Херсон щIыналъэм къикIахэм ядогуашэ

Мы махуэхэм ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIэщ Херсон областым щыщ IэщIагъэлI гуп. Аруан районым и администрацэм и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Голопристанскэ районым къикIа IэщIагъэлIхэр щIыналъэм щыкIэлъоплъ, зыщыхуагъасэ Iуэху зехьэкIэ мардэхэм, ди щIыпIэм лэжьыгъэхэр зэрыщызэфIах технологиехэм щы­гъуазэ зыхуащIу. Iуэхум хэт лъэны­къуитIым я дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ а лэжьыгъэм и тегъэщIапIэщ КъБР-м и             Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыпIэ уна­фэщI­хэм абы ехьэлIауэ пщэ-рылъ ящи­щIа Iуэхугъуэхэр. 

Херсон областым къикIа IэщIагъэлIи 6-р щхьэхуэу ирагъэбыдылIащ администрацэм и ­къулыкъущIэхэм. Ахэр я нэIэм щIэтщ Аруан район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэхэмрэ Iэ­натIэм и къудамэхэм я унафэщIхэмрэ. Къинэ­мыщIауэ, администрацэм и унэм абыхэм щыхухахащ лэжьыгъэхэм кIэлъыплIыну Iэмал щаIэну щIыпIэхэр, зызыхуагъэсэну я мурад унэ­тIыныгъэхэм хуэщIа программэхэри хуит хуащIащ. 
Гъунэгъу щIыналъэм къикIа IэщIагъэлIхэр ди щIыпIэм тхьэмахуэкIэ щыIэнущ. А зэманым къриу­быдэу ахэр Аруан         район администрацэм щекIуэкI Iуэху зехьэкIэм кIэлъыплъыну къудейкъым, атIэ езыхэми ябгъэдэлъ зэфIэкIхэмкIэ ­бы­сымхэм ядэгуэшэнущ - лэжьыгъэ мардэхэмкIэ зэхъуэжэнущ. А псори сэбэпышхуэ хъунущ щIыналъэхэм я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр нэ­хъри гъэбыдэнымкIэ. Iуэхум хэт IэщIагъэлIхэм я Iэзагъымрэ щIэныгъэмри нэхъри хагъэхъуэнущ, шэч хэмылъу. 
- Махуэ зыбжанэкIэ екIуэкIыну лэжьыгъэхэр куп­щIафIэу, хьэлэмэту, лъэныкъуитIым ди дежкIи гукъинэжу зэрыщытынур хьэкъщ. ХьэщIэхэр гуапэу къедгъэблэгъащ икIи лэжьыгъэфIхэр зэ­рызэфIэдгъэкIы-ным дыхуэхьэзырщ псори, - жиIащ Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит. - ХьэщIэ зи щIасэ ­кав­каз щIыналъэм, ди республикэм зэры­щыIэну махуэ зыбжанэр Iуэхугъуэ зэмы­лIэужьыгъуэ куэдкIэ гъэнщIауэ иредгъэ­-хьэ­кIыну ди мурадщ гъунэгъу щIыпIэм къикIа IэщIагъэлIхэм. 
Лэжьыгъэм ехьэлIа Iуэху щхьэпэхэм къа­дэкIуэу хьэщIэхэр щыгъуазэ хуащIынущ Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм и щIы­уэпс дахэм, щэнхабзэ къулейм, ерыскъы къэуатхэм. ЗэрытраухуамкIэ, ди республикэм и Аруан район администрацэмрэ Херсон областым хыхьэ Голопристанскэ районым и администрацэмрэ зэрызэдэлэжьэнумкIэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэнущ, абы ехьэлIа къэрал дэфтэрхэми Iэ щIадзынущ. 
КЪАРДЭН Маритэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.11.2026 - 09:08

Урыс щэнхабзэм зэкъуегъэувэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм мы махуэхэм щызэхэта «Урыс лъэпкъ тхы­дэмрэ щэнхабзэмрэ тхъу­мэу» еплIанэ фестивалым зэхуишэсащ республикэм щыпсэу лъэпкъ псоми я лIыкIуэхэр.

19.11.2026 - 09:01

Къэбым и махуэшхуэм зэхуишэсахэр

­Налшык и Къэбэрдей уэ­рамым и лъэс зекIуапIэм иджыблагъэ ще­кIуэкIащ Къэ­бым и фестиваль.

19.11.2026 - 08:59

Ныбжьэгъугъэ уджым зэдыхэтахэр

Пятигорск къалэм дэт 2-нэ курыт еджапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Ныбжьэгъугъэ удж: щэнхабзэхэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я махуэ» зыфIаща дауэдапщэр. А еджапIэм щIэсщ лъэпкъ зыбжанэм щыщ цIыкIухэр.

18.11.2026 - 09:03

Бэм я гум дыхьа усакIуэт

Кулиев Къайсын и цIэр ­зе­зыхьэ балъкъэр къэрал дра­мэ тестрым щагъэ­лъэ­пIащ ­КъБАССР-м и цIыхубэ усакIуэ Геттуев Максим къы­зэралъ­ху­рэ илъэси 110-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Тхы­лъыр фIыуэ зы­лъаг

18.11.2026 - 09:03

ЗэIущIэ щхьэпэ

Май районым и прокурор ТекIушэ Рустам щIыпIэм и ЩIалэгъуалэ центрым ныбжьыщIэхэм щахуэзащ.