Адыгэ дунейщ сыщыпсэур

СурэтыщIым илъагъу дунейр лъэныкъуэ IэджэкIэ гъэщIэгъуэнщ: къызэрыгуэкIыу гу зылъумытэн дахагъэ куэд елъагъу, ахэр абы къепсэлъа фIэкIа умыщIэну, щIагъыбзэ гуэрхэри хэлъу теплъэгъуэ щхъуэкIэплъыкIэхэм щызэрегъэпэщыж. Апхуэдэу IэщIагъэм гурэ псэкIэ бгъэдэт сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэми зы псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэн хуабагъ гуэри яхэлъщ, удахьэхыу, узыбгъэдамыгъэкIыжу, къаIуэтэну зыхуейр къыуагъэлъыхъуэу. Зи гугъу тщIы малъхъэдис къарум ещхь яхэлъщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и сурэтыщI Жылэ Анатолэ и сурэтхэми: нэхъыжьхэм я жыIэкIэ тщIынщи, ахэр мэIуатэ, сурэтыщIым и нитIым ялъэгъуари жаIэжу, езыхэм жаIэну зыхуеяри абы къыдагъакIуэу.
Иджыблагъэ Мейкъуапэ къыщызэIуахащ Жылэ Анатолэ и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Адыгэ Хэкум и щыхьэрым дэт, КъуэкIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм я гъуазджэмкIэ къэрал музейм Кавказ Ищхъэрэм щиIэ щIыналъэ къудамэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща Iуэхугъуэ дахэм кърихьэлIахэр сурэтхэр щахэплъэм, гур къызэщIэзыIэтэ псалъащхьэ хуащIащ, псом япэ ар къыхыумыгъэщынкIэ Iэмал имыIэу: «Жылэ Анатолэ и сурэтхэр адыгэбзэкIэ мэпсалъэри…»
Абы щхьэусыгъуи иIэщ. Жылэр цIыхубэм зэрацIыхур зыми емыщхь хъэтI зиIэж сурэтыщI гъэщIэгъуэнущ. Абы ищI сурэтхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу зытриухуэр адыгэ гъащIэращ, ахэр лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэмрэ дуней лъагъукIэмкIи псыхьащ. Сурэт щIынымкIэ IэщIагъэ зэзыгъэгъуэта Жылэ Анатолэ Акъбащ Ипщэ (Астемырей) къуажэм 1953 гъэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, ар Къэрэшей-Шэрджэсым ЕгъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр институтым сурэт щIынымрэ графикэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. Еджэн щыщIидза илъэсхэм къыщегъэжьауэ СурэтыщIхэм я Зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща хэгъэгупсо, къэралпсо икIи дунейпсо мыхьэнэ зиIэ сурэт гъэлъэгъуэныгъэ куэдым Жылэр хэтащ, и зэфIэкIхэм я лъэныкъуэ куэд цIыхубэми IэщIагъэрылажьэхэми я пащхьэ ирилъхьащ. МащIэми куэдми, Жылэ Анатолэ и IэдакъэщIэкIхэр сурэт гъэлъэгъуэныгъэ 50-м хэтащ, абы щыщу тхур езым къызэригъэпэщащ. Илъэс куэд щIауэ Жылэр мольберт IэмалхэмкIэ сурэт щIыным хэтщ, апхуэдэу ар щолажьэ тхылъ графикэм, театр икIи телевидением щытрах джэгу теплъэгъуэхэр зыхуэныкъуэ сурэтхэр щIынми и гуащIэ хелъхьэ. Сыт хуэдиз лэжьыгъэ къимыIэтми, Жылэр хуэпэжщ къызыхэкIа лъэпкъым и жьауэм и лэжьыгъэхэр щIигъэтыну, абыхэм еплъхэм ар зей лъэпкъыр къызэрацIыху нэщэнэхэмкIэ иузэдыну. Ар зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъыми, Мейкъуапэ гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIахэм абы гу лъатащ…
НэгъуэщI зы Iуэхугъуэми и гугъу щIыпхъэщ. Жылэ Анатолэ и гъащIэм щIыпIэшхуэ щеубыд егъэджэныгъэми. Илъэс 20-м щIигъукIэ ар сабий студием щылэжьащ, гъуазджэмкIэ лекцэхэм къеджэу. Абыхэм я IыхьэфIыр сурэтыщIым къызэрызэригъэпэщыр адыгэбзэт – анэдэлъхубзэмкIэ гупсысэ цIыхум и IэщIагъэм иIэнкIэ хъуну къарур зыхуэдизыр щIэблэм захригъащIэрт. Щэнхабзэр къэзыгъэщIа лъэпкъым и бзэкIэ псэлъэн зэрыхуейр Жылэм хьэкъ ящищIырт «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ гупым щадэлэжьами.
И дуней лъагъукIэр къызыхэкI Iуэхугъуэхэр щызэпкърихыу Жылэм тхыгъэ куэд иIэщ, и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэсауэ сурэт зэужьищ къыдигъэкIащ. Абыхэм я щхьэхуэныгъэ нэхъыщхьэм и гугъу пщIымэ, адыгэ тхыдэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ ущымыгъуазэу, дунейпсо икIи урыс щэнхабзэр зэхэпщIыкIынкIэ, уи къуэпсхэм сыту хуэдизу жыжьэу задзми зыхыумыгъэкIауэ, нэгъуэщIым и лъабжьэ къыпхуэтIэщIынкIэ Iэмал зэримыIэрщ. Гъуазджэхутэхэм куэд щIащ гу зэрылъатэрэ Жылэм и IэдакъэщIэкIхэр щIагъыбзэ зыщIэлъ дамыгъэхэмкIэ зэрыгъэнщIар, ищI сурэтыр лъэныкъуэ куэдкIэ зэпкърыумыплъхьмэ, къиIуэтэну зыхэта куэд зэрыпIэщIэкIынур, теплъэгъуэхэр сыт хуэдизу зэщIэкъуауэ щымытми, купщIэшхуэ якIуэцIылъу зэрыщытыр, дэтхэнэ и зы сурэтми и лъащIэм нэс уехын хуейуэ зэрыгъэпсар. Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, Жылэм и гъуазджэр адыгэ щэнхабзэ дунейм къыпызыщэ, езыр зыхапIыкIыу анэ быдзышэм хуэдэу зыщIиша щыIэныгъэщ. Ар къыумылъытауэ, Жылэр къыбгурыIуэнкIи Iэмал иIэкъым.
Мейкъуапэ къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэлIахэм Iэмал яIащ адыгэ щэнхабзэм и къэIуэтэкIэ щIэщыгъуэм сурэткIэ щIэдэIун, адыгэхэм я блэкIа гъащIэмрэ иджырей дунеймрэ зэзыпх къуэпсхэм къуэж зиIэнумрэ хэкIуэдэжынкIэ хъунумрэ ехьэлIа и гупсысэхэр теплъэгъуэхэм къыхагъуэтэн. «ДызыхущыIэр сыт? ДыздэкIуэр дэнэ? Дыкъыщыушынур дапщэщ?» – жаIэ хуэдэщ Жылэм и сурэтхэм.
Зи гъэлъэгъуэныгъэр къызэIузых Жылэ Анатолэ утыку ирихьэ пэхуэщIэм теухуауэ къыщыпсалъэм, адыгэ дунейр зэрыщыпсэур къыхэщу, и IэдакъэщIэкIхэм гугъапIи хъуэпсапIи зэрырипхыр къыхигъэщащ.
– Мейкъуапэ гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIухыным теухуа гупсысэхэр илъэс ипэкIэ зэпцIу хуежьащ. 2023 гъэм КъБР-м и Лъэпкъ музейм си IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIат. Абы щыгъуэ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ чэнджэщ къызитат си сурэтхэр Мейкъуапэ щызгъэлъагъуэмэ, фIы зэрыхъунур. Арэзы сыхъуат, арщхьэкIэ мы гъэлъэгъуэныгъэм илъэсым щIигъукIэ зыхуэзгъэхьэзырын хуей хъуащ – и гъэпсыкIэр зыхуэдэным, лэжьыгъэщIэхэр зэрыхэзухуэнэным, сурэтхэр зы гупсысэкIэ зэшэлIа зэрыхъуным сегупсысырт. ИкIэм-икIэжым, си гуращэхэр зэхэзухуэна нэужь, сыкъыщежьам нэхърэ сыкъызыхуэкIуар нэхъ гугъуу зэхэлъ хъуащ: гъэлъэгъуэныгъэм сурэт 25-рэ графикэ лэжьыгъэу 55-рэ къызэщIиубыдащ. Сэ нэхъыбэу живописым хэт сурэтыщIу зыкъэслъытэжырт, ар пэхуэщIэ зэмылIэужьыгъуэхэми щызгъэлъагъуэрт. Лэжьыгъэм хузиIэ бгъэдыхьэкIэм къыхэкIыу, языныкъуэ гупсысэхэр иджыри къыздэсым си щхьэм илъщ, дунейм къытехьакъым. Графикэм и гугъу пщIымэ, абы литературэ тхыгъэхэр згъэщIэрэщIэну срагъэблагъэурэ, хузиIэ еплъыкIэхэм заужьащ, ауэрэ сыдахьэхащ. ЖыIэн хуейщ, графикэм изгъэзэгъа сурэтхэр тхылъым мыкIуами, ящыщ зыбжанэ мольберт IэмалхэмкIэ сщIы сурэтхэм зэрыхуэзгъэкIуар. Сэ дапщэщи литературэм сыдихьэхырт, хэхауэ лъэпкъ гуэрым ей мыхъуу, цIыхум и зыузэщIыныгъэм хуэгъэпса щэнхабзэм теухуауэ щытхэм сызыIэпашэрт. Апхуэдэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, «ЛIэщIыгъуэм фIэхъус есхыжу» («Прощание с веком») зыфIэсща графикэ зэужьыр. Абы хыхьащ Бещтокъуэ Хьэбас и усэхэм яхуэсщIа сурэт 33-р. Бещтокъуэм и усыгъэм гъунапкъэ иIэкъым, сыт хуэдэ лъэпкъ цIыхур къыхэмыкIами, гъащIэ гъуэмылэ хуэхъуну къэуат ящIэлъщ. Егъэлеяуэ сыдихьэхат Лохвицкэ Михаил и тхылъитIым – «Уафэгъуагъуэ макъ» романымрэ «Тхьэхэм къалъыхъуэр» повестымрэ. СфIэфIу селэжьащ Къэзанокъуэ Жэбагъырэ Конфуцийрэ я Iущыгъэхэм тесщIыкIа графикэхэм. А лIы IущитIым я зэхуакум илъэс минитIым щIигъу дэлъ пэтми, къащIэна гъэсэпэтхыдэхэр зэподжэж, адыгэ щэнхабзэр дунейпсо щэнхабзэхэм ябгъурыбгъэувэ зэрыхъунум и шэсыпIэ иувэу. 2024 гъэр зэрыщыту Данте и «Тхьэ гушыIэхэр» («Божественная комедия») тхыгъэшхуэм графикэ сурэтхэр хуэсщIу екIуэкIащ. Пэжыр жысIэнщи, текстым сыкъыгуэмыкIыу щытакъым – тхыгъэм и лIыхъужьхэм адыгэ фащэ ящыстIэгъащ: ар си еплъыкIэт, си лъагъукIэт. Графикэ тхылъымпIэхэр зэрыщыту хьэзырщ, мы гъэм утыку къисхьэну сыщогугъ, ауэ абыхэм ящыщу 12-р Мейкъуапэ къэсшащ. Арыххэуи, Лохвицкэм и тхыгъитIым сурэт блырыбл, Данте – сурэт 12, Бещтокъуэм – сурэт 30 графикэу яхуэсщIащ. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, ахэр зэщIожьыуэ, зым къиIуатэм адрейм къыпищэу зэгъунэгъущ, зы графикэ джэгу къагъэщI. Къыхэзгъэщыну сыхуейт Къэбэрдей-Балъкъэрым щалъэгъуауэ мы Iуэхугъуэм «Закъуэныгъэ», «Джылахъстэней», «ПсыикIыж», «ШейтIан удж», «Щэху хужь» зыфIэсща сурэтхэри къызэрыхэслъхьар. Апхуэдэу зэи жызмыIами, си ныбжьыр къыздэсам сызэплъэкIыжу къызэпысча гъуэгуанэм кърикIуахэр къэспщытэжыну хуитыныгъэ сиIэу къысщохъу – мы зи цIэ къисIуахэм а Iэмалыр къызат. Си лэжьыгъэр къызэщIэскъуэжмэ, къыхэзгъэщыну сыхуейт сэ сыкъыщыхъуа унагъуэм урысыбзэ зэрыщыземыкIуар, апхуэдэу щыт пэтми, цIыхум сахыхьэмэ, къысщхьэпэжыну жаIэу урыс еджапIэ сызэрыратар. ИтIанэми, си гупсысэкIэм и лъащIэм адыгэ дуней лъагъукIэр щызэгъат, си лъэпкъым и философием и пкъыгъуэхэм увыIэпIэ щагъуэтат. Ахэр къыздэпсэуащ, си гъащIэ гъуэгуанэм сыщабгынэ къэмыхъуу сщIыгъуащ. Апхуэдэ Iуэхухэм хуэсакъын, «лъэпкъымэ» къызыпих сыт хуэдэ зы къэхъугъэми гулъытэ хэха хуэщIын хуейщ. Хуабжьу сыщогугъ илъэс Iэджэ лъандэрэ сызыщIэта лъэщапIэм щезгъэкIуэкIа лэжьыгъэр лъэужьыншэ мыхъуну, си IэдакъэщIэкIхэм ящIэслъхьа купщIэр зыхуэзгъэзахэм зэхащIыкIыну, хуабагърэ лъагъуныгъэрэ зыхэслъа сурэтхэм я макъыр зэи имыкIыну, – жиIащ Жылэ Анатолэ.
Лъэпкъыр дапщэщи жылэ цIыху хуэныкъуэщ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, акъыл зиIэр, зэхэщIыкI зыбгъэдэлъыр, пщэдейрей махуэхэм плъэр ди мащIэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, цIыхум хуабагъ, лъэпкъым гузыхэщIэ гуэр къалъыхъуэ. Дунейр щыIэхуи, ахэр къалъыхъуэнущ, сыту жыпIэмэ узэхэзыщIыкIым и гур къыпхуигъэзащи, уегъэхуабэ, щыIэныгъэм къихь закъуэныгъэмрэ щIыIэмрэ уащехъумэ. Жылэ Анатолэ и IэдакъэщIэкIхэр зэрыщыту апхуэдэщ – гугъапIэ къыуат, узэримызакъуэнумкIэ, сыт щыгъуи «ууейм» уазэрыхэтынумкIэ фIэщхъуныгъэ къыпхалъхьэ. 2025 гъэм шыщхьэуIум и 25 пщIондэ екIуэкIыну гъэлъэгъуэныгъэр Жылэ Анатоли адыгэ лъэпкъми махуэ яхуэхъуну ди гуапэщ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2025 - 09:03

Дерс щхьэпэхэр ирагъэкIуэкI

ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и курыт школхэм мы зэманым щокIуэкI гъуэгу хабзэхэр гъэзэщIэным, лъэс­ры­зекIуэм и шынагъуэншагъэр ­хъу-

13.11.2025 - 09:03

Фэеплъ здэщымыIэм цIыхугъэ щыIэкъым

Омск областым хыхьэ Тарэ рай­оным икIуэда ди лъэпкъэгъухэм - адыгэхэмрэ абазэхэмрэ - я фэеп­лъым пщIэ зэрыхуащIым и щы­хьэту, иджыблагъэ щIыпIэ жыжьэм щы­Iащ ди лэжьэгъу, «Черкес хэку» газетым и ре

13.11.2025 - 09:03

Я щIэныгъэр къапщытэж

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм епщIанэу ще­кIуэкIащ «Этнографие диктанткIэ» зэджэ Ду­нейп­со щIэныгъэ-узэ­щIа­кIуэ Iуэхугъуэшхуэр.

13.11.2025 - 09:03

Хабзэхъумэхэм я махуэшхуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм и щIыхькIэ. 

12.11.2025 - 15:59

И щхьэпагъыр наIуэ ящI

Узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн зэрамыдэм къишэ гугъуехьхэм теухуа зэIущIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.