НэхъыщIэхэри нэхъыжьхэри зэпоуэ

Физкультурникым и махуэр ягъэлъапIэу, Налшык къалэм и «КАИССА» шахматымкIэ еджапIэм зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ шахматым дихьэх балигъхэмрэ сабийхэмрэ, псори зэхэту I20-рэ икIи шахматымкIэ яIэ разрядхэмрэ рейтингым щаIыгъ увыпIэхэмрэ ятещIыхьауэ гуп-гупу ягуэшауэ щытащ. 

ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщахьащ Щомахуэ Резуан, Чылар Динур, Темрокъуэ Амир, Шэрий Камеллэ, Чылар Умар, Абаевэ Тамилэ, Къул Къантемыр, Рехвиашвили Эллэ, Аджаматовэ Аидэ, Темрокъуэ Темыр, КIыщ Идар сымэ.
ЕтIуанэ хъуащ Текуев Эмир, Григорян Вазген, Мамбэт Амир, Бахъсэн ФатIимэ, Дэбагъуэ Данияр, Рехвиашвили Эвелинэ, Иттиев Ибрэхьим, Балъкъэр Дамир, Ногеровэ Малика, ХьэтIэхъу Адис, Тау Владимир сымэ.
Нартокъуэ Вячеслав, Нэгумэ Аскэр, Къармокъуэ ???Ясинэ, Урысмамбэт Раметэ, Иттиев Умар, Теркъул Уэсмэн, Ерыстау Амир, Джангуразов Алий, Бозиев Омар сымэ ещанэ увыпIэр къахьащ.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм щIыхь тхылъхэр, медалхэр, ахъшэ саугъэтхэр иратащ. 
 

ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.06.2026 - 09:11

ЯгъэткIиинущ кIэлъыплъыныгъэр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ Пятигорск ­къалэм щригъэкIуэкIащ КИФЩI-м ­хабзэр къызэпауду мылъку щы­зэ­Iэпызыххэм

11.06.2026 - 09:10

Урысей Федерацэм и цIыхуу ущытыныр пщIэшхуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 26-м дыгъуасэ Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Парламентым щратащ.

10.06.2026 - 15:37

ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ

Тэрч щIыналъэм хиубыдэ Дей – Акъбащ Ипщэ – Терекскэ автомобиль гъуэгум щыщ Iыхьэр, Белоглинскэ къуажэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.

10.06.2026 - 09:03

И лъахэгъухэр егъэгушхуэ

Тырныауз къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зэрихьэу дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъэпIащ тхьэмахуитI ипэ­кIэ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дыщэ медаль ещанэу къы­щызыхьа Локьяев Жамболэт.

10.06.2026 - 09:03

Унагъуэхэм я дэIэпыкъуныгъэщIэ

2026 гъэм мэкъуауэ­гъуэм и 1-м щегъэжьауэ уна­гъуэхэм зэрызыщIа­гъа­къуэ IэмалыщIэ къыхалъ­хьащ. Ар тещIыхьащ ла­жьэу IэнатIэ Iут, сабиитI е нэхъыбэ зиIэ адэ-анэхэм.