Гум къыбгъэдэкI гуапагъэ

КъБР-м щIыхь зиIэ и артист,  Му­зыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ ЦокIыл Азэ­мэт Налшык и Театр щхъуантIэм шыщ­хьэуIум и 20-м щитащ «От сердца к сердцу» концертыр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ,  ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэм, «Пэ­рыт­хэр» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэр, «Ресурсный центр развития волонтёрства» IуэхущIапIэр я дэIэпы­къуэгъуу. Гуапагъэм, хуабагъэм, мамырыгъэм, зэкъуэтыныгъэм я пшы­хьыр ирагъэкIуэкIащ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ теат­рым и режиссёр икIи и актёр Мизиев Абубэчыр, артист ТхьэмлIокъуэ Вячеслав, КъБКъУ-м щIалэгъуалэ политикэмрэ социальнэ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Хуторская Елизаветэ. 

Хабзэ зэрыхъуауэ, ЦокIыл Азэмэт къыщалъхуа махуэм псапэу концерт ет бынунагъуэшхуэхэм ящыщ сабийхэм, зи узыншагъэм къимыхьхэм, дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм я унагъуэхэм защIигъэкъуэн мурадкIэ. Абы и зы Iыхьэу къызэрагъэпэщащ «Сабийр курыт еджапIэм хуэгъэ­хьэ­зыр» Iуэхури. КъыжыIапхъэщ, гъэ къэс мы Iуэхум нэхъри зэрызиубгъур, абы хэтхэм я бжыгъэм къызэрыхэхъуэр. 
Концертым ирагъэблэгъащ федераль­нэ антимонопольнэ IуэхущIапIэм и управленэм и щIыналъэ къудамэм и уна­фэщI Къумахуэ Аннэ, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, «Пэрытхэр» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIы­налъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри.
ЦокIылыр утыкум ирагъэблэгъащ Театр щхъуантIэм щызэхуэсахэм жаIа «Уи ма­хуэм­кIэ дынохъуэхъу!» псалъэхэмрэ жьыми щIэми абы хуаIэта Iэгуауэ макъымрэ щIэту. Азэмэт псапэ зыпылъ Iуэхур къы­зэрыдаIыгъам папщIэ псоми фIыщIэ яхуи­щIа нэужь, гъащIэ къезыта и анэм псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуигъэзащ. Артис­тым дыщIигъужащ пшыхьым хыхьэу къы­зэрагъэпэща ахъшэ зэхэдзэр сабийхэм яхуэщхьэпэну зэрыщыгугъыр.
«Гъагъэ, ефIакIуэ, си Къэбэрдей-Балъкъэр» псалъэхэмкIэ ЦокIылым и пшыхьыр иригъэжьащ икIи япэу игъэзэщIащ куэ­дым фIыуэ ялъагъу «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» уэрэдыр. Абы къыкIэлъыкIуащ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я лIыгъэм (ЗэрамыщIэ Заретэрэ Мэшыкъуэ Радимэрэ зэдатхар), къэралым, анэм, лъагъуныгъэм теухуа уэрэдхэр. Пшыхьым къыздаша сабийхэм я нэгу зрагъэужьащ таурыхъым къыхэщ лIыхъужьхэм я фэилъхьэгъуэхэр ящыгъыу къэфа артистхэм.
Концертыр зыгъэдэхахэм ящыщщ къэ­ра­лым и утыкушхуэхэр - Мариинскэ театрыр, Чайковскэм и цIэр зезыхьэ залыр, Кремлым и уардэунэр, - зыгъэбжьыфIа, Славян бэзэр, «Витебск-2025» зэхы­хьэш­хуэ­хэм ди республикэм и цIэкIэ зыкъы­щы­зыгъэлъэгъуа Бэрэгъун Заур, республикэм и уэрэджыIакIуэхэу КIыщыкъуэ Назир, Хуламханов Къайсын, ДыщэкI ФатIимэ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэ­­рал институтым щеджэ Къунаш Эльмирэ, «Насып» къэфакIуэ ансамблыр, нэгъуэщIхэри. 
Пшыхьыр къызэрагъэпэщынымкIэ къа­зэ­­рыдэIэпыкъуам папщIэ фIыщIэ хуа­щIащ КИФЩI-м и полпредым, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я управленэм, федеральнэ налог IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэм, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм коррупцэм пэщIэ­ты­нымкIэ и управленэм, федеральнэ антимонопольнэ IуэхущIапIэм и щIыналъэ къуда­мэм и управленэм, Сабийм и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ уполномоченнэм, КъБР-м и хьэкумыщIхэм я зэгухьэныгъэм, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыны-гъэм­кIэ, ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, Узыншагъэр хъу­мэ­нымкIэ, ЩэнхабзэмкIэ, ЩIы гъэтIы­лъыгъэ­хэмрэ мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министерствэхэм, КъБР-м и щIыналъэхэм я администрацэхэм, КъБР-м и ЩIалэгъуалэ пра­ви­тельс­т­вэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм, цIыху щхьэхуэхэм.
Псапэ Iуэхум зыкърагъэхьэлIащ республикэм и щIыпIэ псоми щыщхэм, гъу­нэгъу щIыналъэхэм къикIа хьэщIэхэм. 
ТЕКIУЖЬ  Заретэ. 
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.06.2026 - 08:59

Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу.

15.06.2026 - 08:57

Шабзэм хуэIэзэхэр

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ и Кубокыр шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ къэ­хьы­ным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и спортсменкэ Кулюшинэ Янэ япэ увыпIэр щиубыдащ.

15.06.2026 - 08:57

Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ

Налшык и жьантIэу къалъытэ Бгыщ­хьэ хьэблэм укъыщыхутамэ, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тху­шэхэм гу лъумытэу уаблэкIыфынукъым.

15.06.2026 - 08:56

Пэнагуэ Казбек и фэеплъу

СССР-м самбэмкIэ спортым и мастер, а  спорт лIэужьыгъуэмкIэ Тэрч районым и япэ тренеру щыта Пэнагуэ Казбек и фэеплъ ­урысейпсо зэхьэзэхуэ «Тэрч-Олимп» спорт комп­лексым щекIуэкIащ.

14.06.2026 - 09:03

Сэлихь ягу къагъэкIыж

Накъыгъэм и 28-м къалъхуащ балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Гуртуев Сэлихь. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр зэхуэсащ ар ягу къагъэкIыжу и гъащIэмрэ и гуа­щIэмрэ и гугъу ящIын папщIэ.