СурэтыщI, дизайнер икIи егъэджакIуэ Аккизов Чэрим и ныбжьыр илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу къызэригъэпэщ зэIущIэхэм я ещанэр, «Насквозь» зыфIищар, Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрыхъум и цIэр зезы-хьэ паркым ит пэшым къыщызэIуахащ. Адрейхэр бадзэуэгъуэ мазэм и кIэ лъандэрэ зыр лъэсу ущызекIуэ Къэбэрдей уэрамым и деж, адрейр («Связанные истории» зи фIэщыгъэр) СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щызэхэтщ, цIыхухэм я гукъыдэжыр къаIэту.
Дэнэ щIыпIэ щыIэми, зыми хэмыгъуащэ и хъэтIымкIэ, и гупсысэ шэщIамкIэ, ар нэрылъагъу къызэрытщищIу бгъэдэлъ зэчиймкIэ къыбоцIыху Чэрим и гуащIэр. Живопись, графикэ, инсталляцэ жыпхъэхэр Чэрим къызэригъэсэбэпыр сурэтыщI Iэмал къудейуэкъым, атIэ и гупсысэр къызэщIикъуэнымкIэ хэкIыпIэщ. Ар зыхущIэкъур зэпымыууэ щIэ лъыхъуэнырщ, ахэр зэпкърыхынырщ, зыми ямылъагъу гуэрхэм гу лъытэнырщ, дунейм къыщыхъу щIэщыгъуэхэр къэгъэсэбэпынырщ. Зы жыпхъэмрэ зы Iэмалымрэ тетыну хущIэкъуркъым Аккизовыр, зыщIэдэIур и псэм и макъырщ.
СурэтыщIым и гъащIэ гъуэгуанэм - графикэ пасэм щегъэжьауэ инсталляцэ къэхутэныгъэхэм я деж щыщIэкIыжу - дризыгъаплъэ IэдакъэщIэкIхэмкIэ абы и лэжьыгъэр къызэщIикъуэжу аракъым. Зэпымыууэ щIэ гуэр лъыхъуэ зэпыт сурэтыщIым езым, и гупсысэхэм зэрызахъуэжым теухуа хъыбарщ абыхэм къытхуаIуатэр. ЖыпIэнурамэ, къызэтемыувыIэу зи гъуэгу зыкIу цIыхум и псэм къилъыхъуэрщ, дэтхэнэ зы лэжьыгъэри къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэущ, армыхъумэ зыгуэрми и кIэухкъым.
Гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIеубыдэ жыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэр - графикэмрэ живописымрэ, коллажымрэ инсталляцэмрэ. Чэрим и арт-проектыр абы еплъхэм щэхуу зэрепсалъэ Iэмалщ, дэтхэнэ зыми езым и псэм пэгъунэгъур къыщигъуэтыфыну. СурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр гурыIуэгъуейуэ пхужыIэнукъым, ауэ ахэр нэсу зыхэпщIэн папщIэ гъуазджэ щIэныгъэ гуэр узэриIэн хуейми шэч хэлъкъым. ЗэрыжаIэу, егъэхыгъуейми - гъэткIугъуафIэщ. Аккизовым и гуащIэр зыцIыхухэр пхыкIащ абы - и хъэтI къэцIыхугъуафIэми, и лэжьыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъу гушыIэми, яфIищхэм къахэщ щхъуэкIэплъыкIагъэми есэжахэщ. «Гъуэгу» зи фIэщыгъэ сурэтым къыщыгъэлъэгъуар аркъудейрами, абдежым щиухыркъым - тхылъымпIэм къытокIри, пэшым метр бжыгъэкIэ кIуэцIрокI. «Къалэ къуажэхьыр»-щэ?! Бзаджагъэ къызыщIих нэхэр, гуфIэ къызытещ Iупэхэр - сурэтыщIым къиубыдар хъыбар жызыIэжым и нэгу, хьэмэрэ абы едаIуэра хэгупсысыхьар?!
- ЦIыхур фIым къыхубоджэ, дахагъэм къыхубогъэуш, нэгъуэщI зыми емыщхьу. Сыхуейщ уи нэхэм зэралъагъум хуэдэу, ди щIыналъэм и гъуазджэ курых Налшык къалэр хъуну, - къыхигъэщащ къыщыпсалъэм Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ.
Къызэхуэсахэм, и лэжьыгъэхэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэм фIыщIэ яхуищIащ Чэрим. «Си илъэс 50-р къэзгъэщIамрэ схузэфIэкIамрэ къыщызэщIэскъуэж пIалъэкъым, атIэ щIэ сыпэзыгъаплъэщ. Ар къыщызгурыIуар зэман гуэр дэкIа иужькIэщ. ЯпэщIыкIэ шынагъуэщ, ауэ иужькIэ зыхыбощIэ а щIэр куэдрэ зэрекIуэкIыфынур».
ЩIэщыгъуэ къэбгъэщIу, щымыIам щхьэусыгъуэ уахуэхъуу дяпэкIи улэжьэну, цIыхухэр бгъэгуфIэну ди гуапэщ, Чэрим!
ИСТЭПАН Залинэ.