ПсынщIэу икIи зыхуей хуэзэу

Республикэ клиникэ сымаджэщым медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ и къудамэщIэм и ухуэныгъэхэр и кIэм ноблагъэ. Мы IэнатIэм Iэмал къаритынущ цIыхухэм икIэ­щIыпIэкIэ зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэр ягъуэтынымкIэ лэжьыгъэр зэтеублауэ егъэкIуэкIынымкIэ, узыфэ зэхуэмыдэхэр зиIэ сымаджэхэм псынщIэу медицинэ Iуэхут­хьэбзэр зыхуей хуэзэу зы щIыпIэм щахуэщIэнымкIэ.

Метр зэбгъузэнатIэу метр мин 1,2-м щIигъу къудамэщIэм зэпыгъэщхьэхукIа щIыпIэхэр иIэнущ. «Удзыфэр» хухэхауэ щытынущ езыр-езыру IуэхущIапIэм къекIуэлIахэм. Абы хэтынущ регистратурэр, чэзум щыпэплъэ плIа­нэпэр, сымаджэхэм щеплъ, сымаджэр адэкIэ здагъэкIуэну къудамэр щызэхагъэкI пэшхэр. «Гъуэжьыр» «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ» къа­шахэм ейщ. Абы гъуэлъыпIи 10 щIэтынущ, сы­маджэр сыхьэт 72-м нэблагъэкIэ щIэлъ ­хъууэ. КъищынэмыщIауэ, ар къызэгъэпэщауэ щытынущ УЗИ, рентген, КТ IэмэпсымэхэмкIэ. «Плъыжьым» ирашэлIэнущ сымаджэ хьэлъэ­хэмрэ пIэщIэгъуэкIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэ хуэныкъуэхэмрэ. Абы иIэнущ терапиемкIэ палатэ, гъуэлъыпIи 6 щIэту. Апхуэдэу а Iыхьэр диагностикэ пэшхэмрэ реанимацэмрэ псын­щIэу зэрызыпащIэнум хуэгъэпсауэ щы­ты­нущ. 
IэнатIэм щхьэхуэу хэтынущ уIэгъэхэр щапхэ, операцэ щащI, травматологие, эндоскопие пэшхэр. Абыхэм я фIыгъэкIэ, зэманыр ямы­гъэкIуэду сымаджэм пIэщIэгъуэкIэ зы­хуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэр абдеж щраты­фынущ. УхуэныгъэщIэр IуэхущIапIэм и къудамитIым щхьэ зытелъ зэпрыкIыпIэкIэ пыщIауэ зэрыщытынум Iэмал къаритынущ дакъикъэ бжыгъэм сымаджэр здынэшэсыпхъэм нагъэсынымкIэ.
Республикэ клиникэ сымаджэщым медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ и къудамэщIэм и щытыкIэр зэраубзыхуам арэзы ­къищIащ Павлов П. П. и цIэр зезыхьэ, Санкт-Петербург дэт япэ медицинэ къэрал университетым медицинэ дэIэпыкъуэгъу псын­щIэм­рэ хи­рургиемкIэ и кафедрэм и профессор Теплов Вадим. Абы и нэIэ щIэтщ къэралым щау­хуэ апхуэдэ къудамэхэр. Профессорым къы­хигъэщащ пIэщIэгъуэкIэ медицинэ дэIэ­пыкъуныгъэр цIыхухэм ятыным теухуауэ къыхалъхьа мыпхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр япэу IэнатIэм къыщызыгъэсэбэпахэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрахэтыр.
Тхьэхущынэ Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.04.2026 - 09:03

Куэдым хащIыкI

КъБКъУ-м Жылагъуэ жэрдэмхэмкIэ и пэшым иджыблагъэ щекIуэкIащ ­«Хабзэ хъуа псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэ­хэр: сыт дызэкъуэзыгъэувэр?» зэп­сэ­лъэныгъэр.

15.04.2026 - 09:03

Лъэпкъыр, бзэр, щэнхабзэр япэ изыгъэщ

Театрым, кином, щэнхабзэм зэрыщыту хухэха махуэхэм журналистхэр ди гуа­пэу датотхыхь а IэнатIэм пэрытхэм, цIыху гъащIэр, къэ­ралыр, псэукIэр нэхъ зыгъэбжьыфIэ, зыгъэдахэ цIыху цIэрыIуэхэм.

15.04.2026 - 09:03

Гъунапкъэншэ зэпсэлъэныгъэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр иджыблагъэ студентхэм яIущIащ.

14.04.2026 - 15:59

Театр лэжьакIуэхэм я пшыхь гуапэ

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэр (СТД) илъэси 150-рэ, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр илъэс

14.04.2026 - 09:12

«Гупсысэм и къарур»

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ узэщIакIуэ, егъэджэныгъэ пэхуэщIэ купщIафIэ илъэс зыбжанэ лъандэрэ щрагъэкIуэкI ди къэралым.  «Вагъуэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм къы­зэригъэпэщ, УФ-м Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и федер