IэщIагъэр зыхуэдэр ирагъэлъагъу

НэхъыжьыфI здэщыIэм нэхъыщIэфIи щыIэщ, жаIэ. Iущыгъэм и мыхьэнэр нэхъри зыхыбощIэ, къыдэкIуэтей щIэблэм яхуэфащэ гулъытэм дуней и пIалъэр къэзыщIахэм щыщамыгъащIэм, абыхэм яхуэгъэзауэ ятелъ хьэкъыр щагъэзащIэм деж. Нарткъалэ и курыкупсэм ит жыг хадэр цIыхухэм я кIуапIэщ, мыбдеж пщыхьэщхьэкIэрэ сабий зиIэ унагъуэ­хэр къекIуалIэурэ я нэгу зрагъэужь, зыща­гъэ­псэху. «Пэрытхэм я зэщIэхъее­ныгъэм» КъБР-м щиIэ щIыналъэ къу­дамэм хэтхэмрэ УФ-м ЩытыкIэ къы­зэрымы­кIуэхэмкIэ и министерствэм и республикэ къудамэмрэ зэщIыгъуу нэхъыжьми нэ­­хъыщIэми я хьэкъхэри къэзылъытэ Iуэху щхьэпэ щрагъэ­кIуэкIащ иджыблагъэ.

«Шынагъэ зыхэмылъ си зыгъэпсэху­гъуэ махуэхэр» зыфIаща пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, сабийхэм шынагъэ ящIапхъэхэмрэ зыщагъэгъупщэ мыхъунухэмрэ ягу къа­гъэ­кIыжынырщ жэрдэмщIакIуэхэм къалэн нэхъыщхьэ зыщащIыжар. Абы теу­хуауэ ягъэхьэзыра программэр Iуэхугъуэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэнщIат. Абы хиу­быдэрт упщIэрэ жэуапу зэхэт джэгукIэхэр, мафIэр гъэункIыфIыным пыщIа Iуэхугъуэ­хэр къызэщIэзыубыдэ спорт зэхьэзэхуэхэр, асфальтым тращIыхь сурэт зэпеуэхэр, нэгъуэщI куэди.
Зи ныбжьыр еджапIэ кIуэгъуэм нэмыса цIыкIухэр сурэт щIыным нэхъ къыхэщами, нэхъыжьыIуэхэми я жыджэрагъыр, псын­щIагъыр, жанагъыр спорт зэхьэзэхуэхэмкIэ ягъэунэхуащ.
Iуэхугъуэм курых хуэхъуар мафIэсгъэункIыфIхэм я лэжьыгъэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр ягъэлъагъуэу утыку кърахьа гъэ­лъэгъуэныгъэхэрщ. Апхуэдэу Нарткъалэ дэт 5-нэ мафIэсгъэункIыфI IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм цIыкIухэр щагъэгъуэзащ IэнатIэм пэрытхэм ящыгъ щыгъынхэр зыхуэдэр, тепсэлъыхьащ я фащэм хэлъ пкъыгъуэхэм я мыхьэнэм, ирагъэлъэ­гъуащ мафIэ къызыщIэна щIыпIэр бгъэункIыфIын щхьэкIэ, япэщIыкIэ щIэн хуейхэр. Псом хуэмыдэу цIыкIухэм гунэс ящы­хъуащ а IэщIагъэм ирилажьэхэм я фащэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ зэпаплъыхьыну Iэмал зэраIар.
- Мыпхуэдэ пэхуэщIэхэм мыхьэнэшхуэ ядот. Дэ къыдгуроIуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманыр цIыкIухэм гукъыдэж ящыхъун IуэхугъуэхэмкIэ гъэнщIын зэрыхуейр, ауэ зэманыр апхуэдизкIэ псынщIэу макIуэ, лэжьапIэ IэнатIэ Iутхэм я къалэнхэм зэщIеIулIэри, адэ-анэр а псом щыхунэмыс къохъу, уеблэмэ къызыфIэмыIуэхуи къахокI. Нэхъыжьхэращ щIэблэр зыущиин ­хуейр. А къалэныр зым деж къыщыщIэмэ, апхуэдэ Iэмал зиIэ адрейм ар Iэпэдэгъэлэл ищI хъунукъым. Ди нэхъыжьыжьхэр апхуэдэущ зэрыщытар. Хамэ сабий щы­Iэтэкъым, хьэблэм дэс цIыкIухэр псоми я зэхуэдэт. Дэри сабий гъэсэныгъэм щыщу а бгъэдыхьэкIэр тфIэкъабылщи, IэщIыб дымыщIыныр игъуэу къыдолъытэ. ЦIыкIу­хэм щIэныгъэм и закъуэкъым ябгъэ­дэтлъхьэр, атIэ къагурыдогъаIуэ цIыху ­гъащIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абы нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр, щытыкIэ къызэры­мыкIуэ ихуар мыгужьейуэ, абы къызэрикIын Iэмал акъыл бзыгъэкIэ къилъыхъуэу щытын зэрыхуейр, - жаIэ къызэгъэпэщакIуэхэм.
Iуэхугъуэ дахэр сабийхэмрэ жэрдэм­щIа­кIуэхэмрэ зэхэту траха сурэтымкIэ яухащ, цIыкIухэми а псор зылъэгъуа адэ-анэхэми гукъыдэж къариту, апхуэдэ пэхуэщIэхэмкIэ дяпэкIи ягъэгуфIэну зэращыгугъыр жаIэу.
ШУРДЫМ  Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.