэщ» унэтIыныгъэм. Илъэс 40-м нэблэгъауэ абыхэм далъагъу пщIэрэ дзыхьрэ, лъагъуныгъэ, шыIэ, гулъытэ. Зэщхьэгъусэхэр псалъэншэу зэгурыIуэхэм ящыщщ, я бынхэр лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ щIапIыкI. Абы я лъапсэм и зэхуэдитIыр Руслан и лъэщапIэу жыпIэ хъунущ. 90 гъэхэм и пэщIэдзэ лъандэрэ шы уанэхэр, нэгъуэщI шы Iэмэпсымэхэр егъэхьэзыр. Мы унэтIыныгъэм етIуанэ щыхъуащ Омельченкэ Дмитрийрэ Викториерэ. Ещанэр лъагъэсащ Къуэжьокъуэхэ Хъусенрэ СэIихьэтрэ.
Кондрашовхэ Данилрэ Мариерэ пашэ щыхъуащ «УнагъуэщIэ» Iыхьэм. ЕтIуанэ увыпIэр иратащ Дзэгъащтэхэ Аскэррэ Миленэрэ. Ещанэр хуагъэфэщащ Ульбашевхэ Магометрэ Лязимэтрэ.
«Къуажэдэс унагъуэ» унэтIыныгъэм япэ ищар зэгурыIуэ зэрылъ Маргъущхэ Зауррэ Лидэрэ я бынунагъуэшхуэрщ. Зэщхьэгъусэхэм къалъытэ унагъуэр лъагъуныгъэмрэ гъащIэмрэ я щIэдзапIэу. ЕтIуанэр лъагъэсащ Бокатых Андрейрэ Иринэрэ я унагъуэм. Ещанэ хъуащ Къардэнхэ Хъызыррэ Зитэрэ я унагъуэр.
Зэпеуэм и унэтIыныгъэщIэр - «Хэкум и хъумакIуэм и унагъуэр» - теухуащ дзэ Iуэху хэхам хэта е хэт щIалэхэм я унагъуэхэм. АбыкIэ япэ увыпIэр къахьащ Чеченовхэ Эльдаррэ ФатIимэтрэ я унагъуэм. Эльдар 2008 гъэ лъандэрэ зауэм и ветеранщ, дзэ Iуэху хэхами хэтащ. Ар иджыпсту «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэщ. ЩIэблэм я хэкупсэ гъэсэныгъэм теухуа зэхыхьэхэр ирегъэкIуэкI. ЕтIуанэр хуэфащэу къалъытащ Атаевхэ Ильясрэ Сузаннэрэ я унагъуэм. Езыр-езыру дзэ Iуэху хэхам кIуа Ильяс зэрихьа лIыгъэм куэд щыгъуазэщ. Къулыкъу зыдищIэ щIалэхэм я гъусэу ар къыщаухъуреихьым, а щIыпIэм къикIыну яхузэфIэкIащ, ауэ Ильяс уIэгъэ хьэлъэ хъури, и нэм сэкъат игъуэтащ. Абы зэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ къалъытэри, УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ къыхуагъэфэщащ и къулыкъум хыхьэу, «ЛIыхъужьыгъэ» орденыр, «Зэхэуэхэм зэрыхэтам папщIэ» медалыр, «Кадыров Ахъмэт и орденыр». Ещанэ увыпIэр иратащ Къущхьэхэ Владимиррэ Заремэрэ. Владимир и гъащIэр триухуащ Хэкум къулыкъу хуэщIэным, зауэм и ветеранщ, Шэшэным, Дагъыстэным, Ингушым, Къэбэрдей-Балъкъэрым къулыкъу щищIащ. Иджы ар дзэ Iуэху хэхам хэтщ. Зэщхьэгъусэхэм бынищ зэдапI.
Унагъуэм и лъапIэныгъэхэмрэ хабзэхэмрэ зылъытэ псори зэкъуэзыгъэува пшыхьыр ягъэдэхащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и артистхэм («Иоканто» студием, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ЦокIыл Азэмэт, КъБР-м и цIыхубэ артист Текуев Амур, цIыхубэ къафэхэмкIэ «Псыгуэнсу», «Насып» ансамблхэм, нэгъуэщIхэми).
ТЕКIУЖЬ Заретэ.