Сымаджэхэм я сэбэп зыхэлъщ

Бахъсэн район сымаджэщым и поликлиникэ №-1-м зэгъэпэщыжыныгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIар зри­гъэлъэгъуащ КъБР-м и Iэтащ­хьэ КIуэкIуэ Казбек. IуэхущIапIэм къегъэ­щIылIа щIыпIэр зэIузэпэщ ящI мы зэманым.

Iуэхур зэрекIуэкIам, лэжьыгъэр зэрызэтрауб­лэжам щIыналъэм и Iэтащхьэр щыгъуазэ хуа­щIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустамрэ Бахъсэн район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Ещтрэч Мурат-рэ. 
Лэжьэгъуэ махуэм къриубыдэу IуэхущIапIэм дэIэпыкъуныгъэ щагъуэтыфынущ цIыху 750-м. Абы къегъэбыдылIащ Бахъсэн къалэмрэ                       районым и къуажэхэмрэ щыпсэу цIыху мин 60-м щIигъу.
КIуэкIуэ Казбек епсэлъащ поликлиникэм и лэжьакIуэхэми абы къекIуалIэхэми, къыхигъэщащ иджырей мардэхэм тету зи лэжьыгъэр зэтраублэжа поликлиникэр псоми я тыншыпIэм хуэщIауэ зэрыщытыр. 
Лэжьыгъэр ирагъэкIуэкIащ «Узыншагъэр хъу­мэн» лъэпкъ проектым хыхьэу. Метр зэбгъузэнатIэ 2400-рэ зыубыд унэр и щIыбкIи, и кIуэцIкIи къагъэщIэрэщIэжащ, инженер хуэIухуэщIэхэр яхъуэжащ, бжэхэр, щхьэгъубжэхэр, лифтыр щIэ­кIэ зэрахъуэкIащ. ЦIыхухэм къатемыхьэлъэу лэ­ж­ьыгъэр къызэгъэпэщауэ щытын папщIэ, IуэхущIапIэм и щIыхьэпIэ-щIэкIыпIэхэр зэхагъэщ­хьэ­хукIащ - плъыржьэрыгъэ зиIэ сымаджэхэр бжэ щхьэхуэкIэ зекIуэнущ. 
Поликлиникэр фIагъышхуэ зиIэ иджырей               медицинэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщащ. Абы­хэм яхэтщ УЗИ аппаратыр, бжыгъэр зи лъабжьэ маммографыр, рентгеныр, эндоскоп Iэмэп­сы-мэр. Абыхэм Iэмал къаритынущ цIыхухэм я узын­шагъэр тэмэму къэпщыта хъунымкIэ, ап­хуэдэ щIыкIэкIи узыфэхэр и чэзум къахутэфы-нущ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.06.2026 - 09:03

Сэлихь ягу къагъэкIыж

Накъыгъэм и 28-м къалъхуащ балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Гуртуев Сэлихь. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр зэхуэсащ ар ягу къагъэкIыжу и гъащIэмрэ и гуа­щIэмрэ и гугъу ящIын папщIэ.

13.06.2026 - 09:03

Университетым фыщIэтIысхьэну зывгъэхьэзырамэ

Мыгувэу щIидзэнущ 2026 гъэм Къэбэрдей-­Балъкъэр къэрал университетым абитуриентхэр къыщригъэблагъэ кампанием.

12.06.2026 - 09:03

Хуитыныгъэхэмрэ Iэмалхэмрэ щызэхуэдэм деж

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъ­къэр­ къэрал университетым зыхуигъэувыж и къалэн пажэм – щIалэгъуалэм щIэ­ныгъэ нэхъыщхьэ еты­ным къыдэкIуэу – IэщIагъэ зригъэгъуэтыну хущIэкъуу егъэ­

11.06.2026 - 09:11

ЯгъэткIиинущ кIэлъыплъыныгъэр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ Пятигорск ­къалэм щригъэкIуэкIащ КИФЩI-м ­хабзэр къызэпауду мылъку щы­зэ­Iэпызыххэм

11.06.2026 - 09:10

Урысей Федерацэм и цIыхуу ущытыныр пщIэшхуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 26-м дыгъуасэ Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Парламентым щратащ.