Анэ пэлъытэ схуэхъуат

Аушыджэр къуажэм щыщ, илъэсипщI ипэкIэ дунейм ехыжа Къурашэ Ритэ ФIыцIэ и пхъум теухуа мы фэ-еплъ тхыгъэр къызыбгъэдэкIыр и нысэ Раметэщ. Гуа­щэфIым и пса­лъэ гуапэхэмрэ Iущ­хэмрэ зыщымы­гъупщэ ­Раметэ и дежкIэ блэкIа ­илъэсипщIыр махуипщI пэ­лъы­тэщ, анэ пэлъытэ хуэхъуа Ритэ къа­­зэ­рыщ­хьэ­щымытыжыр апхуэдизкIэ зыхещIэри. Газетеджэхэм папщIи щапхъэу къыдолъытэ  гуащэмрэ ны­сэмрэ яку дэлъа пщIэ-нэмысыр, унагъуэм ис нэхъыжьхэмрэ щIэблэмрэ я зэхущытыкIэ дахэхэр.
Къурашэхэ Владимиррэ Ритэрэ я унагъуэм ихьа Раметэ зыхэхуар бынуна­гъуэшхуэт. ЗэгурыIуэ яку дэлъу бынипщI (щIалихрэ хъыджэбзиплIрэ) зэдэзы­пIа, адыгэ хабзэмрэ гъэ­сэныгъэ дахэмрэ я щIэблэр щIэзыпIыкIа зэщхьэгъусэ­хэм цIыхум я пщIэ къалэ­жьащ. Лэжьыгъэм щы­мышынэ Вовэрэ Ритэрэ ­гъуэгуанэ дахэ къызэда­кIуащ, я бынхэри чэзууэ ­уна­гъуэ щхьэхуэу ягъэтIы­сыжащ. Адэ-анэр зэры­бы­ным я гъуэгугъэлъагъуэу, сыткIи я щапхъэу къэгъуэгурыкIуащ. Щышынэ мы­­хъуу, адэ-анэм фIэлIы-       кIыу, укIытэ яхэлъу я быныр къагъэхъуащ. Зэ­дэлъхузэ­шып­хъухэмрэ абы я щIэб­лэмрэ ноби хущIокъу адэ-анэм къыхалъхьа гъэ­сэ­ныгъэм зэрытетыным, псом хуэмыдэу дунейм ехыжа я нэхъыжьхэм я фэеплъым зэрыхуэфэщэным.
Раметэ щхьэгъусэ хуэхъуа Аслъэн быным я еянэми, я щыпэ нысэм хуэдэу гулъы-тэ къызэрыхуащIым дамэ къытригъакIэрт. Гуащэ-тхьэ­­мадэм бгъэ­дэса Раметэ я нэхъыжьхэм пщIэ ­яхуищIу, абыхэм я зэ­хущытыкIэ дахэхэр и щапхъэу якIэ­лъып­лъырт, я ­нэ­мыплъ къимыхьу, ягу зэры­дых­ьэным ху­щIэкъуу. Ритэ хадэхэкI гъэкIыныр, гъэш зе­хьэныр, пщэ­фIэныр зыхилъхьэ щы­мыIэу зы­фIэфI унэгуащэу щытащ. Псом хуэмыдэу нысэм гу­къинэж щы­­хъуащ пщIантIэм къы­дыхьэж и бынхэмрэ абыхэм я щIэблэмрэ зэпы­мыууэ Ритэ яхуэгуапэу, зы мэскъалкIи езэшауэ закъримыгъащIэу, и Iэгу и Iэнэу, и ерыскъы IэфIхэр бе­рычэту, чэнджэщ щхьэпэ­хэр яритурэ игъэгушхуэу, хьэл-щэныфIэу, цIыху щабэу зэрыщытар. 
- Си хъыджэбз цIыкIур махуэ 40 ирикъуауэ си адэ-анэм я деж сыщашэжым, мамэ селъэIуат ди деж тIэкIу сыщигъэIэну. Сыкъы­зэрынэну махуэ бжыгъэм сыщыщIэупщIэм, езым сишэжыху сыщыIэну хуит сищIат. АрщхьэкIэ… пщэдджыжьым къаIуэху ар дунейм зэрехыжам и щхьэ-кIуэ хъыбар гуауэр. Ау­шыджэр сынэсыжа нэужь, зы къулыкъущIэшхуэ дунейм ехыжам хуэдэу, цIыху Iув зэрызэхэтыр щыслъэ­гъуарщ ар си фIэщ щы­хъуар. И псэр хэкIауэ къыщашэжам, махуэ дыгъэп­сым уридэкIуеину уэлбанэ уэшхыу зызэридзэкIат, дунейм зыкъыдищIу, - игу ­къегъэкIыж Раметэ. - Зы мащIэ нэхъ мыхъуми сщIамэ, гъэбэгъуауэ жиIэжырт, си пщIэр иIэту. Пхъум сыпищIу анэм хуэдэу къы­зэ­рысхущытым папщIэ гуащэ псалъэр схухуэгъэфащэртэкъым. Апхуэдабзэу, сэри езыр си анэм пэслъытырт, зэрызгъэгуфIэным, и Iуэ­ху­хэр зэрыдэзгъэпсын­щIэ­ным сыпылът. «Анэм и щIыхь» медалыр къы­зэ­ры­ратам иригушхуэу, ар къыдихыурэ дигъэлъагъурт. ­НэгъуэщI имыщIами, гу-­­­­                      щипщI зэ­ры­щIиупскIар ­гугъуехьу ири­къунтэкъэ,  бынитI зэдэтпIыныр нобэ къы­зэрытте­хьэлъэр къэп­лъытэмэ. Гу щысхуэху сыбгъэдэсыну иухами, илъэс 60-м щхьэ­дэха мамэ IэфIу, гуапагъэр ебэкIыу  сигу ­къинэжащ. Ноби дызытетыр гуащэ-тхьэмадэм къыт­хуа­гъэна лъагъуэ дахэрщ. Я бынхэм, я нысэхэм, щIэб­лэм ахэр щIэх-щIэхыурэ ­дигу къыдогъэ­кIыж. Тхьэм зэ­пы­мыууэ солъэIу мами папи жэ­нэтыр унапIэ яхуи­щIыну. 
Зыгъэхьэзырар
ТЕКIУЖЬ Заретэщ. 

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.08.2026 - 11:48

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

14.08.2026 - 14:11

Тыгъэ екIу, купщIафIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ра­лыгъуэр илъэси 100 зэрыри­къум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэп­сэ­ху­пIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI Кисловодск къалэм и сурэтыщI Лангуровэ

14.08.2026 - 11:10

ГуащIэщ къекIуэкIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэр

Щэбэт кIуам щIидзащ Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу командэ нэхъ лъэщхэр зыхэт еща-            нэ дивизионым щекIуэкI           зэхьэ­зэхуэм и етIуанэ               

14.08.2026 - 09:54

Хадэм и дахагъэр зи теплъэ

«Сигу ирохь» студием гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ: IуэхущIапIэр зей Хьэ­цIыкIу Милэрэ Жэбалы Заирэрэ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ, «Жыг хадэм» фIэщыгъэр хуащI­ри.

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.