ТхакIуэ, зэдзэкIакIуэ цIэрыIуэ Вовчок Маркэ (и цIэ дыдэр Велинская Мариещ) и фэеплъ махуэм (ар зытрагъахуэр дунейм щехыжа шыщхьэуIум и 10-рщ) ирихьэлIэу абы и унэ-музейм и пщIантIэм фэеплъ зэIущIэ щрагъэкIуэкIащ. Ар къызэIуихащ икIи бзылъхугъэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ кIэщIу тепсэлъыхьащ КъБР-м и Лъэпкъ музейм и къудамэ мы IуэхущIапIэм и унафэщI Лэжьэрей Энессэ.
- Велинская Марие дунейм зэрехыжрэ нобэ илъэси 118-рэ ирокъу. Орлов губернием и Екатерининскэ къуажэм 1833 гъэм къыщалъхуа бзылъхугъэм и ныбжьыр илъэс 72-рэ хъурт Налшык псэупIэ щыхуэхъуам. Зы илъэс закъуэщ (1906 - 1907) тхакIуэ бзылъхугъэр мы щIыпIэм зэрыщыпсэуар, ауэ а пIалъэр мащIэми и фэеплъыр ди цIыхухэм я гум къинащ, и лъапсэр хэмыкIуэдэжу, пщIэ хуащIу нобэр къыздэсым дохъумэ, налшыкдэсхэри, абы и хьэщIэхэри, зыплъыхьакIуэхэри щыгъуазэ дощI абы и гъащIэм, и гуащIэм, и Iуэтэжхэм, таурыхъхэм. И зэдзэкIыгъэ гъэщIэгъуэнхэм ящыщщ Жуюль Верн и IэдакъэщIэкIыу урысыбзэм къригъэзэгъахэр (ахэр пщыкIутху мэхъу), Дарвин Чарльз и «Происхождение человека»-р. Шэч хэлъкъым ахэр урыс лъэпкъ литературэм и гъэтIылъыгъэу зэрыщытым.
Бзылъхугъэ Iущыр, губзыгъэр, куэд зыщIэ цIыхур хэдыкIым хуэIэкIуэлъакIуэу зэрыщытам и дамыгъэу пщIантIэм къыщызэIуахащ цIыхухэр узыншэнымкIэ «Анна» валеологие клубым хэтхэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. ХэдыкIхэм къадэкIуэу, лэжьыгъэхэм яхэтщ тхылъымпIэм, къазыцым къыхэщIыкIахэр. Жыпхъэхэр зэрыщIэщыгъуэр наIуэ пщащIу, ахэр къызэхуэсахэм яфIэгъэщIэгъуэнащ.
АдэкIэ Энессэ псалъэ иритащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм ПсэуныгъэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ, физкультурэмрэ спортымкIэ и комиссэм и унафэщI, ди республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я Къэбэрдей-Балъкъэр зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье. Ар гуапэу тепсэлъыхьащ Вовчок Маркэ, абы и дунеймрэ и гуащIэмрэ гулъытэу игъуэтам. Апхуэдэуи къыхигъэщащ илъэсищэм щIигъуауэ абы и фэеплъыр ди щIыналъэм и къалащхьэм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэм зэрыщахъумэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я псэ къабзагъэм, къытхэмытыжми, зи лъагъуэ нэху гъащIэм къыхэзына цIыхур зыщыбгъэгъупщэ зэрымыхъунур фIыуэ къазэрыгурыIуэм зэрищыхьэт наIуэр.
- Зы илъэс фIэкIа щымыпсэунуми, Велинскэр мыбы къэзышар къару нэрымылъагъу гуэрт, и фэеплъыр хуэсакъыу зэрыщахъумэнур псэкIэ ищIэми ярейуэ, - жиIащ Наталье. - Мы и унэм и пщIантIэращ ар щыщIалъхьэжари. Дунейм зэрехыжрэ лIэщIыгъуэм щIигъу дэкIами, ди республикэм щыхуосакъ абы и щIэиным, пщIэ щыхуащI и сыным, и кхъащхьэр щахъумэ. ЦIыхухэр щызэблокI, и гъащIэм, и псэукIам, и IэдакъэщIэкIхэм щыгъуазэ зыщыхуащI. Языныкъуэм и дежхэми согупсыс: апхуэдэ къару мы лъапсэм къезытыр и кхъащхьэр зэрыдэтыр арауэ пIэрэ жысIэу.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Пермь щIыналъэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и эпидемиолог нэхъыщхьэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Семериков Владислав, продюсер Марыщ Розеттэ сымэ. КърихьэлIа дэтхэнэми, къэпсэлъапIэр хуит зыхуащIахэми жаIэн зэраIэм къыдэкIуэу, ахэр зыщымыгъуазэ гуэрхэри къащIащ. Нобэр къыздэсым тхакIуэм и гъащIэм, и лэжьыгъэм теухуахэр къахутэ, иджыри абы ехьэлIа лэжьыгъэ мымащIэ щIэблэм къазэрыпэщылъым шэч хэлъкъым.
Къызэхуэсахэр дихьэхауэ едэIуащ Вовчок Маркэ и Iуэтэжхэм Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я Къэбэрдей-Балъкъэр зэгухьэныгъэм хэтхэр къызэреджэм. ИужькIэ абы и таурыхъхэм къытращIыкIа теплъэгъуэ цIыкIухэри ягъэлъэгъуащ.
блий Даянэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.