«Урысей зэкъуэт» партым цIыхубэм защIэгъэкъуэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ штабым шыщхьэуIум и 19-м псапэ зыпылъ Iуэху щекIуэкIащ, «Сабийр еджапIэм хуэгъэхьэзыр» урысейпсо жэрдэмым и Iыхьэу. Ар къызэрагъэпэщащ партым и Налшык къалэ щIыпIэ къудамэм и къарукIэ.
ПСАПАЩiЭМ хэтащ Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ, «Урысей зэкъуэт» партым цIыхубэм защIэгъэкъуэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ штабым и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI, «Иджырей школ» парт Iуэхур ди щIыналъэм щызыубзыху Емуз Нинэ, КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амурбий, «Урысей зэкъуэт» партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и секретарым и къуэдзэ Парафилов Дмитрий, КъБР-м и Парламентым и депутатхэу Шевчук Германрэ (СВО-м и ветеранщ) Беспаловэ Натальерэ. Школым къыщагъэсэбэпыну хьэпшыпхэмрэ портфелхэмрэ иратащ зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэмрэ дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм я бынхэмрэ. Апхуэдэу ягъэгуфIащ сабий 24-рэ.
Емуз Нинэ къыщыпсалъэм щIэупщIащ нэхъ лъапIэр саугъэтыр къуатынра хьэмэ зыгуэрым ар ептынра, жиIэри. Сабийхэм зы жьэу жаIащ: «Уэ езым ептынращ».
- «Урысей зэкъуэт» партым и лIыкIуэхэр дэри аращ дызэреплъыр - гуапагъэ щыпщIэкIэ, зыгуэрым тыгъэ щыхуэпшийкIэ зыхэпщIэ гурыщIэхэр нэхъыбэщ, гухэхъуэгъуэ уогъуэт, - жиIащ Емузым. - ИкъукIэ сабий дыгъэхэр нобэ къытхуеблэгъащ, шэч къытесхьэркъым дэтхэнэри школ щIэтIысхьэжыгъуэм зэрыхуэпIащIэм. Курыт еджапIэр ар гъащIэм ухуэзыгъэхьэзыр лъэмыжщ, абдежщ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр къыщыпщIэр. ЖысIэнуращи, ар цIыху гъащIэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ пIалъэщ. Нобэ фхуэтщIа тыгъэхэр дигуми ди псэми къабгъэдэкIыу фэттащи, гукъинэж фщыхъуну ди гугъэщ.
Депутатым езыми зы хъыджэбз цIыкIу IэпщэхъукIэ къыхуэупсащ, и IэкIэ ищIыжауэ.
- Гъэ еджэгъуэщIэм мыгувэу щIидзэжынущ. Шэч къытетхьэркъым фи егъэджакIуэхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ фазэрыхуэзэшам. Нобэ хьэпшыпыщIэ фхуэдгъэхьэзырахэр къыфхуэсэбэпыну, ехъулIэныгъэшхуэхэр къыфхудэкIуэну ди гуапэщ. Фи адэ-анэхэр фымыгъэгумэщI, фи зэфIэкIхэм ахэр иригушхуэу феджэну сынывохъуэхъу, - яжриIащ сабийхэм Ахъуэхъу Таймураз.
Мы Iуэхур республикэм зэрыщрагъэкIуэкIымрэ абы кърикIуамрэ тедгъэпсэлъыхьыну зыхуэдгъэзащ «Сабийр еджапIэм хуэгъэхьэзыр» лэжьыгъэр къызэзыгъэпэщ Абазэ Хьэсэнбий. Абы къыджиIащ: «Сабийр еджапIэм хуэгъэхьэзыр» Iуэхур илъэсий хъуауэ йокIуэкI, иужьрей илъэсищым ар «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ жылагъуэ егъэблэгъапIэм къыщызыдогъэпэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, мыр зыхуэгъэзар гугъуехь пэщIэхуа унагъуэхэм, хуэмыщIахэм, бынунагъуэшхуэхэм къыщыхъу сабийхэмрэ ныкъуэдыкъуэхэм-
рэ дадэIэпыкъунырщ. Псом хуэмыдэу япэу гулъытэ зыхуэтщIыр иужьрейхэращ. Абы къыкIэлъыкIуэу защIыдогъакъуэ дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэхэм я бынхэм. Ещанэу - хуэмыщIауэ псэу унагъуэхэм. Къэбгъэлъагъуэмэ, ди гъунэгъу республикэхэм къащхьэщыкIыу (абыхэм зэрытхэ Iэмэпсымэхэмрэ тетрадхэмрэ ирату аращ), дэ нэхъ тфIэкъабылу портфелхэри щIыдгъуащ дазэрыхуэупсэм. Ар зэттхэм я ныбжьри къэтлъытэу къыхыдох. Дызэрыт илъэсым портфелрэ школ хьэпшыпу абы щIыгъухэмрэ зэгъусэу 200-м щIигъу дгъэхьэзыращ, абы и ныкъуэр зыхуэфащэхэм яIэрыдгъэхьэжагъэххэщ. Нэхъ ипэIуэкIэ мыпхуэдэ ди зэхыхьэм къеблэгъат УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Родинэ Викторие. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ куэдым я гуащIэ халъхьэ псапэ щIэнми, абы дыщогуфIыкI. Псалъэм папщIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ, республикэм я нэIэ щытетщ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм. Къыхэгъэщыпхъэщ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэри мыпхуэдэ Iуэхухэм зэрегугъур. Ди къарур псоми зы Iуэху щхьэпэм етхьэлIэмэ, абы щыгъуэщ ди Iэужьым и фIагъыр къыщынэIуэнур. Шэч хэмылъу, мы Iуэхур щэхуу къызэбгъэпэщу, сабийхэм я тыгъэхэр яхуэдгуэшыж хъунут. Ауэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр къыщIедгъэблэгъами щхьэусыгъуэ иIэщ. Дэ дыхуейщ мыпхуэдэ псапэ Iуэху пщIэ зэрыхъунур ялъэгъуну, дэIэпыкъуэгъу хъуну хуейхэм къахэхъуэн папщIэ. ЗэрыфщIэщи, адыгэхэми балъкъэрхэми ижь-ижьыж лъандэрэ хабзэу къыддокIуэкI хуэныкъуэм зыщIэгъэкъуэнымрэ гъунэгъум дэIэпыкъунымрэ. Дыщогугъ дяпэкIи абы дытетыну».
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтыр
Къарей Элинэ трихащ.