Дыдейхэр утыку къранэркъым

«Дыдейхэр утыку къиднэркъым-2.0» пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Нартан къуажэм и еджапIэ-интернат №5-м нэщанэ еуэным хуэщIа и пэшым щызэпеуащ дзэ Iуэху хэхам, зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм я ветеранхэр, абыхэм я унагъуэ­хэм щыщхэр, ветеран, щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэр, нэгъуэщIхэри. Зэхьэзэхуэр СВО-м хэкIуэдахэм я фэеплъу щытащ, и судья нэхъыщхьэр Цоков Тимурланщ.
Нэщанэ еуэхэм я зэпеуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, япэ увыпIэр къихьащ ­КъБР-м и Парламентым и депутат, Афганистаным щызэ­уахэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкIа дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм хэтахэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Тхьэгъэлэдж Тимур. ЕтIуанэ хъуащ Афганистаным щызэуахэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкIа дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм хэтахэм я зэгухьэныгъэм и ревизор Жансуев Елдар. Ещанэ увыпIэр иубыдащ Нартан къуажэ администрацэм и унафэщI ­Хьэ­хъупащIэ Анзор.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2025 гъэм бадзэуэгъуэм щегъэжьауэ «Дыдейхэр утыку къиднэркъым-2.0» пэхуэщIэр республикэм щагъэзащIэ КъБР-м Жылагъуэ Iуэхухэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ и министерствэм и субсидие ахъшэмкIэ. 
АЛБЕРДЫКЪУЭ Iэмин.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.