Дахагъэр псэм зыхезыгъащIэхэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щагъэлъагъуэ «Приподнимая времени вуаль» выставкэр. Абы хагъэхьащ Прох­ладнэ къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм художникхэмрэ декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ щаIэ «Ренессанс» художественнэ зэгухьэныгъэм (унафэщIыр Ненашевэ Татьянэщ) хэтхэм я IэдакъэщIэкIхэр. 

Прохладнэ къалэм и ху­дож­ник тIощIым щIигъу зыхэт «Ренессанс» зэгу­хьэ­ныгъэм щыщхэм илъэсип­щIым щIигъуауэ я лэжьыгъэ­хэр утыку щагъэлъагъуэ, икIи ахэр цIыхухэм ягу дохьэ. Зэгухьэныгъэм хэт су­-рэ­тыщI нэхъ щIалэ дыдэ ­Лагодэ Яромир и ныбжьыр илъэс 16-щ зэрыхъур, ауэ и лэжьыгъэхэр еханэу утыку ирехьэ. 
Иджырей выставкэр траухуащ Урысейм и пащты­хьыгъуэ зэманым. БлэкIам и теплъэгъуэхэр, цIыху къы­зэрыгуэкIхэм я гъащIэр, ­пащтыхьым къызэригъэпэщу щыта пшыхьхэр, а зэ­маным зэрахьэу щыта фэилъхьэгъуэхэр, нэгъуэщI куэд сурэтыщIхэм я лэжьыгъэ­хэм къыщагъэлъэгъуэжащ. КъыжыIапхъэщ: живопись, графикэ лэжьыгъэхэм къа­дэ­кIуэу, мы гъэлъэгъуэныгъэм декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ IэпщIэ­лъапщIэхэм я Iэдакъэ­щIэкI-хэри къы­­зэщIеу­быдэ.
- Нэхъыбэу мы лэжьыгъэхэр зи Iэдакъэ къы­щIэ­кIар Прохладнэ щIыналъэм щыщхэрщ. «Ренессанс» зэгухьэныгъэм хэтхэмрэ абы  и унафэщI Ненашевэ Татьянэрэ фIыщIэ яхуэфащэщ тхыдэр зи лъабжьэ мыпхуэдэ дахагъэ республикэм исхэм тыгъэ къызэ­ры­хуащIам папщIэ, - жиIащ КъБР-м и Парламентым щэн­хабзэмкIэ, граждан жы­ла­­гъуэм зегъэу­жьы­ным­рэ хъыбарегъащIэ Iуэху­хэм­кIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амурбий. - ДяпэкIи гъуа­зджэм зэфIэкIрэ ехъу­лIэныгъэрэ щывиIэну си          гуапэщ!
КъБР-м и цIыхубэ сурэ­тыщI, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къегъэ­щIылIауэ лажьэ ЦIыхубэ творчествэмкIэ щэнхабзэ центрым и унафэщI Жылэ Анатолэ и псалъэм къыхигъэщащ зэгухьэныгъэм хэтхэм илъэс куэд щIауэ зэ­радэлажьэр, абыхэм гъэ къэс я лэжьыгъэхэр зэра­гъэ­лъагъуэр, я сурэтхэм жанр псори къызэрызэщIау­быдэр, щIэщыгъуагъ зэрахилъагъуэр, я Iэзагъэм зэ­пы­мыууэ зэрыхагъахъуэр, Прохладнэ къалэр мы зэгухьэныгъэм хэтхэм зэрагъэбжьыфIэр. 
- Гуапэщ Прохладнэ къалэм и IэпщIэлъапщIэхэм я махуэшхуэ сызыпэплъам сы­къызэрырагъэблэгъар. Уна­фэщIхэр, жылагъуэр, пенсэм тIысыжа IэпщIэлъапщIэхэр зэхуэмысам гъуазджэм и мыпхуэдэ махуэш­хуэ нобэ къыдэмыхъулIэнкIи хъунт. Ар зи фIыгъэр зэгу­хьэ­ныгъэм хэтхэрщ! Прох­ладнэ щIыналъэм и сурэ­тыщIхэмрэ IэпщIэлъапщIэ­хэмрэ я Iэзагъэр умыгъэ­щIэгъуэн плъэкIыркъым. Блэ­кIар, нобэр къыщыгъэ­лъэгъуэжа мы лэжьыгъэхэр узыгъэгуфIэщ, дахагъэр псэм къыщызыгъэушш, - жиIащ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и рескомым и унафэщI Дау Марианнэ. - ЗэрытщIэщи, жылагъуэм ди зэкъуэты­ныгъэрщ къэ­ралым и къару нэхъыщхэр. Псом хуэм­ы­дэу щIалэгъуа­лэм Iэмал яIэщ гъуазджэм и дахагъэм зыхагъэгъуэ­зэну! ЩIэ­ныгъэр, диныр, гъуазджэр - цIыхур езыгъэ­фIакIуэщ. ­КъБР-м Щэн- хабзэмкIэ и ми­нис­терс­твэм, КъБР-м и Прави­тельс­твэм фIыщIэ яхуэфащэщ гъуазджэм гулъытэ зэрыхуащIым пап­щIэ. Iэп­щIэ­лъапщIэхэм  фи зэ­фIэкIым хэвгъэхъуэну, зы­ву­­жьыну си гуапэщ!
Коллекционер Жырыкъ Заур и псалъэм къыхигъэщащ илъэс зыбжанэ мы зэгухьэныгъэм хэтхэм я лэ­жьэ­кIэм зэрыкIэ­лъыплъыр, абыхэм я зэфIэкIыр гъэщIэгъуэн зэрыщыхъур, цIыху Iэп­щIэлъапщIэхэр зэзыгъэуIуфам пщIэ къызэрилэжьыр. 
Ненашевэ Татьянэ фIыщIэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэлIахэмрэ абы къыщыпсэлъахэмрэ, музейм и лэжьакIуэхэм. 
Зэхыхьэр ягъэдэхащ Прох­ладнэ къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм Модэмрэ дизайнымкIэ и «Антураж» теат­рымрэ «Вортекс» клубым и артистхэмрэ. 
Выставкэр фокIадэм и 7 пщIондэ лэжьэнущ. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ. 
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.06.2026 - 15:02

ТекIуэныгъэр къыхуагъэфащэ

КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и «Юриспруденцэ» унэтIыныгъэм и 4-нэ курсым щеджэ Шыгъушэ ФатIимэ илъэс къэс екIуэкI ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и федеральн

07.06.2026 - 10:01

Сурэттеххэм дагъэлъагъу дахагъэр

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ.

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.