УФ-м и Хьэуэ-десант дзэхэр илъэс 95-рэ зэрырикъур ягъэлъапIэу, икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм я фэеплъу Нарткъалэ и «Iуащхьэмахуэ» спорт-техникэ клубым и картодромым картингымкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Афганистанымрэ зауэ операцэ щхьэхуэхэмрэ я ветеранхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм, «Iуащхьэмахуэ» клубым, Аруан щIыналъэ администрацэр къадэIэпыкъуу.
Зэхьэзэхуэр екIуэкIащ «ЛIыхъужьхэм я зэман» социальнэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Абы кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, щIыпIэ администрацэм, «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым, ветеранхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, ВДВ-м я ветеранхэр, кадетхэр, нэгъуэщIхэри.
КъБР-м и Парламентым и депутат, Афганистаным щызэуахэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкIа дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм хэтахэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Тхьэгъэлэдж Тимур къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ хабзэ хъуауэ щIыналъэхэм картингымкIэ илъэс къэс щызэхашэ я зи чэзу зэхьэзэхуэр къызэрызэIуахамкIэ икIи спортсменхэр къыхуриджэщ зэпеуэхэр гукъинэж ящIыну, нэхъ лъэщри утыкум щызэхагъэкIыну.
Аруан район администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Мер Рустам жиIащ щIалэгъуалэр спортымрэ физкультурэмрэ дегъэхьэхыным, узыншэу псэуным хуэунэтIа мыпхуэдэ зэIущIэхэр я гуапэу сыт щыгъуи зэрыдаIыгъыр.
Апхуэдэуи зэхьэзэхуэм кърихьэлIахэм ягу къагъэкIыжащ Хэкур яхъумэу зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, СВО-м хэкIуэдахэр икIи я щхьэхэр абыхэм хуагъэщхъащ.
Мыгъэрей зэIущIэ зэIухам команди 8 хэтащ, абыхэм ящыщу 4-р Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм къикIахэу. Зэпеуэхэр картингым и класс 11-мкIэ ирагъэкIуэкIащ икIи дэтхэнэми медаль комплектхэмрэ кубокхэмрэ щагъэджэ- гуащ.
Зэхьэзэхуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, гупхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Нарткъалэ и «Iуащхьэмахуэ» спорт-техникэ клубым. ЕтIуанэ хъуащ Бахъсэн щIыналъэм и «Джэдыкъуэ» командэр. Ещанэ увыпIэр ихьащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием и «Барс» клубым. Абыхэм псоми медалхэр, щIыхь тхылъхэр, кубокхэр иратащ.
АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.