ЦIыху куэд щызэблокI

2025 гъэм и мазиблым къриубыдэу Налшык къалэм и аэропортым цIыху 102031-рэ щызэблэкIащ. Нэгъабэ и щIы­шылэм - бадзэуэгъуэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 10-кIэ нэхъыбэщ ар. 

Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу ди аэропортым зыщаIэтащ е къыщетIысэ- хащ псори зэхэту кхъухьлъатэ 634-рэ, ари процент 16-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэрей ­бжыгъэхэм елъытауэ. А псор яхузэфIэкIащ пассажирхэм я терминалхэр иджырей мардэм зэрыхуагъэкIуам, цIыхухэр я ­рейсхэм пэплъэу зыщIэс пэшхэр нэхъ ин зэращIам, гъуэгугъэлъагъуэхэр къызэрыхагъэбелджылыкIам, цIыхухэм я хьэпшып­хэр къэпщытэным трагъэкIуадэ зэманыр нэхъ мащIэ зэрыхъуам, ныкъуэдыкъуэхэм зекIуапIэ щхьэхуэхэр зэрыхухахам я ­фIыгъэкIэ. 
Апхуэдэуи мыхьэнэ иIэщ маршрутхэм я куэдагъым къызэрыхагъэхъуам. Кхъухь­лъатэхэр иджыпсту Мэзкуу къалэм махуэ къэс мэлъатэ (Шереметьевэ, Внуковэ аэропортхэм щетIысэхыу). Сочэрэ Къэзан­рэ къалэхэм кIуэ рейсхэм я билет уасэм субсидиемкIэ щыIэ къэрал программэм ипкъ иткIэ хукIэрагъэху, абы и фIыгъэкIи, зэпэубыда хъуркъым. Билет уасэм и Iыхьэ ныкъуэр субсидие зэращI ахъшэр къэрал, щIыналъэ бюджетхэм къахокI. 
Мурад щыIэщ дызыхуэкIуэ илъэсхэм ­кхъухьлъатэхэр къыщытIыс, абыхэм зыщаIэт гъуэгур ирагъэфIэкIуэну, кхъухьлъатэ нэхъ хьэлъэхэр къыщытIысыфын, дунейм и щытыкIэри зэран яхуэмыхъуфын, маршрутхэм къыхагъэхъуэфын, цIыху нэхъыби щызэблэкIыфын хуэдэу. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ  Олег. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.