Кхъухьлъатэ гъуэгуанэхэм заубгъу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Тэтэрстан Республикэм и «ЮВТ АЭРО» авиакомпанием и генеральнэ директор Трубаев Петр.

А IуэхущIапIэм мы гъэм и накъыгъэм къыщыщIэдзауэ тхьэмахуэм къриубыдэу тIэу цIыхухэр къыщрешэкI Къэзан - Налшык - Къэзан гъуэгуанэм. А зэманым къриубыдэу а Iуэхутхьэбзэхэр къагъэсэбэпащ цIыху 2800-м, кхъухь­лъатэхэр ику иту процент 90-кIэ из хъууэ.
А рейсхэр ягъэзащIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Тэтэрстаным, къэрал бюджетхэм къыхэкI субсидиехэр къагъэсэбэпу. ЗэкIэ а программэр 2025 гъэм къриубыдэу лэжьэну аращ.  
«Къыхэзгъэщыну сыхуейщ «ЮВТ АЭРО»-р ехъулIэныгъэхэр иIэу илъэсипщI хъуауэ зэ­ры­лажьэр, и кхъухьлъатэхэр Урысейм и къалэ 30-м щIигъум зэрыкIуэр. ДыщызэIущIам ды­теп­сэ­лъыхьащ дызыхуэкIуэ илъэсми диIэну зэпы­щIэныгъэхэм. Къапщтэмэ, Къэзан - Налшык - Къэзан гъуэгуанэм тет кхъухьлъатэхэр адэкIи зэрылэжьэнум, абы нэмыщI Уфа, Сочэ къалэхэм кхъухьлъатэхэмкIэ цIыхухэр кIуэфу щы­тыным», - щитхащ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2025 - 09:03

Дерс щхьэпэхэр ирагъэкIуэкI

ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и курыт школхэм мы зэманым щокIуэкI гъуэгу хабзэхэр гъэзэщIэным, лъэс­ры­зекIуэм и шынагъуэншагъэр ­хъу-

13.11.2025 - 09:03

Фэеплъ здэщымыIэм цIыхугъэ щыIэкъым

Омск областым хыхьэ Тарэ рай­оным икIуэда ди лъэпкъэгъухэм - адыгэхэмрэ абазэхэмрэ - я фэеп­лъым пщIэ зэрыхуащIым и щы­хьэту, иджыблагъэ щIыпIэ жыжьэм щы­Iащ ди лэжьэгъу, «Черкес хэку» газетым и ре

13.11.2025 - 09:03

Я щIэныгъэр къапщытэж

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм епщIанэу ще­кIуэкIащ «Этнографие диктанткIэ» зэджэ Ду­нейп­со щIэныгъэ-узэ­щIа­кIуэ Iуэхугъуэшхуэр.

13.11.2025 - 09:03

Хабзэхъумэхэм я махуэшхуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм и щIыхькIэ. 

12.11.2025 - 15:59

И щхьэпагъыр наIуэ ящI

Узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн зэрамыдэм къишэ гугъуехьхэм теухуа зэIущIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.