Iэмалхэр къалъыхъуэ

Хэку зауэшхуэм цIыху щIэжым хэмыгъуэщэжын дыркъуэ къытринащ. Зауэр зи нэгу щIэкIахэм, щэхуми нахуэми, щIагъэкIа нэпсыр зымылъэгъуа куэд совет лъэхъэнэм зы къэралыгъуэ зэдиса лъэпкъыбэм яхэткъым. Адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм я нэпсыр лъапIэщ, аращ абыхэм ехьэлIа дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми щIэблэр хуэсакъыу щIыщытыр. Абыхэм ящыщщ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр, мывэ скъархэр, къуэшыкхъэхэр, кхъэлэгъунэхэр. Тырныауз къалэм иджыблагъэ къыщыхъуа щIыуэпс къэхъукъащIэхэм я ягъэ екIащ апхуэдэ зы фэеплъым – къалэкум ит фэеплъ скъарымрэ къуэшыкхъэмрэ ятIэпсым щIигъэнащ, къыхэщыж щымыIэу.

А Iуэхугъуэм имыгъэпIейтея яхэткъым къалэдэсхэм. Ар къэгъэнауэ, щIыналъэм щыпсэу куэдым гухэщIыгъуэ къаритащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр кIуэдыпIэ зэрихуар. ЦIыхубэр зыгъэгумэщI Iуэхугъуэр зэблэгъэкIа зэрыхъуным, абы и Iэмалхэр къэлъыхъуэным теухуат Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Отаров Мухътар иригъэкIуэкIа зэIущIэр.

Абы кърихьэлIахэм я пащхьэ кърилъхьа Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэр щIыпIэр щIэзыхъума ятIэпсыр къыхэгъэкъэбзыкIыжын, илъэс къэси фэеплъым апхуэдэ къыщыщIынкIэ щыIэ шынагъэм къыIэщIэхауэ ар гъэIэпхъуэн, Хэку зауэшхуэм хэкIуэда щIалэхэм я хьэдэр къыщIэхыжауэ нэгъуэщIыпIэ щыщIэлъхьэжын зэрыхуейрт.

Зэхуэсым хэтахэр псори арэзы техъуащ Отаровым къыхилъхьа Iуэхугъуэм икIи ар зи пщэ дэлъхьапхъэ кIэлъыплъакIуэ-гъэзэщIакIуэ гуп къызэгъэпэщын зэрыхуейри къыхагъэщащ.

Гулъытэ хэха игъуэтынущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлIхэм я хьэдэхэр къыщIэхыжауэ щIэрыщIэу щIэлъхьэжыныр зи пщэ дэкIынур хэтми – хэгъэгум и къалэныр щIыналъэхэм щратыж къыхокIри, хьэдэщIэлъхьэ хуэIухуэщIэхэр Iуащхьэмахуэ щIыналъэм къыхуэнэнрэ къыхуэмынэнрэ убзыхун хуейуэ къапэщылъщ.

ЯтIэпсым щIигъэна щIыпIэр къыщIагъэщыжа нэужь, Фэеплъым и утыкум игъуэта хэщIыныгъэр зыхуэдизыр къалъытэнущ, лэжьыгъэр зэфIэкIмэ, ар зэрыт Iэгъуэблагъэр зэгъэпэщыжыныр «Зи псэр Хэкум щIэзытахэм я фэеплъыр хъумэныр» къэрал программэм храгъэубыдэнущ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.04.2026 - 09:03

Куэдым хащIыкI

КъБКъУ-м Жылагъуэ жэрдэмхэмкIэ и пэшым иджыблагъэ щекIуэкIащ ­«Хабзэ хъуа псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэ­хэр: сыт дызэкъуэзыгъэувэр?» зэп­сэ­лъэныгъэр.

15.04.2026 - 09:03

Лъэпкъыр, бзэр, щэнхабзэр япэ изыгъэщ

Театрым, кином, щэнхабзэм зэрыщыту хухэха махуэхэм журналистхэр ди гуа­пэу датотхыхь а IэнатIэм пэрытхэм, цIыху гъащIэр, къэ­ралыр, псэукIэр нэхъ зыгъэбжьыфIэ, зыгъэдахэ цIыху цIэрыIуэхэм.

15.04.2026 - 09:03

Гъунапкъэншэ зэпсэлъэныгъэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр иджыблагъэ студентхэм яIущIащ.

14.04.2026 - 15:59

Театр лэжьакIуэхэм я пшыхь гуапэ

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэр (СТД) илъэси 150-рэ, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр илъэс

14.04.2026 - 09:12

«Гупсысэм и къарур»

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ узэщIакIуэ, егъэджэныгъэ пэхуэщIэ купщIафIэ илъэс зыбжанэ лъандэрэ щрагъэкIуэкI ди къэралым.  «Вагъуэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм къы­зэригъэпэщ, УФ-м Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и федер