Гукъинэж пшыхьым

«Агро-2025» фIэщыгъэр зэрихьэу Мэзкуу къалэм и «Тимирязев Центр» егъэджэныгъэ-гъэлъэгъуэныгъэ комплексым иджыблагъэ щекIуэкIа урысейпсо гуфIэгъуэ пшыхьым, еджапIэр къызэраухам и щIыхькIэ зэхашам, хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым мы гъэм къыщIигъэкIа, диплом плъыжьхэмкIэ ар къэзыухахэм я нэхъыфIих. 

КъБР-м и щIыхьыр абы щаIэтыну апхуэдэ пщIэ ягъуэтащ КъБКъМУ-м и факультет зэхуэмыдэхэм щеджа ДыщэкI Iэминэ, Гыззыев Iэдэм, Желтоноговэ Ксение, Мусукаев Магомед, КIуэкIуэ Темырлан, Соблыр Ахьмэд сымэ. 
«Фэ фыкъыхохьэ къэралым и экономикэм технологие ехьэжьахэр щыкуэд и IэнатIэм. Шэч къытесхьэркъым, фэ фщыщ дэтхэнэ зыми АПК-м щIэ гуэрхэр зэрыхилъхьэнум. Дэ абы икъукIэ дыпоплъэ. «КъэкIуэнур - ар фэращ!» къыхуеджэныгъэм щIэту йокIуэкI нобэрей пшыхьыр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, пэжри аращ, щIалэгъуалэр - ар ди къэкIуэнырщ. Сынывэхъуэхъуну сыхуейщ фи балигъ гъащIэр фи диплом плъыжьхэм хуэдэу зэщIэ­блэрэ купщIафIэу щытыну», - захуигъэзащ хьэщIэхэм УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ. 
Апхуэдэуи абы зэрыжиIамкIэ, къэралым и мэкъумэш еджапIэ нэхъыщхьэхэр къэзыуххэм я урысейпсо гуфIэгъуэ пшыхьыр дяпэкIэ илъэс къэс ирагъэ­кIуэкIынущ. 

НАУРЫЗОКЪУЭ  Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.