Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгу

ЕсэнтIыгу къалэм и тхыдэ-лъахэхутэ музейм, Шпаковский Владимир и цIэр зезыхьэм, щагъэлъагъуэ «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгу» выставкэр. Абы щызэхуахьэсащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Дзэгъэл Iэуес и лэжьыгъэхэр.

Дзэгъэлыр ди республикэм и мы­закъуэу, гъунэгъу щIыналъэхэми фIы­уэ къыщацIыху сурэтыщIщ, ар илъэс къэс гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэм ирагъэблагъэ. НэхъапэIуэкIи утыку кърахьащ мы выставкэр. Ар и щы­хьэтщ сурэтыщIым зэфIэкI, и лэжьыгъэхэм щIэупщIэ зэраIэм. Кавказым и щIыналъэхэм зи сурэтхэр щызыгъэ­лъагъуэ художникым абы хигъэхьащ иужьрей илъэсхэм и Iэдакъэ къы­щIэ­кIа лэжьыгъэщIэхэри. Гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIеубыдэ сурэт 35-рэ. 
Дзэгъэлым зэрыжиIэмкIэ, и лэ­жьэгъу, и ныбжьэгъу куэдым я IэдакъэщIэкIхэр ЕсэнтIыгу и тхыдэ-лъахэхутэ музейм и утыку ирахьащ. Грознэ къалэм Iэуес и выставкэ щыщекIуэкIым, музейм и унафэщI Корчевнэ Аллэ абы и лэжьыгъэхэр я Iуэху­щIа­пIэми щыщагъэлъэгъуэну къы­щриIуэкIым, арэзы хъуащ. 
Дзэгъэл Iэуес ехъуэхъуну гъэлъэ­гъуэныгъэм зыкърагъэхьэлIащ Владикавказ, Москва, Кисловодск, Минводы, ЕсэнтIыгу, Налшык, Пятигорск, Ставрополь щыщ и ныбжьэгъухэмрэ лэжьэгъухэмрэ. Абыхэм ящыщт ­КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Къа­ныкъуэ Жаннэ, сурэтыщIхэу Зеленская Юля, Дарчиевэ Алёнэ, Рубец Александр, Кулешов Сергей, Ветров Виталий сымэ. Абыхэм Iэуес псалъэ гуапэ куэд хужаIащ сурэтыщIым зэ­рызиужьым, и щIэныгъэм зэрыхи­гъахъуэ зэпытым, щIыуэпсым хуиIэ бгъэдыхьэкIэм, хьэл-щэныфIхэр зэ­ры­далъагъум, нэгъуэщIхэми ятеу­хуауэ. Къэпсэлъахэм ягу къагъэкIыжащ Iэуес къызэрацIыхуауэ щытар, я зэныбжьэгъугъэм зэрыригушхуэри щIагъужащ.
Къаныкъуэ Жаннэ Дзэгъэлым и лэжьыгъэ дахэхэм, плъыфэбэхэм папщIэ фIыщIэ ин хуищIащ.
Сурэтхэм щыболъагъу ди щIыналъэм и щIыуэпс къулейр, псыежэххэр, бгы уардэхэр, гъэм и зэманхэм дунейм и щытыкIэм къыдэкIуэ зэхъуэ­кIыныгъэхэр. Шэшэным щыщ художник Закриев Магомед Iэуес иригъэблагъащ «Колесо», «Кавказский маршрут» зэгухьэныгъэхэм икIи абы лъандэрэ гъэм и дэтхэнэ зэманми Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысей Ипщэмрэ я щIыпIэ нэхъ дахэхэм лэжьыгъэ гъэ­щIэгъуэнхэр щищIыну Iэмал иIэщ.
Дзэгъэл Iэуес Владикавказ къы­щиухащ художественнэ училищэр, 2012 гъэм щыщIэдзауэ Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Мы зэманым абы щрегъаджэ Къулъкъужын къуажэм ГъуазджэхэмкIэ и ­сабий художественнэ школ Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэм. Арткомитетым Сочэ къалэм гъэ къэс къы­щы­зэригъэпэщ лъэпкъыбэ зэ­пеуэм и къэпщытакIуэ гупми и уна­фэщIщ ар. Художникым и лэжьыгъэ­хэр Ады­-гейм, Шэшэным, Абхъазым я музейхэм ­щахъумэ. Апхуэдэу абы и IэдакъэщIэкIхэм дихьэххэу Урысейм, Тыркум, Куржым, Сирием, нэгъуэщI щIы­пIэхэм щыпсэухэм зэхуахьэс. 

ТЕКIУЖЬ  Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ

08.08.2026 - 12:45

Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр

«КъБР-м и Муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм (АСМО) и прав­ленэм и зэIущIэ дыгъуасэ екIуэкIащ.

08.08.2026 - 12:44

АдыгэщIым и макъыр зэхыдох

«Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къызэригъэпэщауэ, ЩIалэгъуалэм я унэм (Налшык дэ­тым) ХьэIупэ ДжэбрэIил и пшыхь щызэхэтыну хъыбар къы­щысIэрыхьам сыщыгуфIы­кIат.

08.08.2026 - 11:38

ГупсэфыпIэ афэхъугъ

Зи Хэкужъ къэзыгъэзэжьыгъэм и Мафэ ипэгъокIэу Шам (Сирием) ит къалэу Дамаскэ къикIыжьыгъэ Цэй Нарминэ тихьакIэщ къе­дгъэблэгъагъ, адыгэ чIыгум иунагъо псэукIэу щыриIэм зыщыдгъэгъозагъ.

07.08.2026 - 14:35

Яхъумэ, зыщIагъакъуэ

«Адыгэ псалъэ» газетым къытедгъэзэж-дриплъэжурэ дыщытопсэлъыхь ди республикэм и Къущ­хьэхъум ит Iэщыхъуэхэм я Iуэху зытетым.