И IэщIагъэм хуэIэижьт![]() Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и Шэрэдж район къудамэм и лэжьакIуэхэм гуапэу ирагъэжьэжащ зигъэпсэхуну IэнатIэм пэрыкIыж, судхэр щекIуэкIкIэ ягъэува хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ суд пристав нэхъыщIэ Бадзэ Заур. Шэрэдж къудамэм лэжьэн щыщIидзащ абы 2000 гъэм. И лэжьыгъэфIым папщIэ къыхуагъэфэщащ «Къулыкъур зэрырихьэкIам папщIэ» медалым и II, III нагъыщэхэр, «ФССП-м и ветеран» медалыр, апхуэдэуи Урысей ФССП-м, КъБР-м щиIэ къудамэм я фIыщIэ тхылъхэр.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









