Ленэ и сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр

Налшык и «Малахитовая шкатулка» арт-галереем щагъэлъагъуэ «Бабуль, привет! Я скучаю!» выставкэр. Абы ­хагъэхьащ Романовская Ленэ и лэжьыгъэхэр.

КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ жиIащ хабзэ дахэ хъуауэ художникхэр къыщалъхуа махуэр я галереем зэрыщагъэлъапIэр. Ар Романовская Ленэ ехъуэхъуащ и махуэм ирихьэлIэу и выставкэ къызэрызэIуахамкIэ. 
И лэжьыгъэхэм я гугъу щищIым, Романовская Ленэ жиIащ и IэдакъэщIэкIхэр нэхъыбэу нэхъыжьхэм зэрахуигъэзар, дунейм ехыжа и адэшхуэ-анэшхуэм фэеплъ яхуищIа сурэтхэри гъэлъэгъэныгъэм зэрыхигъэхьар. Абы игу къигъэкIыжащ и анэшхуэр щыпсэу къуажэ пхыдзам жэщищ-махуищ гъуэгуанэ зэпачурэ лъагъунлъагъу гъэ къэс мафIэгукIэ кIуэуэ зэрыщытар. Илъэс куэд дэкIауэ, иджы дыдэ Ленэ а щIыпIэм тригъэзащ. Выставкэм хигъэхьащ и благъэхэм, Iыхьлыхэм захуигъэза нэужь, ­кърата дэрэжэгъуэм къыпэкIуа лэжьыгъэ щхъуэкIэплъыкIэхэр щызэхуихьэса плIанэпи.
Гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэлIахэм къыхагъэщащ Ленэ и сурэтхэм еплъхэм гукъыдэж къызэрыратыр, зэрагъэгупсысэр, ар зэрыцIыху гуапэр, хьэл-щэныфIэр. Къэпсэлъахэр Романовскэм ехъуэхъуащ дяпэкIи и лэжьыгъэ плъыфэбэхэмкIэ къахуэупсэну, гъуазджэм щиIэ зэфIэкIхэм хигъэхъуэну. 
Ленэ фIыщIэ яхуищIащ и ещанэ гъэлъэгъуэныгъэм зы­кърезыгъэхьэлIахэм, псалъэ гуапэхэр къыхужызыIахэм. 

БЖЬЫХЬЭЛI Розэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.