«Нэмысым» и сабий насыпыфIэхэр

Ди республикэм и къалащхьэ Налшык ныбжьыщIэхэм я узыншагъэр щызэфIагъэувэжу дэт «Нэмыс» IуэхущIапIэм иджыблагъэ зэIущIэ хьэ­лэ­мэт щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщат КъБР-м ЩIыналъэм Iуэхухэр щызегъэкIуэнымкIэ и цент­рым (ЦУР), республикэм Сабийм и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэ Бэдракъ Iэминэрэ «Зодчий» архитектурэмкIэ сабий школымрэ и ­гъусэу. 

- Сабиигъуэр цIыхум и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэманщ, сыту жыпIэмэ а лъэхъэнэращ и къэкIуэнум лъабжьэ хуэхъунур абы щигъэтIылъыр, - Iуэхугъуэм тепсэлъыхьу жеIэ ЦУР-м и унафэщI КIэдыкIуей ­Мадинэ. - Дэтхэнэ сабийри хуэныкъуэщ IэфIагъ, гуа­пагъ, хуабагъ, лъагъуныгъэ, къыщалъхуа щIыпIэмрэ къыщыхъумрэ емылъытауэ. Дэ, балигъхэм, ди къалэнщ ди сабий псори зыхуей хуэдгъэзэну, набдзэгубдзаплъэу дахущытыну, ахэр фIыуэ зэрытлъагъур гурэ псэкIэ зыхедгъэщIэну. Дызыхэт Iуэхугъуэри аращ зыхуэгъэпсар: сабийхэм я гукъыдэжыр къэ­тIэ­тыну, я гум дэрэжэгъуэ къыщыдгъэушыну, яхудиIэ гурыщIэ къабзэр зыхедгъэщIэну. 
ИпэжыпIэкIэ, апхуэдэу къызэгъэпэща хъуат махуэщIыр. АрхитектурэмкIэ сабий еджапIэм и IэщIагъэлIхэм ныбжьыщIэхэр ирагъэсащ унэхэм, къалэ­хэм я проектхэр ящIыфу. Архитектор ныбжьыщIэу зызылъытэжа сабийхэм я лэжьыгъэхэр хьэлэмэт ­защIэт. Абыхэм щыплъагъурт ахэр зыщIэхъуэпс псэупIэ унэхэм, щыджэгуну уэрамхэм я сурэт гъэщIэгъуэнхэр. 
- «Нэмыс» сабий центрым и гъэсэнхэр кIэлъыдгъэплъащ проект лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрытщIым. ИужькIэ псоми зэгъусэу «духуащ» унэ екIухэмкIэ зэхэт къалэшхуэр, зыгъэпсэхупIэхэр, нэгузегъэужьыпIэхэр, еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр и куэду, - жеIэ «Зодчий» сабий школым и унафэщI Ксанаевэ Валерие. - Длэжьам сабийхэми балигъхэми ­гукъыдэжышхуэ къыдитащ. ЦIыкIухэм я нэгу зэIуха­хэр, насып къызыщIих нэхэр плъагъуну куэд и уасэт. 
Апхуэдэу ЦУР-м и IэщIагъэлIхэм ныбжьыщIэхэр ­хуагъэсащ видеороликхэр трахыфу, я лэжьыгъэхэр хъыбархэр щызэбгрыкI Интернетым иралъхьэрэ ягъэ­лъэгъуэфу. А псоми гукъыдэж къезыта ныбжьы­щIэхэм папщIэ джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр ягъэ­лъэгъуащ, зэпеуэхэр къызэрагъэпэщащ, уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ ягъэзэщIащ. 
ЗэIущIэм и кIэухыу, абы хэта дэтхэнэ ныбжьыщIэми IэфIыкIэхэр зэрылъ хъуржын цIыкIухэр, саугъэт хьэ­лэмэтхэр тыгъэ хуащIащ. Шэч хэлъкъым а махуэр сабийхэм гукъинэж IэфIу куэдрэ къазэрыдекIуэ­кIынум. «Нэмысым» и гъэсэнхэм насып яхуэзыгуэшахэми я псапэр куэд ухъу. Апхуэдэхэм я Iуэху зехьэкIэр нэгъуэщIхэми щапхъэфI яхурехъу! 

Тамбий  Линэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.07.2026 - 09:03

Пэжыр зи гъуазэм насыпыр и гъуэгущ

КъШР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Даур Борис Индрис и къуэм и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ. Ар Хьэ­бэз адыгэ къуажэм къыщалъхуащ.

15.07.2026 - 09:03

Республикэм и гъуэгухэр къепщытэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Каз­бек дыгъуасэ щыгъуазэ зи­щIащ республикэм гъуэгу­хэр щызэгъэ­пэщыжыным хуэгъэзауэ щекIуэкI лэ­жьыгъэхэм ящыщ зыбжанэм.

14.07.2026 - 15:59

Тыншу икIи дахэу

«ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «ТыншыпIэм хуэщIа къалэ къызэгъэпэщын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, Бахъсэн районым ­хыхьэ ПсыкIэху къуажэм и цIыху зэхуэ­сыпIэ­хэр сыт и лъэн

14.07.2026 - 09:02

Москварэ Налшыкрэ я зэпыщIэныгъэр

«Налшык и курорт щIыпIэм щыIэ «Ан­тарес» сабий егъэджэныгъэ центрыр щIэблэм я щIэныгъэм, гъэсэныгъэм щыхагъахъуэ, апхуэдэуи зыщагъэпсэху IуэхущIапIэщ.

14.07.2026 - 08:57

Удэзыхьэхщ IэпщIэлъапщIэхэм я IэщIагъэр

ЦIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэ­рырикъур иджыблагъэ ягъэлъэпIащ. Ар ирихьэ­лIащ ЦIыхубэ IэщIагъэ­хэм я урысейпсо махуэм.