КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIа брифингым щытепсэлъыхьащ балигъ мыхъуахэм гъуэгухэм хабзэр къыщызэпамыу- дыным ехьэлIауэ лэжьыпхъэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м и къэрал автоинспекцэм и управленэм и унафэщI, полицэм и полковник Бэджыдэ Юрэ зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ хабзэхэм тетыным ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм. Къэрал автоинспекторхэр махуэ къэс кIэлъоплъ гъуэгум зэрыщызекIуэм икIи мымащIэу къыщIагъэщ шофёр тхылъхэр ямыIэу, балигъ мыхъуахэри яхэту транспортхэр зезыгъакIуэхэр.
Бэджыдэм гулъытэ хэха хуищIащ бадзэуэгъуэм Бахъсэн районым къыщыхъуа гъуэгу-транспорт зэжьэхэуитIым. Балигъ мыхъуауэ рулым дэсхэм цIыхухэр ираудащ: зы лъэсырыкIуэр а щIыпIэм деж щыхэкIуэдащ, нэгъуэщI зы махуи 6 дэкIри сымаджэщым щылIащ. ШыщхьэуIум иджыри зы гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэ ятхащ, абы балигъ мыхъуауэ тIум, рулым дэсаи яхэту фэбжь щагъуэтащ.
Мазиблым къриубыдэу республикэм и гъуэгухэм щатхащ балигъ мыхъуахэр зыхэт гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэу 13 - абыхэм ящыщу 9-р сабийхэрщ зи зэраныр. Административнэ жэуапым ирашэлIащ ныбжьыщIэ 243-рэ, хуит зыщI тхылъхэр ямыIэу рулым дэсауэ. Сабийр рулым дэтIысхьэну хуит зыщIа нэхъыжьхэм ехьэлIауэ административнэ Iуэху 217-рэ къаIэтащ.
Къэрал автоинспекцэм и управленэм и унафэщIым жиIащ балигъ мыхъуахэр нэгъуэщI транспортхэми тесу хабзэр къызэрызэ- паудыр - электросамокатхэр, лъакъуэрыгъажэхэр, квадроциклхэр, нэгъуэщIхэри кърахуэкIыу. Илъэсыр къызэрихьэрэ апхуэдэ IэмэпсымэхэмкIэ хабзэр къызэпаудауэ, гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэу 6 ятхащ: щым хэтащ балигъ мыхъуахэр, тIур рулым дэсащ.
- Балигъ мыхъуауэ рулым дэсхэм пыщIа щытыкIэм егъэпIейтей Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ МВД-р, - къыхигъэщащ Бэджыдэ Юрэ. - Балигъхэм я нэIэ къазэрытемытым, языныкъуэхэм Iэпэдэгъэлэл зэращIым къыхэкIыу, гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм ахэр къыхохутэ рулыр яIыгъыу. ЦIыхухэр щыхэкIуэда е фэбжь щагъуэта гъуэгу-транспорт къэхъу-къащIэхэм балигъ мыхъуахэу транспортыр зезыгъэкIуа сабийхэм рулыр хуит хуащIащ абыхэм я Iыхьлы балигъхэм.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэм къыхагъэщащ езы сабийхэми, гъуэгум тет адрейхэми я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщын папщIэ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр къызэремызэгъыр.
УАРДЭ Жантинэ.